17.04.2024, 12:56 - Спорт

Урысейм иджырей пятиборьемкIэ пашэныгъэр къыщыхьыным хуэунэтIа зэхьэзэхуэ иджыблагъэ Киров къалэм щекIуэкIащ. Абы кърихьэлIащ къэралым и щIыналъэхэм ящыщу 13-м я спортсменхэр, я ныбжькIэ илъэс 17 - 18-м щIимыгъуауэ. Ахэр зэпеуащ а спорт лIэужьыгъуэм хыхьэу унэтIыныгъиплIымкIэ. 

17.04.2024, 12:54 - Спорт

Ставрополь крайм и Суворовскэ жылэм и «Урарту» спорт комплексым иджыблагъэ щекIуэкIащ Урысей Федерацэм и ЛIыхъужь Кулаков Роман и фэеплъ зэхьэзэхуэ. БоксымкIэ урысейпсо зэпеуэм хэтащ илъэс 13 - 14, 19 -20 зи ныбжь спортсменхэр.

17.04.2024, 12:53 - Жылагъуэ

УФ-м и Правительствэм и УнафэщIым и къуэдзэ Хуснуллин Марат иджыблагъэ иригъэкIуэкIащ «Урысеймрэ ислъам дунеймрэ: KazanForum» дунейпсо экономикэ зэхуэсым и къызэгъэпэщакIуэ комитетым и зэIущIэр. Абы щытепсэлъыхьащ ар зэрырагъэкIуэкIыну щIыкIэмрэ абы щхьэкIэ зэлэжьыпхъэхэмрэ.

17.04.2024, 12:45 - Жылагъуэ

2024 гъэм и япэ мазищым къриубыдэу Къэбэрдей-Балъкъэрым зыщызыплъыхьыну къэкIуа туристхэм я бжыгъэр мин 398-рэ хъуащ икIи ар процент 24,8-кIэ нэхъыбэщ къапщытэж лъэхъэнэм ирихьэлIэу нэгъабэ щыIа бжыгъэхэм нэхърэ. А зэманым ирихьэлIэу ди щIыналъэм и санаторэхэмрэ курортхэмрэ зыщагъэпсэхуащ цIыху мини 7-м щIигъум.

17.04.2024, 12:41 - Жылагъуэ

Мэлыжьыхьым и 5 - 9-хэм Анапэ къалэм щекIуэкIащ Урысей МВД-м IэпщэрыбанэмкIэ и чемпионат. Абы япэ увыпIэр къыщихьащ КъБР-м щыIэ МВД-м и гупым. 

17.04.2024, 11:48 - Махуэгъэпс

«Тхыдэ мыхьэнэ зиIэ щIыпIэхэр дывгъэхъумэ» къыхуеджэныгъэм щIэту а махуэр гъэ къэс гъэлъэпIэным теухуа унафэр 1982 гъэм ЮНЕСКО зэгухьэныгъэм Фэеплъхэмрэ щIыпIэ хьэлэмэтхэмрэ хъумэнымкIэ и дунейпсо советым и ассамблеем (ИКОМОС) къыщищтащ.

17.04.2024, 11:45 - Литературэ

КIэфыщхэрэ ЕщIэнокъуэхэрэ нэхъ лIыгъэ зиIэIуэрэ нэхъ зэфIэкI зиIэIуэрэ хэкум имысу апхуэдэти, лъэпкъитIыр, щIызэхуэхъуари ямыщIэжу, бий зэхуэхъуат.

15.04.2024, 17:00 - Спорт

Мэлыжьыхьым и 9 - 10-хэм Орёл къалэм щекIуэкIащ тэмэму зэхэзмыххэм я деж пашэныгъэр алыдж-урым бэнэкIэмкIэ къыщыхьыным хуэунэтIа зэхьэзэхуэ. Абы щызэпеуащ къэралым и щIыналъэхэм ящыщу 14-м я бэнакIуэ 70-м щIигъу, я ныбжькIэ илъэс 18 - 20-хэм къриубыдэу.

15.04.2024, 16:30 - Спорт

«Белая Ладья» фIэщыгъэр зэрихьэу Налшык къалэм иджыблагъэ щекIуэкIащ курыт еджапIэхэм я командэхэм шахматымкIэ я урысейпсо зэхьэзэхуэ зэIуха. Абы щызэпеуащ 2010 гъэм къалъхуа ныбжьыщIэхэмрэ нэхъыщIэжхэмрэ.

 

 

ЩЭНХАБЗЭ

Щэнхабзэ
06.10.2022 - 10:00 | 👁 35

Подробности...

Къафэм и дунейм

Адыгэ къафэм ипсыхьащ «Кабардинка» академическэ къэфакIуэ гупым илъэс куэд хъуауэ хэт Сокъур Мадинэ. Москва къэрал техникэ институтыр къиуха щхьэкIэ, абы зэи ирилэжьакъым.
Щэнхабзэ
05.10.2022 - 09:20 | 👁 34

Подробности...

Унэишэ цIыкIу

Иужь зэманым унэишэри щауэишыжри зэрагъэхьэлIэу зы пщыхьэщхьэм зэфIагъэкI зэрыхъурэ, унэишэ цIыкIур абы къыкIэлъыкIуэ махуэм ящIу къаублащ. Мыбы нэхъыбэу хэтыр бзылъхугъэщ.
Щэнхабзэ
04.10.2022 - 18:26 | 👁 22

Подробности...

Адыгэ жылэжьхэм дэлъа хабзэхэр

         Псом япэрауэ,  жыIапхъэщ  адыгэ къуажэхэр  псыежэххэм е псынэхэм  етIысылIэу зэрыщытар. Абы и лъэныкъуэкIэ  адыгэ къуажэ тIысыкIэр  адрей  лъэпкъхэм къащхьэщыкIыркъым.
Щэнхабзэ
04.10.2022 - 16:22 | 👁 27

Подробности...

ЗэIущIэ гъэщIэгъуэнхэм фрагъэблагъэ

         Жэпуэгъуэм и 3-6-хэм Налшык щекIуэкIынущ диплом спектаклхэм хухаха  «Старт в будущее» фестивалыр.
Щэнхабзэ
04.10.2022 - 12:28 | 👁 30

Подробности...

Адыгэ кхъэлэгъунэхэм пщIэ хуащIащ

Налшык къалэмрэ абы къедза жылагъуэхэмрэ я тхьэпщ пашэ Бобылев Валентин Мэзкуу дэт адыгэ кхъэлэгъунэхэм иджыблагъэ щыIащ, дунейм ехыжахэм яхуэфащэ пщIэри яхуищIащ.
Щэнхабзэ
04.10.2022 - 10:35 | 👁 28

Подробности...

Хэкум и макъхэр

Алътуд къуажэм щыщщ сабий дыдэу уэрэд жыIэн щIэзыдза, ар IэщIагъэ зыхуэхъужа Емзэгъ Руслан.
Щэнхабзэ
03.10.2022 - 15:59 | 👁 34

Подробности...

Ставрополь зыкъыщагъэлъагъуэ

Ставрополь щекIуэкIащ «На высоте» щIалэгъуалэ урысейпсо фестивалыр. Абы и лэжьыгъэм хэтащ цIыху 2500-рэ, Урысейм и щIыналъэ 67-м икIа волонтёрхэр къызэщIиубыдэу.
Щэнхабзэ
03.10.2022 - 10:00 | 👁 20

Подробности...

НыбжьыщIэхэм я гъуазджэ дунейм

Кавказ Ищхъэрэм гъуазджэхэмкIэ и институтым иджыблагъэ хъыбар къызэритамкIэ, 2022 гъэм жэпуэгъуэм и 3-6-хэм Налшык къалэ диплом лэжьыгъэу ягъэува спектаклхэм я гъэлъэгъуэныгъэ щекIуэкIынущ.
Щэнхабзэ
03.10.2022 - 09:34 | 👁 17

Подробности...

Лъэпкъым хуиIэ лъагъуныгъэр и гъуэгуанэм къытощ

Адыгэхэм лIэщIыгъуэ бжыгъэ хъуауэ къадэгъуэгурыкIуэ лъэпкъ фащэр, Iэпкълъэпкъыр зыгъэдахэ фэилъхьэгъуэ къудейкъым, ар ди лъэпкъым илъэс мин бжыгъэкIэ къизэуа и намысым, щIыхьым щыщ Iыхьэ гу
Щэнхабзэ
02.10.2022 - 10:00 | 👁 902

Подробности...

Сэ си фащэр адыгэ фащэщ

ФокIадэм и 28-р Адыгэ фащэм и ­махуэу зэрагъэуврэ илъэсипщI ирокъу. Абы ­лъандэрэ а Iуэхум лъэпкъ гъащIэм увыпIэ щхьэхуэ щеубыд.
Щэнхабзэ
30.09.2022 - 13:13 | 👁 25

Подробности...

Дахагъэмрэ гуапагъэмрэ я дуней

Сочэ къалэм щызэхуащIыжащ къэфакIуэхэм папщIэ къызэрагъэпэщ «Дахагъэмрэ гуапагъэмрэ дунейр кърагъэлынущ» XXI щIыналъэ зэхуаку олимпиадэр. Хабзэ зэрыхъуауэ, ар къызэригъэпэщащ Дунейпсо Арткомитетым.
Щэнхабзэ
30.09.2022 - 12:39 | 👁 67

Подробности...

Апхуэдэ къару зиIэр фащэрт

Къэбэрдей-Балъкъэрым лъэпкъ щэнхабзэм зыщезыгъэужьахэм я гугъу щытщIкIэ, Атэлыкъ унэцIэр абы гуэхыпIэ иIэкъым.
Щэнхабзэ
30.09.2022 - 10:30 | 👁 16

Подробности...

ЦIыхубэмрэ унафэщIхэмрэ я лъэмыж

Шурдым Мадинэ Бахъсэн районым хыхьэ Жэнхъуэтекъуэ къуажэм къыщалъхуащ. Курыт школыр къиуха нэужь, КъБКъУ-м ФилологиемкIэ и институтым урысыбзэмрэ урыс литературэмкIэ и къудамэм щеджащ.
Щэнхабзэ
29.09.2022 - 16:44 | 👁 33

Подробности...

Пшынэм и Гуащэ!

Пшынэ макъым гур егъэпIейтей, лъэр щIегъэкI… пшынэ макъым уегъэгупсысэ. Адыгэ пшынэр пшынауэ Iэзэм иIыгъмэ, гури псэри ихьэхуу егъэбзэрабзэ. БырмамытI Гуащэкъарэ пшынауэным къыхуигъэщIа хуэдэт.
Щэнхабзэ
29.09.2022 - 10:35 | 👁 24

Подробности...

СыткIи щапхъэ

Ижь-ижьыж зэман лъандэрэ адыгэхэм къадэгъуэгурыкIуэ хабзэ нэхъыщхьэхэм, нэхъыфI дыдэхэм ящыщщ нэхъыжьхэмрэ цIыхубзхэмрэ пщIэшхуэ зэрыхуащIыр, сабийм гулъытэ щхьэхуэ зэры­хуаIэр.
Щэнхабзэ
28.09.2022 - 17:55 | 👁 33

Подробности...

Кавказ пшыналъэхэм я махуэщI

ИлъэсипщI ирокъу «Кавказым и симфоние» зыфIаща щэнхабзэ пэхуэщIэр (проектыр) дунейм къызэрытехьэрэ. Лъэпкъ щэнхабзэмрэ гъуазджэмрэ хэлъхьэныгъэ дахэ хуэхъуа жэрдэмым ехьэлIа пресс-зэIущIэ Сэралъп...

Страницы

ОСТАЛЬНЫЕ РУБРИКИ

Махуэгъэпс
19.02.2024 - 12:35 | 👁 30

Подробности...

НОБЭ

Мазаем и 19, блыщхьэ Джейхэр хъумэным и дунейпсо махуэщ
Жылагъуэ
18.02.2024 - 14:46 | 👁 36

Подробности...

СтанцыщIэхэр яухуэ

Урысей Ипщэ энергетикэ системэм зыуэ щыт и диспетчер управленэм иджыблагъэ къызэритамкIэ, 2029 гъэм ­къриубыдэу Къэбэрдей-Балъкъэрым щаутIыпщынущ псы­кIэ лажьэ электростанц мыину т
Жылагъуэ
18.02.2024 - 12:47 | 👁 24

Подробности...

Ныкъусаныгъэхэри зэрагъэзэхуэжынущ

«ГъуэгуфI шынагъуэншэхэр» лъэпкъ проектым тету, Къэбэрдей-Балъкъэрым и Дзэлыкъуэ щIыналъэм хыхьэ Шордакъ къуажэм пхрыкI автомобиль зекIуапIэ нэхъыщхьэм щыщу километр 1,7-р къызыхуэтыншэу зэрагъэпэщ
Жылагъуэ
18.02.2024 - 11:18 | 👁 23

Подробности...

СыткIи дэIэпыкъуэгъу хъунущ

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм щылажьэ «Къуажэ ипотекэ» программэмкIэ унагъуэ 625-м республикэм и щIыналъэхэм, жылэхэм щIы къыщащэхуащ. Апхуэдэ ахъшэу сом зы мелард­рэ ныкъуэрэ итащ банкым.
Жылагъуэ
18.02.2024 - 09:00 | 👁 128

Подробности...

Куэдым ямыцIыху ди къуршхэр

Метр миниплI нэхърэ нэхъ лъагэу Урысейм бгы 72-рэ итщ. Абыхэм ящыщу 67-р Кавказ Иным, 2-р Алтайм, 3-р Камчаткэм щыIэщ. Кавказым хиу­быдэ бгыхэм ящыщу Къэ­бэрдей-Балъкъэрым и щIыналъэм хохьэ 16-р....
Жылагъуэ
17.02.2024 - 13:44 | 👁 20

Подробности...

Iуэхугъуэ зыбжанэм щыхэплъащ

КъБР-м и Правительствэм и УнафэщI Мусуков Алий Iуэхугъуэ зыбжанэм щыхэплъа зэIущIэ иригъэкIуэкIащ. 
Жылагъуэ
17.02.2024 - 11:18 | 👁 39

Подробности...

Уахътыншэ лIыгъэ

Налшык къалэм дэт Къэрал кино­концерт гъэлъэгъуапIэм щекIуэкIа зэхыхьэр теухуат Афганистаным советыдзэхэр къызэрырашыжрэ илъэс 35-рэ зэрырикъум. 
Жылагъуэ
17.02.2024 - 11:01 | 👁 223

Подробности...

ХъумапIэ банкым дзыхь хуащI

КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбекрэ «ХъумапIэ банк»-м и Ипщэ-­КъухьэпIэ къудамэм и унафэщI Песенников Анатолийрэ дяпэкIэ IуэхущIапIэмрэ ди республикэмрэ зэрызэдэлэжьэнур ща
ЗэIущIэхэр
17.02.2024 - 10:01 | 👁 407

Подробности...

ЛэжьакIуэ IэщIагъэхэм гулъытэ яIэнущ

КъБР-м и Парламентым ЕгъэджэныгъэмкIэ, щIэныгъэмрэ щIалэгъуалэм я IуэхухэмкIэ и комитетым и зэIущIэ иджыблагъэ щригъэкIуэкIащ Къэбэрдей-Балъкъэр гуманитар-техникэ кол­леджым. Абы щытепсэлъы­хьащ «...
Жылагъуэ
17.02.2024 - 09:00 | 👁 33

Подробности...

Хахуагъэрэ лIыгъэрэ къэзыгъэлъэгъуахэр

КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек хэтащ советыдзэхэр Афганистаным къызэрырашыжрэ илъэс 35-рэ зэрырикъум теухуа, абы хэкIуэда з­ауэлIхэр ягу къыщагъэкIыж зэIущIэм. 
Жылагъуэ
16.02.2024 - 17:50 | 👁 23

Подробности...

Ди лIыкIуэхэми я зэфIэкI ягъэлъагъуэ

Къэбэрдей-Балъкъэрым ерыскъымрэ ерыскъыхэкIхэмрэ елэжь и IуэхущIапIэ зыбжанэ хэтащ Мэзкуу къалэм мы махуэхэм щекIуэкIа «ПРОДЭКСПО 2024» 32-нэ дунейпсо гъэлъэгъуэныгъэм.
Политикэ
16.02.2024 - 16:00 | 👁 23

Подробности...

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Парламентым и Унафэ

  Урысей Федерацэм ЮстицэмкIэ и министертствэм Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм щиIэ къудамэм 2023 гъэм иригъэкIуэкIа лэжьыгъэм и IуэхукIэ
Жылагъуэ
16.02.2024 - 15:47 | 👁 35

Подробности...

Хущхъуэгъуэр щIыуэпсым хэлъщ

Илъэс мин бжыгъэкIэ цIыхур кIэлъыплъащ щIыуэпсым, къэкIыгъэхэм, удзхэм, ахэр цIыхум сэбэп е зэран зэрыхуэхъу щIыкIэм. Ауэрэ къэунэхуащ цIыхубэ медицинэ жыхуэтIэжыр.
Жылагъуэ
16.02.2024 - 14:50 | 👁 250

Подробности...

Афган зауэм теухуауэ

1979 гъэм и дыгъэгъазэм советыдзэр Афганистаным ихьащ, а къэралым и унафэщIхэм я лъэIукIэ.
Жылагъуэ
16.02.2024 - 13:44 | 👁 38

Подробности...

Дахэу гушыIэрт нэхъыжьыфIхэр

                    Хэтлъхьаи хэтхаи щымыIэу, дигу къыдогъэкIыж нэхъыжь Iумахуэхэм я гушыIэу зэхэтхахэм щыщ. Жэрдэм фщIырэ фэри къыпыфщэмэ, ди гуапэщ.            
Тхыдэ
16.02.2024 - 12:58 | 👁 71

Подробности...

Атаман щхьэщытхъум зэрыIущIар

Адыгэ хъыбарыжьхэри уэрэдхэри хуэфащэу траухуащ зи цIэр фIыкIэ тхыдэм къыхэна, Урыс-Кавказ зауэжьым лIыгъэшхуэ щызезыхьа Ажьджэр и къуэ Кушыкупщым (Ажджэрий Кушыку).

Страницы