23.04.2024, 19:01 - Жылагъуэ

Налшык къалэм и уэрамибл, псори зэхэту километри 8 я кIыгъагъыу, мы махуэхэм зэрагъэпэщыж. Лэжьыгъэхэм щоужьэрэкI Осетинскэ, Балкарскэ, Молодежнэ, ЕтIуанэ Таман дивизэм, Къэзанокъуэ Жэбагъы, Мусукаевым, Хъураным я цIэхэр зезыхьэ уэрамхэм. 

23.04.2024, 17:06 - Спорт

Налшык къалэм иджыблагъэ щекIуэкIащ дзюдомкIэ 27-нэ щIыналъэ зэхьэзэхуэ. Абы щызэпеуащ Къэбэрдей-Балъкъэрым, Ставрополь крайм, Осетие Ипщэмрэ Осетие Ищхъэрэ – Аланиемрэ я бэнакIуэу 100-м нэблагъэ, я ныбжькIэ илъэс 14-м щIимыгъуауэ. 

23.04.2024, 14:56 - Литературэ

1-нэ Iыхьэ Си анэ шыпхъур сымаджэщым кIуат, зригъэплъыну. Сэри къалэм сыщылажьэрти, ар къыщысщIэм, сыкIэлъыкIуащ, и закъуэ дыдэу анализ гъунэншэхэм яужь измыгъэтын папщIэ. КъызэрыщIэкIамкIи, и закъуэтэкъым – си анэр щIыгъут. Си япэ къищат. Сэрыншауи зэфIэкIынут Iуэхури, сыкъежьэжащ. 

23.04.2024, 12:52 - Жылагъуэ

21-нэ лIэщIыгъуэм зыужьыныгъэщIэхэр къытхуихьащ, абы къыдэкIуэуи, псом хуэмыдэу ныбжьыщIэхэр зыщыхъумапхъэ Iуэхугъуэхэри ди гъащIэм къыхихьащ. Абыхэм ящыщ зыщ компьютер Iэмалхэр къагъэсэбэпу ныбжьыщIэхэм яхуэгъэзауэ ялэжь щIэпхъаджагъэхэр. 

23.04.2024, 10:48 - Жылагъуэ

Мэлыжьыхьым и 12-м щегъэжьауэ Азау хуейм машинэ ирагъэхьэжынукъым. Абдеж щащIа гъэувыпIэр иджы дыдэ къызэIуахащ, машинэ 800 ихуэу. ДяпэкIэ зэрыхьзэрий щымыIэу лъэсырыкIуэхэм тыншу къыщакIухьынущ, машинэхэри щIыпIэ хэхам щагъэувынущ. Паркингым деж щыщIэдзауэ кIапсэ гъуэгухэм нэс цIыхухэр шаттлхэмкIэ яшэнущ. Ахэр дакъикъи I0 къэс зэ токI. 

20.04.2024, 10:52 - Жылагъуэ

Къэрал кIуэцI IуэхухэмкIэ органхэмрэ къэрал кIуэцIы­дзэхэмрэ я ветеранхэм я махуэм теухуа зэIущIэ гуапэ щекIуэкIащ Къэбэрдей-Балъкъэрым ОВД-мрэ ВВ-мрэ я ветеранхэм я советым. 

17.04.2024, 12:56 - Спорт

Урысейм иджырей пятиборьемкIэ пашэныгъэр къыщыхьыным хуэунэтIа зэхьэзэхуэ иджыблагъэ Киров къалэм щекIуэкIащ. Абы кърихьэлIащ къэралым и щIыналъэхэм ящыщу 13-м я спортсменхэр, я ныбжькIэ илъэс 17 - 18-м щIимыгъуауэ. Ахэр зэпеуащ а спорт лIэужьыгъуэм хыхьэу унэтIыныгъиплIымкIэ. 

 

 

ОСТАЛЬНЫЕ РУБРИКИ

Жылагъуэ
21.02.2022 - 17:55 | 👁 18

Подробности...

Иджыри куэдрэ ди япэ итыну

Урысей Федерацэм, ­Адыгейм гъуазджэхэмкIэ щIыхь зиIэ я лэжьакIуэ, Къэбэрдей-Балъкъэрым и цIыхубэ артист, УФ-м и Композиторхэм я союзым Шостаковичым и цIэр зэрихьэу ит саугъэтым и лауреат, К
Жылагъуэ
21.02.2022 - 17:30 | 👁 33

Подробности...

Къэбэрдей-Балъкъэрри ядэIэпыкъунущ

Къэбэрдей-Балъкъэрым гуманитар дэ­Iэ­пыкъуныгъэ яхуригъэшэнущ Донецк, Луганск цIыхубэ республикэхэм къиIэ­пхъукIыу Ростов щIыналъэм IэмалыншагъэкIэ къэкIуахэм.
Жылагъуэ
21.02.2022 - 17:00 | 👁 18

Подробности...

И макъыр дахэщ, и гур къабзэщ

Дахагъэ къэзыгъэщIыфIым и гур нэхущ. Апхуэдэщ гъуазджэм и цIыху пажэ, Къэбэрдей-Балъкъэрым, Урысей Федерацэм щIыхь зиIэ я артист Батыр Мухьэдин.
Политикэ
21.02.2022 - 16:16 | 👁 8

Подробности...

ЛъэужьыфIэ

Политик лъэщу, къулыкъущIэ пэжу, IэнатIэ зэхуэмыдэхэм ехъулIэныгъэфIхэр щаIэу лажьэ IэщIагъэлI цIэрыIуэу адыгэр зэрыгушхуэр мащIэкъым.
Тхыдэ
21.02.2022 - 15:54 | 👁 61

Подробности...

Испыхэмрэ абыхэм я унэхэмрэ

Испыхэр Нарт эпосым хэт цIыху цIыкIужьей лъэпкъыгъуэщ. Я цIыкIуагъым емылъытауэ испыхэр хуабжьу къарууфIэт, губзыгъэт, акъылышхуэ ябгъэдэлът, лIыгъэшхуэ яхэлът, пагэхэт. Щхьэхуитыныгъэр я нэрыгъыу,...
Спорт
21.02.2022 - 15:00 | 👁 32

Подробности...

Къэралым и ехъулIэныгъэхэм хегъахъуэ

XXIV ЩIымахуэ Олимп джэгухэу Пекин щекIуэкIар мазаем и 20-м гуфIэгъуэкIэ зэхуащIыжащ. Урысей Федерацэм и атлетхэм абы щызыIэрагъэхьащ дыщэ медалу 6, дыжьыну 12, домбеякъыу 14 - псори зэхэту медаль 32...
Махуэгъэпс
21.02.2022 - 13:00 | 👁 158

Подробности...

Мазаем и 21-р Анэдэлъхубзэм и дунейпсо махуэщ

ХъугъуэфIыгъуэ нэхъыщхьэ
Махуэгъэпс
21.02.2022 - 12:44 | 👁 11

Подробности...

Дунейм щыхъыбархэр

Нобэ ♦Анэдэлъхубзэм и дунейпсо махуэщ. ЮНЕСКО-м I999 гъэм къищта унафэм ипкъ иткIэ ягъэлъапIэ.
Жылагъуэ
21.02.2022 - 12:30 | 👁 23

Подробности...

Насыпыр зыгуэшхэр

Сабийм и гъащIэм егъэджакIуэм щиIэ мыхьэнэр къыпхуэмылъытэным хуэдизу инщ.
Спорт
20.02.2022 - 16:36 | 👁 16

Подробности...

ГуфIэгъуэри гуIэгъуэри зэпэжыжьэкъым

Пекин щекIуэкI ХХIV ЩIымахуэ Олимп джэгухэм Урысей Федерацэм и атлетхэм иджы­ри медаль зыбжанэ щы­зыIэрагъэ­хьащ. 
Махуэгъэпс
20.02.2022 - 15:33 | 👁 21

Подробности...

Гурылъыр къызэраIуатэ

Анэдэлъхубзэр анэ гумащIэм хуэдэщ. Анэдэлъхубзэр хущхъуэ пэлъытэщ. Бзэр гурылъыр къызэраIуатэ Iэмалщ.
Махуэгъэпс
20.02.2022 - 13:22 | 👁 25

Подробности...

Лъэпкъым и къарур зыхъумэ

«Зи бзэр фІыуэ зымылъа­гъум и Хэкум гулъытэ нэс хуиІэ­нукъым. Зи бзэр къы­зы­фІэ­мыІуэху цІыхур мы­гъа­сэщ.
Махуэгъэпс
20.02.2022 - 12:20 | 👁 28

Подробности...

Абы нэхъ IэфI щыIэ?

«Адыгэбзэр сыт щIэдджынур, Здынэсыр КъалэкIыхьырщ», - Ар ауану Iэджэм жаIэр, Мышыу псалъэм тIэкIу хэчыхьу.
Жылагъуэ
19.02.2022 - 16:56 | 👁 20

Подробности...

УнагъуэщIэхэм яхуэгъэза гулъытэ

Бахъсэн къалэм и администрацэм и унэм дыгъуасэ зэIущIэ гуапэ щекIуэкIащ. ЩIы­пIэм и унагъуэщIэ зыбжанэм абы щратыжащ соцальнэ дэIэпыкъуныгъэ къэралым къазэрыритым щыхьэт техъуэ дэфтэрхэр. А...
ЗэIущIэхэр
19.02.2022 - 14:54 | 👁 16

Подробности...

Лъэныкъуэ куэд къызэщIиубыдэу

Урысей Федерацэм и Къэрал Советым и комиссэм, Прави­тельствэм ЩIыналъэхэм зегъэужьыныгъэмкIэ и штабым, ­УФ-м Ухуэныгъэмрэ псэупIэ-коммунальнэ хозяйствэмкIэ и министерствэм и коллегием зэхэту...
ЗэIущIэхэр
19.02.2022 - 13:53 | 👁 14

Подробности...

Iэмалхэм зэдогупсыс

КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек Москва щыIущIащ бгъэIэпхъуэ мыхъу мылъкухэм ехьэлIа проектхэмрэ активхэмкIэ управленэм и унафэщI, «ВЭБ.

Страницы