10.07.2026, 15:07 - Жылагъуэ

ЩIэныгъэлIхэм планетэщIэ къызэIуахауэ, цIыхум и лъэр зэи здынэмыса икIи здынэмысыфыну уахэ жыжьэм къыщекIуэкI къэхъукъащIэхэм теухуауэ къэхутэныгъэ телъыджэхэм я хъыбар зэхыдох кIэщI-кIэщIурэ. Псоми яфIэгъэщIэгъуэнщ а псори астрономхэм къызэрахутэ щIыкIэр, къагъэсэбэп Iэмалхэр. Языныкъуэхэм а Iэмалхэр къазэрыгурымыIуэм къыхэкIыу, къэхутэныгъэхэми шэч къытрахьэ. Мы тхыгъэмкIэ фэдгъэцIыхунщ километр мелуан бжыгъэкIэ тпэжыжьэ планетэхэмрэ вагъуэбэхэмрэ я сурэт пэжхэр цIыхум къызэрыIэрыхьэ щIыкIэхэр.

09.07.2026, 15:32 - Жылагъуэ

КъБКъУ-м и Социальнэ-гуманитарнэ институтым урысыбзэмкIэ, хамэ къэралыбзэхэмрэ журналистикэмкIэ и кафедрэм и доцент Битокъу Маринэ Налшык и «Искож» хьэблэм Щэнхабзэ зыужьыныгъэмкIэ и центрым лекцэ къыщеджащ «Этнокод КБР» щэнхабзэ-узэщIыныгъэ Iуэхум хыхьэу. 

05.07.2026, 13:00 - Щэнхабзэ

Урысей Федерацэм и Театр лэжьакIуэхэм я зэгухьэныгъэр илъэси 150-рэ зэрырикъум, абы и Къэбэрдей-Балъкъэр къудамэр илъэс 85-рэ зэры­хъум я щIыхькIэ сурэтыщI гъуазджэхэмкIэ Ткаченкэ Андрей и цIэр зезыхьэ музейм щагъэлъагъуэ театр теплъэгъуэхэм хуащIа сурэтхэр. 1940 гъэхэм щегъэжьауэ ди респуб­ликэм щылэжьа театр сурэ­тыщIхэм я IэдакъэщIэкIхэр щызэхуахьэсащ музейм. Эс­кизхэр Урысей Федерацэм и Театр лэжьакIуэхэм я зэгу­хьэныгъэм и республикэ къудамэм и архивым къыхахащ. 

05.07.2026, 11:00 - Жылагъуэ

КъБР-м узыншагъэр хъумэнымкIэ и министр Къалэбатэ Рустам Бахъсэн районым хыхьэ Къулъкъужын Ипщэ къуажэм и амбулаторэм и лэжьыгъэр зэрекIуэкIым зыщигъэгъуэзащ. 

05.07.2026, 10:00 - Жылагъуэ

Ди республикэм иджыблагъэ щекIуэкIащ цIыхухэр лэжьапIэ гъэувынымкIэ урысейпсо жармыкIэм и федеральнэ Iыхьэр.

05.07.2026, 09:00 - ЗэIущIэхэр

Къэрал кIуэцI IуэхухэмкIэ министерствэу КъБР-м щыIэм щекIуэкIа брифингыр теухуат наркотикхэкIхэмрэ Iэщэрэ хабзэншагъэкIэ игъэ­кIыным пыщIа щIэпхъаджагъэхэр къэмыгъэхъу­ным, апхуэдэу ялэжьахэр къыщIэгъэщыным. 

04.07.2026, 13:00 - Жылагъуэ

ЦIыху гуащIафIэм, щхьэх зымыщIэм и Iэпкълъэпкъым сэкъат иIэми увыIэнукъым, сэбэп зэрыхъун Iэмал сытым дежи къилъыхъуэнущ. Псэ къабзагъэрэ гу щабагърэ зыхэлъыр сытми пэлъэщыфыну уи фIэщ ещI апхуэдэхэм. 

04.07.2026, 12:01 - Жылагъуэ

КъБР-м щыIэ МВД-м и лэжьакIуэхэмрэ ОВД-м и ветеранхэмрэ хэтащ Дзэ зэпэщIэ­тыныгъэхэм я ветеранхэм я махуэм теухуауэ екIуэкIа Iуэхухэм. 

04.07.2026, 10:23 - ЗэIущIэхэр

Къэбэрдей-Балъкъэрым ЦIыхухэм я хуиты­ныгъэхэр хъумэнымкIэ и уполномоченнэ Зумакулов Борис деж щыIэ Эксперт советым и зи чэзу зэIущIэ мэкъуауэгъуэм и 30-м КъБР-м и Правительствэм и Унэм щекIуэкIащ.

28.06.2026, 12:00 - Щэнхабзэ

Грознэ къалэм къыщызэ­Iуахащ Кавказ Ищхъэрэм, Урысей Ипщэм, Кърымым я лъэпкъ литературэхэм хухаха щIэн­Iуатэ. Ар къызэригъэпэщащ Урысейм и ТхакIуэхэм я зэгухьэныгъэм. ЩIыналъэ ­12-м я лIыкIуэхэр тепсэлъы­хьащ лъэпкъ литературэхэм, тхэн щIэзыдзагъащIэхэм ­хуащI гулъытэм, щIыналъэ­хэм я лъэпкъыбзэхэр литуратурэм зэрехъулIэм, щIэджы­кIа­кIуэ­хэр нэхъ зыдихьэххэм, нэ­гъуэщI Iуэхугъуэхэми. 

28.06.2026, 10:17 - Жылагъуэ

«Хэкум и хъумакIуэхэр» къэ­рал фондымрэ «ЩIэныгъэ» урысей зэгухьэныгъэмрэ ирагъэжьащ «Хэкум сыхуолажьэ» урысейпсо акцэр. Ар езыгъэ­кIуэкIыр дзэ Iуэху хэхам и ветеранхэмрэ зэуапIэ губгъуэм щыIэ сэлэтхэмрэщ. Акцэм ­къриубыдэу ирагъэкIуэкI Iуэхугъуэ псори «ЩIалэгъуалэмрэ сабийхэмрэ» лъэпкъ проектым ипкъ иткIэ къызэрагъэпэщ. Абы и мурад нэхъыщхьэр дзэ Iуэху хэхам и ветеранхэр щIалэгъуалэм ирагъэцIыхунырщ, пщIэ хуащIынырщ, езы лIы­хъужьхэри ущииныгъэ, гъэсэ­ныгъэ лэжьыгъэм хэшэнырщ.

28.06.2026, 09:00 - Жылагъуэ

Зыуэ щыта апхуэдэ къэралпсо къы­хуеджэныгъэм щIэту нобэ дэнэкIи щагъэлъапIэ Урысей щIалэгъуалэм я махуэр. Зэраубзыхуам тету, щIалэгъуалэ зэщIэхъееныгъэхэм, жылагъуэ зэгу­хьэныгъэхэм, къэралым и IуэхущIапIэ пэрытхэм утыкушхуэхэм ирахьэнущ щIэблэм адэкIи заужьынымкIэ IэмалыщIэхэр къыщыгъэлъэгъуа пэхуэ­щIэхэмрэ программэхэмрэ. Апхуэдэу дэнэкIи къыщызэрагъэпэщынущ щIэ­ныгъэ, егъэджэныгъэ, технологие, щэнхабзэ, творчествэ, хьэрычэт IэнатIэхэм щызыIэрагъэхьа ехъулIэныгъэщIэхэр хэIущIыIу щащI фестивалхэр, пшыхьхэр, нэгъуэщI зэхыхьэхэр. Къэралым и лъэпкъхэм я зэкъуэтыныгъэм и илъэсу ягъэува мы гъэм а псори хуэунэтIащ къэкIуэнур зей зи щIалэгъуэхэм ябгъэдэлъ зэфIэкIым, гупсысэм, дуней еплъыкIэм нэхъри зегъэужьыным, зегъэшэщIыным. 

27.06.2026, 09:15 - ЩIалэгъуэ

ЩIалэгъуалэм я махуэм ипэ къихуэу, ­КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек хуэзащ Къэбэрдей-Балъкъэрым и ЩIалэгъуалэ правительствэщIэм хэтхэм. 

26.06.2026, 16:42 - Жылагъуэ

«Россельхознадзор»-м и Къэбэрдей-Балъкъэр референт центрым иджыблагъэ щекIуэкIащ къэрал политикэм и лъэныкъуэ нэхъыщхьэхэр къызэщIэзыубыдэ, мыхьэнэшхуэ зиIэ зэIущIэ. Абы щытепсэлъыхьащ тхыдэм и пэжыр хъумэным, къэкIуэну щIэблэхэм я шынагъуэншагъэр къызэгъэпэщыным, нобэ Iэщэ яIыгъыу Хэкум и гъунапкъэхэр зыхъумэхэм зэрызыщIагъакъуэ Iэмалхэр гъэлъэщыным, нэгъуэщIхэми.

26.06.2026, 13:00 - Щэнхабзэ

Пасэм псэуахэм зэрыжаIауэ, «анэм и гъуапэр пхъум и пщампIэщ». Сабийм зыхилъхьэ хьэлыр балигъхэм ядилъагъумрэ жаIэу зэхихымрэщ жысIэмэ, сыщыуэну къыщIэкIынкъым. Зи гугъу фхуэсщIыну пщащэми, Нарткъалэ щыщ Къущхьэ Камилэ, къежьапIэ хуэхъуар и анэм бгъэдэлъ зэчийрщ.

25.06.2026, 19:30 - Жылагъуэ

Урысей ФСИН-м и Управленэу КъБР-м щыIэм и лэжьакIуэхэм дзэ Iуэху хэхам хэтхэр нэхъ зыхуэныкъуэхэр хурагъэшащ. 

                   

ОСТАЛЬНЫЕ РУБРИКИ

Жылагъуэ
09.07.2022 - 16:03 | 👁 39

Подробности...

Унагъуэм, лъагъуныгъэм, зэхуэпэжыныгъэм я махуэмкIэ КIуэкIуэ Казбек республикэм и цIыхухэм зэрехъуэхъур

ПщIэ зыхуэсщIхэу Къэбэрдей-Балъкъэрым щып­сэухэ! Си лъахэгъу лъапIэхэ!
Жылагъуэ
09.07.2022 - 14:01 | 👁 38

Подробности...

ГущIэгъумрэ хьэлэлагъымрэ

Бисмиллахьи Ррэхьмани Ррэхьим!
Жылагъуэ
09.07.2022 - 13:10 | 👁 43

Подробности...

ГъэшхэкIхэм къахэхъуэнущ

Налшык гъэш комбинатыр зэман гъунэгъум иужь ихьэнущ гъэшыр къыщыIах IуэхущIапIэщIэ иухуэным. Абы Iэмал къаритынущ шэуэ зы жэщ-махуэм къыщIагъэкI тонн 350-р тонн 900-м нагъэсыну.
ЗэIущIэхэр
09.07.2022 - 12:09 | 👁 20

Подробности...

Унафэхэм хоплъэж

КъБР-м и Правительствэм хэтхэм я зи чэзу зэIущIэ иригъэкIуэкIащ Мусуков Алий.
Жылагъуэ
09.07.2022 - 10:58 | 👁 85

Подробности...

Республикэм и Iэтащхьэм и махуэшхуэ хъуэхъу

Къэбэрдей-Балъкъэрым ис муслъымэнхэм ­Къурмэн махуэшхуэмкIэ си гуапэу ­сохъуэхъу.
Жылагъуэ
08.07.2022 - 17:39 | 👁 23

Подробности...

Къыпэплъэр зэIубзкъым

Узэфэ хъу псы зэрытхэм я инагъкIэ Викторие хыжьейр дунейм щыетIуанэщ. КъуэкIыпIэ Африкэм щыщу абы и Iуфэхэм Iусщ Танзаниер, Кениер, Угандэр.
Жылагъуэ
08.07.2022 - 16:30 | 👁 20

Подробности...

ГъэшхэкIхэм фахуэсакъ

ГъэшхэкI ерыскъыхэр узыншагъэмкIэ сэбэпышхуэу зэрыщытым и хъыбар дэтхэнэ зыми и сабиигъуэм щегъэжьауэ зэхихащ.
Жылагъуэ
08.07.2022 - 14:55 | 👁 30

Подробности...

IэщIагъэ дахэ

Мамбэт Иринэ еханэ классыр къыщиухым ирихьэлIэу, и адэм газетым хъыбарегъащIэ тету къилъэгъуат дэрбзэр IэщIагъэм зыхуэзыгъэсэну хуейхэр Сабий художественнэ школым (Налшык къалэ) зэрырагъэблагъэр. 
ЩIалэгъуэ
08.07.2022 - 14:33 | 👁 55

Подробности...

Гъуазэрыплъ къуажэкIэм

Мы тхыгъэм ипэ къихуэу дэ кIэщIу щыгъуазэ фыхуэтщIащ адыгэхэм я хэкужь Ищхъэрэ-КъухьэпIэ Кавказым зыплъыхьакIуэ тIэунейрэ дызэрыкIуам. Зыгуэрым жиIащ: «Уэрэ сэрэ дэнэ дыщы-псэур?
Жылагъуэ
08.07.2022 - 13:55 | 👁 49

Подробности...

Дыжьыныфэ ЗакIуий зэкъуэшхэр

Мэкъуауэгъуэм и 24-26-хэм Кызыл къалэм щекIуэкIащ Урысей Федерацэм бэнэкIэ хуитымкIэ и чемпионат. Абы и финалым щыбэнащ ЗакIуий зэкъуэшхэу Анзоррэ Азэмэтрэ.
Тхыдэ
08.07.2022 - 13:54 | 👁 56

Подробности...

Куэшхьэблэ

Адыгейм «Куэшхьэблэ» зи фIэщыгъэу ит къуажэшхуэр зэпэплIимэу дахэщ, и уэрам Iэхуитлъэхуитхэр языныкъуэ щIыпIэхэм я деж щызэхыхьэжрэ адэкIэ щызэхэкIыжу.
Жылагъуэ
08.07.2022 - 13:00 | 👁 19

Подробности...

Унагъуэрщ цIыхум дежкIэ нэхъыщхьэр

- Унагъуэрщ мы дунейм нэхъыщхьэу щызиIэр, фIыуэ сыкъыщалъагъур, лэжьыгъэ нэужьым сыт щыгъуи къыщыспэплъэр.
Литературэ
08.07.2022 - 12:55 | 👁 46

Подробности...

ДамитI

Новеллэ
Махуэгъэпс
08.07.2022 - 12:10 | 👁 13

Подробности...

НОБЭ

Арэфэ махуэщ Аллергие узыфэм ебэныным и дунейпсо махуэщ Унагъуэм, лъагъуныгъэм, зэхуэпэжыным я урысейпсо махуэщ
Жылагъуэ
07.07.2022 - 21:01 | 👁 39

Подробности...

Зи гъуэгуанэр купщIафIэ нэхъыжьыфI

Къыщалъхуа ХьэтIохъущыкъуей жылэжьми Бахъсэн щIыналъэми пщIэрэ щIыхьрэ щызиIэ цIыхущ КIурашын Алий Iэмырбий и къуэр. Илъэс 5I-кIэ лэжьыгъэ IэнатIэм пэрытащ ар.
Спорт
07.07.2022 - 18:00 | 👁 49

Подробности...

Спортым и мастерхэр

«Терек-Олимп» спорткомплексым и алэрыбгъухэм иджыблагъэ зыкъыщагъэлъэгъуащ къэралым и щIыпIэ 23-м къикIа самбисти 120-м нэблагъэ.

Страницы