27.09.2026, 10:00 - Щэнхабзэ

Республикэм и Лъэпкъ библиотекэм къыщызэрагъэпэщащ дэрбзэр ХьэцIыкIу ­Мадинэ теухуа пшыхь дахэ. ­­ Ар иригъэкIуэкIащ КъБР-м щIыхь зиIэ и артист, Къэбэрдей къэрал драмэ театрым и актёр Тэмазэ Лиуан. Мадинэ и фащэхэм, бзылъхугъэм и IэщIагъэм лъэпкъ щэнхабзэр зэ­ригъэбеир, щIалэгъуалэр адыгэгу-адыгэпсэ щIынымкIэ ар зэрысэбэпыр, ди тхыдэм куэдкIэ пэджэж телъыджэхэр къызэригъэщIыфыр ягъэ­щIэ­­гъуэныщэу дэрбзэрым утыкур къыхузэрагъэпэщащ. Мы зэIущIэм къыщыпсэлъащ гъуазджэм, литературэм я лэжьакIуэхэр, щIэныгъэлIхэр, тхыдэджхэр. 

26.09.2026, 09:30 - Жылагъуэ

Ди республикэм мы махуэхэм щокIуэкI цIыхум психикэ и лъэныкъуэкIэ и узыншагъэм нэхъыфIу елэжьы­ным хуэщIа IэмалыщIэхэр къыщагъэнаIуэ щIэныгъэ-практикэ конференц. Къэралым и щIыналъэ куэдым я лIыкIуэхэр къызрихьэлIа а медицинэ зэIущIэшхуэм хэтхэм яхуэзащ КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек. 

26.09.2026, 09:00 - ЗэIущIэхэр

КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек яхуэзащ Къэрал Думэмрэ щIыпIэ само­управленэхэмрэ я депутатхэм я хэхыныгъэр къызэзыгъэпэща щIыналъэм и хэхакIуэ комиссэм хэтхэм, щIыпIэхэмрэ участкэхэмрэ щылэжьахэм. 

20.09.2026, 12:00 - Жылагъуэ

Ди лъэпкъым и хъугъуэфIыгъуэ нэхъыщхьэм тхыдэм къыпхиша гъуэгуанэ екIум ди нобэри зэригъэбжьыфIэм и щыхьэтщ гъэм и кIыхьагъкIэ къыдах шыгъажэхэр, ди шухэм я ехъулIэныгъэхэр, езы шы лъэпкъыр елIалIэу зэрахъумэр. ГъущIыкIэм къыхэ­щIыкIа машинэхэмрэ кхъухь­лъатэхэмрэ дакъикъэ бжыгъэм узыхуей щIыпIэм узэрынагъэсым щхьэкIэ къэмынэу, псэкIэ зэрыщIэ адыгэлIымрэ адыгэшымрэ зэкIэрызычын щхьэусыгъуэ нобэр къыздэсым къызэрыкъуэмыкIам фIыкIэ узыщегъэгугъ. 

19.09.2026, 10:17 - Жылагъуэ

Къэбэрдей-Балъкъэрым, адрей щIыналъэ псоми хуэдэу, дыгъуасэ сыхьэтийм, Урысейм и Къэрал гимныр къеуэу, хэхыпIэхэм я бжэхэр къыщызэIуахащ. ЗэрыфщIэщи, цIыхухэм къапэщылъщ мы махуищым (фокIадэм и 18-м къыщыщIэдзауэ 20 пщIондэ) Урысей Федерацэм и Къэрал Думэм и ебгъуанэ зэхуэсыгъуэм и депутатхэмрэ муниципальнэ унафэщIхэмрэ хахыну. 

19.09.2026, 10:00 - Жылагъуэ

КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек Урысейм щекIуэкI хэхыныгъэхэм жыджэру хыхьащ. 

18.09.2026, 12:56 - Махуэгъэпс

Урысей Федерацэм Мэзым и лэжьакIуэхэм я махуэр зытраухуар фокIадэм и ещанэ тхьэмахуэ махуэрщ, нэгъуэщIу къэдгъэлъагъуэмэ, и 15-м къыщыщIэдзауэ и 21-ри хыхьэущ (дызэрыт гъэм елъытауэ). 2026 илъэсым ар зытехуэр, зэрынэрылъагъущи, фокIадэм и 20-рщ.

15.09.2026, 13:36 - Литературэ

Къэрэшей-Шэрджэсым и инжыдждэс къуажэхэм щыпсэуа нэхъыжьыфIхэм я деж щызэхуихьэсыжа хъыбархэр гъащIэм имыпхъэхыжу бзэ къулейкIэ къезытхэкIыжа Шэрджэс Алий адыгэ IуэрыIуатэр зэхуэхьэсыжыным ерыщу яужь итащ. Мы Iуэтэжри абыхэм ящыщ зыщ.

13.09.2026, 13:29 - Щэнхабзэ

Художник Трындык Василий СурэтыщI ­гъуазджэхэмкIэ музейм, Ткаченкэ Андрей и цIэр зезыхьэм, и фондым тыгъэ хуищIащ ­КъБАССР-м щIыхь зиIэ и художник, респуб­ликэм мы IэщIагъэм хуеджа и япэ профессиональнэ сурэтыщIхэм ящыщ, и адэ Трындык Николай къыщIэна лэжьыгъэ 24-рэ. 

13.09.2026, 12:27 - Жылагъуэ

Налшык дэт Къэрал макъамэ ­театрым щекIуэкIащ ШэрIужь Аслъэн илъэс бжыгъэ дахэ зэ­ры­рикъуам, и тхылъыщIэ дунейм къызэрытехьам теухуа пшыхь. 

12.09.2026, 12:46 - ЗэIущIэхэр

КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек иригъэкIуэкIащ Къэ­бэрдей-Балъкъэр Республикэм Хабзэр къызэгъэпэщынымкIэ зэпымыууэ лажьэ и зэзыгъэуIу гупым и зэIущIэ. 

11.09.2026, 14:13 - Жылагъуэ

Дызэрыщыгъуазэщи, фокIадэм и 8-м ди къэралым щагъэлъэпIащ Урысей Федерацэм и лъэпкъхэм я бзэхэр хъумэным и махуэр.

06.09.2026, 13:28 - Жылагъуэ

ЕтIуанэ дунейпсо зауэр щиуха махуэм ирихьэлIэу Налшык ­къалэм Печатым и унэм щы­тепсэлъыхьащ тхыдэ пэжыр ­хъумэным и мыхьэнэм. ЗэIущIэр зыхуагъэпсар милитарист Японием зэращытекIуарт. 

05.09.2026, 10:25 - ЗэIущIэхэр

КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек УФ-м и Къэрал Думэм и депутатхэу Геккиев Заур, ­Родинэ Викторие, Щхьэгуэш Адэлбий сымэ и гъусэу лэ­жьыгъэ IуэхукIэ Аруан райо­ным щыIащ.

01.09.2026, 12:58 - Жылагъуэ

Щхьэ, пщэ лышх узыфэ лIэужьыгъуэхэм хабжэ нэм, тхьэкIумэм, жьэ кIуэцIым, щитовиднэ железам, тэмакъым, жьэ пхъэбгъум, нэкIум, щхьэфэм, пщэм къеуалIэхэр. Лышх узыфэу щыIэм я проценти 10-р еубыд мы лIэужьыгъуэхэм, нэхъыбэми ахэр зэфыкIыр цIыхухъухэрщ.

31.08.2026, 16:38 - Жылагъуэ

Тхыдэр щыхьэт зэрытехъуэмкIэ, Франджым и пащтыхь, дзэзешэ цIэрыIуэ Бонапарт Наполеонрэ Мысырым щыIа адыгэ мамлюкхэмрэ зэжьэхэуауэ щытащ зэгуэр…

   

ОСТАЛЬНЫЕ РУБРИКИ

Политикэ
15.03.2024 - 13:33 | 👁 358

Подробности...

Дзыхь зыхуэфщIыр къыхэфх!

КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек республикэм исхэр къыхуреджэ мы махуэхэм Урысейм и Президентыр хэхын Iуэхум хэтыну:
Жылагъуэ
15.03.2024 - 12:22 | 👁 70

Подробности...

Кавказ Ищхъэрэм и тхыдэмрэ щэнхабзэмрэ - ВДНХ-м

«Урысей» международнэ гъэлъэгъуэныгъэм хыхьэу, Кавказ Ищхъэрэ федеральнэ университетым и тхьэмахуэр гъатхэпэм и 5-м щыщIэдзауэ гъатхэпэм и 10 пщIондэ щекIуэкIащ Москва.
Жылагъуэ
15.03.2024 - 11:36 | 👁 56

Подробности...

Къэпщтэныгъэ зэрырагъэкIуэкIынумкIэ хъыбарегъащIэ тхылъ

Урысейхэр къэралым и нэгузыгъэужь щIыпIэхэм зэрыкIуэр къапщытэ АСИ-мрэ Б1 IуэхущIапIэхэм я лэжьакIуэхэмрэ.
Жылагъуэ
15.03.2024 - 11:32 | 👁 47

Подробности...

БзэщIэныгъэр удэзыхьэхщ

Абхъазым щыщ тхыдэдж-этнолог, журналист Дасание Давид езым и анэдэлъхубзэри фIыуэ зылъагъу, кIахэ адыгэбзэми щыгъуазэ щIалэщ.
Махуэгъэпс
15.03.2024 - 11:29 | 👁 41

Подробности...

НОБЭ

Гъатхэпэм и 15, мэрем ♦ЩэхуакIуэхэм я хуитыныгъэр хъумэным и дунейпсо махуэщ
Спорт
14.03.2024 - 17:00 | 👁 80

Подробности...

Емкъужым и гъэсэныр къыхожаныкI

Урысей Федерацэм щIыхь зиIэ и тренер Емкъуж Мухьэмэд и гъэсэн щIалэ иджыблагъэ къыщыхэжаныкIащ Австрием и Линц къалэм дзюдомкIэ Гран-прим хыхьэу щекIуэкIа дунейпсо зэхьэзэхуэм. Ди къэралым и командэ...
Спорт
14.03.2024 - 16:30 | 👁 57

Подробности...

Налшыкдэсхэр ятокIуэ

Къэбэрдей-Балъкъэрым мас-рестлингымкIэ и 10-нэ чемпионатрэ пашэныгъэр къэхьыным хуэунэтIа зэхьэзэхуэрэ иджыблагъэ щекIуэкIащ Налшык къалэм. Абы хэтащ республикэм и щIыналъэ псоми я спортсмену 100-м...
Жылагъуэ
14.03.2024 - 16:00 | 👁 52

Подробности...

Илъэсым и япэ мазэм

Кавказ Ищхъэрэм СтатистикэмкIэ и управленэм иджыблагъэ къызэритамкIэ, 2024 гъэм и щIышылэ мазэм къриубыдэу Къэбэрдей-Балъкъэрым мэкъумэш продукцэу къыщыщIагъэкIам и куэдагъым я уасэр, нобэкIэ...
Жылагъуэ
14.03.2024 - 15:30 | 👁 46

Подробности...

ХэкIуэда я лэжьэгъухэм я анэхэм гулъытэ хуащI

УФ-м и Лъэпкъ гвардием и управленэу КъБР-м щыIэм ведомствэм щIэмыт и хъумакIуэ IэнатIэм и лэжьакIуэхэр я къалэн ягъэзащIэу хэкIуэда я ныбжьэгъухэм я анэхэм ехъуэхъуащ ЦIыхубзхэм я махуэмкIэ.
Жылагъуэ
14.03.2024 - 15:00 | 👁 56

Подробности...

НэхъыфIипщIым дыхохьэ

Урысейм Къэрал статистикэмкIэ и управленэм къызэритамкIэ, 2024 гъэм и щIышылэм Къэбэрдей-Балъкъэрыр яхыхьащ псэупIэу яухуэм и куэдагъымкIэ УФ-м зи Iуэху щынэхъыфIу къалъытэ щIыналъипщIым.

Страницы