05.03.2026, 15:26 - Спорт

Мы гъэм и мазаем Бахъсэн къалэм и спортсменхэр зэхьэзэхуэ зэмылIэужьыгъуэхэм хэтащ икIи абыхэм ехъулIэныгъэфIхэр щызыIэрагъэхьащ. Псалъэм къыдэкIуэу, Налшык къалэм и «ЛФЛ Арена» стадионым щекIуэкIащ КъБР-м и ЩIымахуэ кубокыр къэхьыным хуэунэтIа зэхьэзэхуэм и кIэух зэпеуэр, 8х8 жыпхъэм тету. Бахъсэн и «Автозапчасть» командэр абы щыIущIащ Прохладнэ щIыналъэм и Алътуд къуажэм и «Искра-Алътуд» клубым икIи зэIущIэм и бжыгъэр 4:0-у абы къыфIихьащ. ЩIымахуэ кубокыр зи Iэрылъхьэ бахъсэндэсхэм я тренерыр ПщыхьэщIэ Тимурщ.

05.03.2026, 12:14 - Жылагъуэ

Ди щIыналъэм хабзэ щыхъуауэ щIыпIэ-щIыпIэкIэрэ жыгыщIэхэр щагъэтIыс, щхъуантIагъэр нэхъыбэ щащI. Налшык къалэм ухуэныгъэшхуэхэр зэрыщекIуэкIым къыхэкIыу, къэкIыгъэр зыхэпщIэу мащIэ зэрыхъур, лажьэ зимыIэ жыг узыншэхэр ираупщIыкIыурэ IуэхущIапIэ зэмылIэужьыгъуэхэм я гупэхэр зэрагъэдахэр цIыхухэм щIэх-щIэхыурэ къызыпхагъэIукIыу зэхэпхынущ. Апхуэдэу щыт пэтми, къалэ унафэщIхэр хущIокъу щыхьэрым и хъыбарыфIыр щIыпIэ жыжьэхэм нэзыхьэса щхъуантIагъэр нэхъ мащIэ зэрымыхъуным. Аращ зытеухуар иджыблагъэ Налшык къалэм щIыпIэ унафэр щызехьэнымкIэ и IуэхущIапIэм къыхилъхьа жэрдэм щIагъуэри.

05.03.2026, 12:11 - Жылагъуэ

«Школа без опасности» ассоциацэм и СРО-м и президент Саминский Сергей Бэч Рузанэ къыхуигъэфэщащ фIыщIэ тхылърэ ахъшэ саугъэтрэ. Ар къыпэкIуащ и къалэнхэр нэсу, набдзэгубдзаплъэу зэрырихьэкIым.

04.03.2026, 20:39 - Махуэгъэпс

ЦIыхуIэ зылъэмыIэса щIыуэпсым и махуэу гъатхэпэм и 3-р ягъэувынымкIэ унафэр къыщащтар ООН-м и Ассамблее Нэхъыщхьэм 2013 гъэм дыгъэгъазэм и 20-м иригъэкIуэкIа и зэхуэсыщхуэрщ. 

04.03.2026, 18:34 - Тхыдэ

Адыгэхэм апхуэдизкIэ тхыдэ куу яIэщ, ар лIыхъужьыгъэкIэ гъэнщIащи, сыт хуэдэ зэманми ди лъэпкъым къытетхыхьу, ар яфIэтелъыджэрэ, яфIэгъэщIэгъуэну щытащ. Абыхэм я щапхъэ зыбжанэ къыдохь зэддзэкIауэ.

04.03.2026, 13:19 - Жылагъуэ

«ГъащIэм хуэщIа инфраструктурэ» лъэпкъ пэхуэщIэм ипкъ иткIэ 2026 гъэм зэIузэпэщ ящIынущ Шэджэм щIыналъэм цIыхухэр куэду щызэхуэс, зыщагъэпсэху и щIыпIэхэр.

03.03.2026, 15:00 - Спорт

Урысей Федерацэм боксымкIэ и командэ къыхэхам и тренер нэхъыщхьэ Фархутдинов Виктор я пашэу тренер гуп иджыблагъэ щыIащ Щхьэлыкъуэ къуажэм и спорт базэм. ХьэщIэхэм зрагъэлъэгъуащ нэгъабэ а жылэм къыщызэIуаха, спорт лIэужьыгъуэ зэхуэмыдэхэмкIэ -гимнастикэмкIэ, боксымкIэ, дзюдомкIэ, нэгъуэщIхэмкIи - зэхьэзэхуэхэр щебгъэкIуэкI хъуну комплексымрэ волейболым, футболым, баскетболым хуэщIа стадионымрэ, ахэр Iэмэпсымэхэмрэ оборудованэхэмкIэ къызэрызэгъэпэщар.

03.03.2026, 13:24 - Жылагъуэ

Хэкупсагъэр щIалэгъуалэмрэ сабийхэмрэ яхэлъхьэным, къэралым ис цIыхухэр къыщалъхуа щIыналъэм хуэпэжу псэуным теухуа Iуэхугъуэ мин 43-м щIигъу иригъэкIуэкIащ «Хэкум и хъумакIуэхэр» фондыр къызэрызэрагъэпэщрэ.

03.03.2026, 13:16 - ЩIалэгъуэ

Анэдэлъхубзэхэм я дунейпсо махуэм хуэгъэпса «Лъэпкъыр зымыгъэкIуэдыр и бзэрщ» Iуэхугъуэр щрагъэжьащ КъБКъУ-м. Ар къызэрагъэпэщащ ЦIыпIынэ Аслъэн и цIэр зезыхьэ адыгэ щэнхабзэмкIэ центрымрэ Отаров Керим и цIэкIэ щыIэ балъкъэр щэнхабзэмкIэ центрымрэ.

03.03.2026, 13:05 - Махуэгъэпс

«ТхакIуэхэм я дунейпсо махуэ» зыфIащар 1986 гъэ лъандэрэ ЩIы Хъурейм тет къэралхэм я нэхъыбапIэм ягъэлъапIэ. Литераторхэм, редакторхэм, журналистхэм, тхакIуэхэм, тхылъеджэхэм гулъытэ хэха щыхуащI махуэр гъатхэпэм и 3-м трагъэхуащ. 

02.03.2026, 15:43 - ЩIалэгъуэ

Бэрбэч ХьэтIутIэ и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым архитектурэмкIэ, ухуэныгъэмрэ дизайнымкIэ и институтым щеджэхэр иджыблагъэ Краснодар къалэм къыщызэрагъэпэща архитектурэ зэпеуэм хэтащ.

02.03.2026, 13:11 - ЩIалэгъуэ

Мазаем и 21-м ди къэралым щагъэлъапIэ Экскурсоводым и дунейпсо махуэр. Абы ирихьэлIэу Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым МенеджментымкIэ, туризмэмрэ хьэщIагъэ индустриемкIэ и институтым экскурсие гъуэгухэмкIэ зэпеуэ гъэщIэгъуэн щекIуэкIащ. «ХьэщIэщ Iуэху», «Туризм» унэтIыныгъэхэм, абы пыщIа IэщIагъэхэм щыхурагъаджэ къудамэхэм я студентхэм лэжьыгъэ 25-м щIигъу кърагъэхьат зэхьэзэхуэм, ауэ кIэух Iыхьэм нэсар проектибл къудейщ.

02.03.2026, 13:00 - Жылагъуэ

УФ-м и Правительствэм и къалэн нэхъыщхьэхэм хохьэ мэкъумэшыщIэхэм защIэгъэкъуэнымрэ мэкъумэш техникэ паркхэр къэгъэщIэрэщIэжынымрэ. Абы къыхэкIыу, 2026 гъэм ахэр зыхуэныкъуэну машинэхэмрэ обрудованэхэмрэ къращэхун, абы и уасэр зэрыхудачых лизинг IэмалкIэ иужькIэ иратыжын папщIэ, къэралым и бюджетым сом мелардитI къыхэкIынущ. Апхуэдэ унафэм Iэ щIидзащ Мишустин Михаил.

24.02.2026, 12:59 - Спорт

Краснодар крайм щыIэ «Сириус» щIыналъэм щекIуэкIащ УФ-м тхэквондомкIэ (ИТФ – Олимп джэгухэм хэмыхьэ лIэужьыгъуэмкIэ) и чемпионатрэ пашэныгъэр къыщыхьыным хуэунэтIа зэхьэзэхуэрэ. Абы щызэпеуащ спортсмен балигъхэри, щIалэгъуалэри, ныбжьыщIэхэри.

24.02.2026, 12:56 - Спорт

«Асатрян Арарат и фэеплъ Кубок» фIэщыгъэр зэрихьэу кудомкIэ щIыналъэхэм я зэхьэзэхуэ Ставрополь къалэм щекIуэкIащ. Хэгъэрейхэм нэмыщI, абы щызэпеуащ Луганск областым, Дон Iус Ростов къалэм, Къэбэрдей-Балъкъэрым, Дагъыстэным, нэгъуэщIхэми я спортсмену 200-м щIигъу.

24.02.2026, 12:52 - Жылагъуэ

«ГъащIэм хуэщIа инфраструктурэ» лъэпкъ пэхуэщIэм ипкъ иткIэ Прохладнэ – Елъхъуэт автомобиль гъуэгум хуэзэу тэрчыпсым деж телъ лъэмыжыр къагъэщIэрэщIэж мы махуэхэм.

            

ОСТАЛЬНЫЕ РУБРИКИ

Спорт
05.10.2021 - 17:55 | 👁 12

Подробности...

Япэ текIуэныгъэшхуэ

 ФутболымкIэ Лъэпкъ Лигэм и етIуанэ дивизионым хыхьэу «Алания-2»-р ЕсэнтIыгу щыдэджэгуащ «Спартак-Налшыкым».
Жылагъуэ
05.10.2021 - 11:50 | 👁 64

Подробности...

Вагъуэхэм куэд къыбжаIэ

(къыпыдощэ Къашыргъэ Назир зэхуихьэсыжа вагъуэцIэхэхэм)
Махуэгъэпс
05.10.2021 - 11:50 | 👁 19

Подробности...

Дунейм щыхъыбархэр

Нобэ ЕгъэджакIуэм и дунейпсо махуэщ Дохутырым и дунейпсо махуэщ Архитектурэм и дунейпсо махуэщ
Жылагъуэ
05.10.2021 - 10:35 | 👁 59

Подробности...

Къэрэндащми гъуэгуанэ къикIуащ

    Пасэм, мывэ лъэхъэнэм, щакIуэ гуэрым мывэ папцIэкIэ бгъуэнщIагъым къыщритхъат цIыхухэмрэ псэущхьэхэмрэ я тхыпхъэ. Зэманыр кIуащ…  Тхыбзэр къежьащ.
Махуэгъэпс
04.10.2021 - 19:00 | 👁 30

Подробности...

ДУНЕЙМ ЩЫХЪЫБАРХЭР

♦ЦIыхубэм я дежкIэ Хьэрш лъэхъэнэм щыщIидза махуэщ, Астронавтикэм и дунейпсо федерацэм 1967 гъэм игъэувауэ.
Жылагъуэ
04.10.2021 - 18:40 | 👁 53

Подробности...

«Илъэсым и егъэджакIуэ-2021» зэпеуэм и лауреат Къущхьэ Каринэ

Дон Iус Ростов къалэм дэт 11-нэ Лицейм «Урысейм и илъэсым и егъэджакIуэ-2021» зэхьэзэхуэм и япэ Iыхьэр щызэхуащIыжри, лауреатхэм я цIэр къыщраIуащ фокIадэм и 25-м. Япэ ит цIыху 15-м яхэтщ Къэбэрдей-...
ЗэIущIэхэр
04.10.2021 - 17:36 | 👁 30

Подробности...

Iуэхугъуэ купщIафIэхэр къапэщылъщ

КъБР-м и Парламентым и бжьыхьэ лэжьэгъуэр къызэрызэIуаха зэIущIэм депутатхэр щедэIуащ Къэбэрдей-Балъкъэрым и бюджетыр 2021 гъэм и япэ илъэс ныкъуэм зэрагъэзэщIам теухуауэ КъБР-м и Правитель
Жылагъуэ
04.10.2021 - 17:05 | 👁 78

Подробности...

«Жьы» псалъэм къытепщIыкIахэр

Жьыбгъэ – къыкъуэуурэ къепщэ жьы.
Тхыдэ
04.10.2021 - 16:55 | 👁 51

Подробности...

Къуэпсыбэрэ зэнзэныпсу

Абын – аращ зэреджэр 1835 гъэм быдапIэ папщIэу яухуауэ щыта Абинск къалэ цIыкIум пхрыж псым. Лъахэхутэхэм ящыщу языныкъуэхэм къызэралъытэмкIэ, а цIэр „мэз“ мыхьэнэ иIэу абхъазыбзэм хэт „абнэ“ псалъэм...
Тхыдэ
04.10.2021 - 16:12 | 👁 45

Подробности...

Хрущеврэ Брежневрэ зэдзэкIакIуэхэм зэрадэлэжьар

- Иджыпсту къэрал унафэщIым и докладыр зэIущIэм и пэ къихуэу зэдзэкIакIуэхэм иратыркъым зыхагъэгъуэзэн папщIэ, - жиIэжт Хрущев дэлэжьа зэдзэкIакIуэ Бреус Евгений.
ЩIалэгъуэ
04.10.2021 - 16:00 | 👁 40

Подробности...

Африкэм щолажьэ Къармэр

Илъэсищ хъуауэ Къармэ Астемыр Африкэ Ипщэм щолажьэ, Йоханнесбург къалэм дэт AxxonSoft (ITV) IуэхущIапIэм хьэрычэт IэнатIэ
Жылагъуэ
04.10.2021 - 15:25 | 👁 35

Подробности...

Лондон и унэ лъапIэхэр

Лондон и языныкъуэ хьэблэхэм щекIуэкI псэукIэр апхуэдизкIэ ехьэжьащи, абы унэ щызиIэхэр хьэщIапIэ кIуэуэ аращ.
Жылагъуэ
04.10.2021 - 12:12 | 👁 69

Подробности...

Дерс щIэщыгъуэхэр

Хъаничэхэ Хьэбасрэ Аринэрэ япхъу Раисэ зэрысабийрэ хъыджэбз щэныфlэу къэхъурт.
ЗэIущIэхэр
02.10.2021 - 14:36 | 👁 31

Подробности...

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм и Указ

2021 гъэм и бжьыхьэм цIыхухэр дзэм къулыкъу щащIэну гъэкIуэнымкIэ лэжьыпхъэхэм я IуэхукIэ  
Жылагъуэ
02.10.2021 - 12:34 | 👁 41

Подробности...

Коронавирусыр зэуалIэхэм я бжыгъэм хохъуэ

Оперативнэ штабым къызэритымкIэ, Къэбэрдей-Балъкъэрым аргуэру коронавирус уз зэрыцIалэм зыщиубгъуу ­хуежьащ.
ЗэIущIэхэр
02.10.2021 - 10:19 | 👁 69

Подробности...

Бжьыхьэ лэжьэгъуэр яублэ

КъБР-м и Парламентым и бжьыхьэ лэжьэгъуэр фокIадэм и 30-м къызэ­Iуахащ. 

Страницы