03.08.2026, 18:26 - Жылагъуэ

Бэрбэч ХьэтIутIэ и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым иджыблагъэ щызэфIэкIащ узэщIакIуэ мыхьэнэ зиIэ, «ЩIэныгъэ. Шынагъуэншагъэ» фIэщыгъэр зыгъуэта пэхуэщIэхэр. 

30.07.2026, 15:08 - Литературэ

Ди газетым зэрытетащи, куэд щIакъым Тыркум щыпсэу адыгэ бзылъхугъэ щыпкъэ, лъэпкъым ирагъэбгына щIыналъэр нэхъыжьхэм фIыуэ зрагъэлъэгъуахэм ящыщ, IэпэIэсэ, Кападокие Тхыдэмрэ гъуазджэмрэ я музей къыщызэIузыха Гуэбэл Сибел (Езауэхэ я пхъурылъхущ), абы и къуэ Серкан, ипхъу Селдэ сымэ Налшык зэрыщыхьэщIэрэ. Сибел дыщыхуэзам къыджиIэжа хъыбар гъэщIэгъуэнхэм ящыщт и адэм къыхуиIуатэу щыта таурыхъхэм ящыщ зыр.

18.07.2026, 12:58 - Жылагъуэ

ХъыбарегъащIэ IэнатIэхэм я лэжьакIуэхэм къытхуэзащ Къэбэрдей-Балъкъэрым и дзэ комиссар Пахомов Дмитрий. Ар тепсэлъыхьащ «мобилизационный резерв» зыфIаща Iуэхур республикэм зэрыщекIуэкIым. 

18.07.2026, 10:56 - Жылагъуэ

КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек лэжьыгъэ IуэхукIэ яхуэзащ УФ-м и Президен­тым и полномочнэ лIыкIуэу Кавказ Ищхъэрэ феде­-ральнэ щIыналъэм щыIэм и къуэ­дзэ - Къэзакъхэм я урысейпсо ­зэгухьэныгъэм и ­пашэ Куз­не­цов Виталийрэ Тэрч къэ­закъхэм я зэгу­хьэныгъэм и ­уна­фэщIым и къалэнхэр пIа­лъэкIэ зыгъэзащIэ Трушев Антонрэ. Ахэр тепсэлъыхьащ урысей къэзакъхэм яхуэгъэза къэрал политикэр щIыналъэм зэ­рыщагъэзащIэм. 

13.07.2026, 19:17 - Щэнхабзэ

КъБР-м и Лъэпкъ музейм япэу утыку къыщрахьащ КъБКъУ-м Математикэмрэ естественнэ щIэныгъэхэмкIэ и институтым наносистемэ физикэмкIэ и кафедрэм и инженер нэхъыщхьэ Бай Галинэ и «Ода республике» выставкэр. 

12.07.2026, 12:00 - Жылагъуэ

УФ-м и Журналистхэм я зэгухьэныгъэм и секретарь ­Шафир Тимур Налшык дэт Печатым и унэм щрикIуэ­кIащ видеоконференц. Абы хэтащ телевиденэм, газетхэм, журналхэм я редакторхэр, журналистхэр. 

11.07.2026, 13:01 - Жылагъуэ

Урысей ФСИН-м и управленэу Къэбэрдей-Балъкъэрым щыIэм хыхьэ колоние №5-м и лэжьакIуэхэр ехъуэхъуащ  Хэку зауэшхуэм и ветеран Дегтяренкэ Василий и ныбжьыр илъэси 100 зэрырикъумкIэ.  

11.07.2026, 12:00 - ЗэIущIэхэр

КъБР-м и Парламентым и УнафэщIым и къуэдзэ Жанатаев Сэлим 2026 гъэм и гъатхэ лэжьэгъуэм и иужьрей зэIущIэр иригъэкIуэкIащ. Абы республикэм и мылъкум, псэупIэ-коммунальнэ IуэхущIапIэм, щэнхабзэм, ухуэныгъэм, лэ­жьы­гъэ IэнатIэхэм епха хабзэхэм щы­хэплъащ, зэхъуэкIыныгъэхэри халъ­хьащ. 

10.07.2026, 15:07 - Жылагъуэ

ЩIэныгъэлIхэм планетэщIэ къызэIуахауэ, цIыхум и лъэр зэи здынэмыса икIи здынэмысыфыну уахэ жыжьэм къыщекIуэкI къэхъукъащIэхэм теухуауэ къэхутэныгъэ телъыджэхэм я хъыбар зэхыдох кIэщI-кIэщIурэ. Псоми яфIэгъэщIэгъуэнщ а псори астрономхэм къызэрахутэ щIыкIэр, къагъэсэбэп Iэмалхэр. Языныкъуэхэм а Iэмалхэр къазэрыгурымыIуэм къыхэкIыу, къэхутэныгъэхэми шэч къытрахьэ. Мы тхыгъэмкIэ фэдгъэцIыхунщ километр мелуан бжыгъэкIэ тпэжыжьэ планетэхэмрэ вагъуэбэхэмрэ я сурэт пэжхэр цIыхум къызэрыIэрыхьэ щIыкIэхэр.

09.07.2026, 15:32 - Жылагъуэ

КъБКъУ-м и Социальнэ-гуманитарнэ институтым урысыбзэмкIэ, хамэ къэралыбзэхэмрэ журналистикэмкIэ и кафедрэм и доцент Битокъу Маринэ Налшык и «Искож» хьэблэм Щэнхабзэ зыужьыныгъэмкIэ и центрым лекцэ къыщеджащ «Этнокод КБР» щэнхабзэ-узэщIыныгъэ Iуэхум хыхьэу. 

05.07.2026, 13:00 - Щэнхабзэ

Урысей Федерацэм и Театр лэжьакIуэхэм я зэгухьэныгъэр илъэси 150-рэ зэрырикъум, абы и Къэбэрдей-Балъкъэр къудамэр илъэс 85-рэ зэры­хъум я щIыхькIэ сурэтыщI гъуазджэхэмкIэ Ткаченкэ Андрей и цIэр зезыхьэ музейм щагъэлъагъуэ театр теплъэгъуэхэм хуащIа сурэтхэр. 1940 гъэхэм щегъэжьауэ ди респуб­ликэм щылэжьа театр сурэ­тыщIхэм я IэдакъэщIэкIхэр щызэхуахьэсащ музейм. Эс­кизхэр Урысей Федерацэм и Театр лэжьакIуэхэм я зэгу­хьэныгъэм и республикэ къудамэм и архивым къыхахащ. 

05.07.2026, 11:00 - Жылагъуэ

КъБР-м узыншагъэр хъумэнымкIэ и министр Къалэбатэ Рустам Бахъсэн районым хыхьэ Къулъкъужын Ипщэ къуажэм и амбулаторэм и лэжьыгъэр зэрекIуэкIым зыщигъэгъуэзащ. 

05.07.2026, 10:00 - Жылагъуэ

Ди республикэм иджыблагъэ щекIуэкIащ цIыхухэр лэжьапIэ гъэувынымкIэ урысейпсо жармыкIэм и федеральнэ Iыхьэр.

05.07.2026, 09:00 - ЗэIущIэхэр

Къэрал кIуэцI IуэхухэмкIэ министерствэу КъБР-м щыIэм щекIуэкIа брифингыр теухуат наркотикхэкIхэмрэ Iэщэрэ хабзэншагъэкIэ игъэ­кIыным пыщIа щIэпхъаджагъэхэр къэмыгъэхъу­ным, апхуэдэу ялэжьахэр къыщIэгъэщыным. 

04.07.2026, 13:00 - Жылагъуэ

ЦIыху гуащIафIэм, щхьэх зымыщIэм и Iэпкълъэпкъым сэкъат иIэми увыIэнукъым, сэбэп зэрыхъун Iэмал сытым дежи къилъыхъуэнущ. Псэ къабзагъэрэ гу щабагърэ зыхэлъыр сытми пэлъэщыфыну уи фIэщ ещI апхуэдэхэм. 

04.07.2026, 12:01 - Жылагъуэ

КъБР-м щыIэ МВД-м и лэжьакIуэхэмрэ ОВД-м и ветеранхэмрэ хэтащ Дзэ зэпэщIэ­тыныгъэхэм я ветеранхэм я махуэм теухуауэ екIуэкIа Iуэхухэм. 

                     

ОСТАЛЬНЫЕ РУБРИКИ

ЩIалэгъуэ
31.01.2022 - 16:20 | 👁 38

Подробности...

«Европэмрэ Шэрджэсымрэ»

США-м щыIэ Йель университетым щеджа, Кембриджым и аспирант Къумыкъу Азэмэт и жэрдэмкIэ, «Де Гройтер» герман тхылъ тедзапIэм иращIылIащ «Европэмрэ Шэрджэсымрэ: 1760 - 1870» зыфIаща, Iыхьэ 30-у зэхэт...
Литературэ
31.01.2022 - 16:05 | 👁 85

Подробности...

Сышынэркъым жаIэми…

Зы лІыжь цІыкІу фызи быни имыІэжу, хуэмыщІауэ псэурт. ЩІыІи къытехъуауэ унэм щІэпІыщІыхь щыхъум, пхъэ къурагъ зытІущ къэслъэфынщ жиІэри мэзым кІуащ. ЛІыжьым, мы зы пхъэр хэслъхьэжми, схуэлъэфынщ...
Жылагъуэ
31.01.2022 - 15:00 | 👁 29

Подробности...

ФIы пщIам къегъэзэж

Шотланд фермер гуэр XX лIэщIыгъуэм и пэщIэдзэхэм шэд щыкуэд щIыпIэ блэкIырт. Абы хэту лIым кIий макъ зэхех. Зигъазэрэ плъэмэ, щIалэ цIыкIу шэдым хэхуауэ щIелъафэ.
Тхыдэ
31.01.2022 - 14:55 | 👁 382

Подробности...

Iуащхьэмахуэ

Iащхьэмахуэ псалъэр пкъыгъуитIу – Iуащхьэрэ махуэу – зэхэлъщ. Iуащхьэмахуэ (Эльбрус) пщIэ хуащIу ягъэлъапIэ, фIыгъуэ, насып къэзыхь Iуащхьэу, адыгэ лъэпкъым и зы дамыгъэу ялъытэ.
Жылагъуэ
31.01.2022 - 14:20 | 👁 53

Подробности...

ГъукIэ дадэм и дуней

И IуэхущIафэкIи и дуней тетыкIи жылагъуэм пщIэ щызиIэ цIыху гуащIафIэхэм ящыщщ Хьэтуей къуажэм щыщ, илъэс 50-м щIигъукIэ гъукIэу лэжьа Бесчокъуэ Далым.
Литературэ
31.01.2022 - 14:06 | 👁 75

Подробности...

ГъащIэм и пэжыпIэр къыщIэзыгъэщыфа тхакIуэ

Илъэсищэм нэблагъэкIэ дэхуэхауэ, и цIэми и тхыгъэхэми цIыхур щымыгъуазэу къэгъуэгурыкIуа адыгэ тхуакIуэ КIашэ Адэлджэрий къызэралъхурэ илъэси 185-рэ ирокъу мы мазэм.
Политикэ
31.01.2022 - 13:25 | 👁 19

Подробности...

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Парламентым и Унафэ

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Къэзыпщытэ-къэзыбж палатэм и унафэщIым и къуэдзэ къулыкъур Сарбашевэ ФатIимэ Магомет и пхъум и пIалъэр къэмысу щхьэщыхыным и IуэхукIэ
Политикэ
31.01.2022 - 13:20 | 👁 20

Подробности...

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Парламентым и Унафэ

Ашэбокъуэ Рашид Хьэсэн и къуэр Аруан район судым и суд участкэ №2-м и зэзыгъэкIуж судыщIэ къулыкъум гъэувыным и IуэхукIэ
Спорт
30.01.2022 - 14:43 | 👁 29

Подробности...

Зэхъуапсэ ехъулIэныгъэ зиIэ къуажэ

Шэджэм районым хыхьэ Щхьэлы-къуэ­ къуажэм дэт секцэ цIэрыIуэм иджыблагъэ щыIащ боксымкIэ Урысей Федерацэм и командэ къыхэхам и тренер нэхъыщхьэ Фархутдинов Викторрэ УФ-м СпортымкIэ и министерствэм и...
Жылагъуэ
30.01.2022 - 13:42 | 👁 23

Подробности...

ЦIыху кIуапIэ зэрыхъуным хуагъэпс

Къэбэрдей-Балъкъэрым и псы хущхъуэхэм нэхърэ нэхъ сэбэпрэ  къабзэрэ къэ­гъуэ­ты­гъуейщ. Ап­хуэдэщ «Аушы­джэр и псыхуабэхэр», «Нарзанхэм я къы­щIэжыпIэ» щIыпIэр. 
Спорт
30.01.2022 - 12:40 | 👁 30

Подробности...

Псыгуэнсу щIалэр къэралым и чемпионатым макIуэ

Осетие Ищхъэрэ-Аланием и къалащхьэ Владикавказ дэт «Манеж» спортым и уардэунэм щIы­шылэм и 20-22-хэм щекIуэкIащ IэпщэрызауэмкIэ Ипщэ дзэ щIыналъэм и чемпионат. Псори зэгъу­сэу командийуэ гуэшауэ абы...
Жылагъуэ
30.01.2022 - 11:38 | 👁 52

Подробности...

ЩIыпIэ жыжьэу Ныуэжьыдзэ

А цIэр зезыхьэ бгыр (метр 2948-рэ и лъагагъщ) ди рес­публикэм и Iуащхьэмахуэ щIы­налъэм итщ, псыхэу Гиж­гитрэ Урдырэ зы­къы­щызэ­щIа­къуэ къуэладжэхэм я зэхуаку дэтщ. Зэры­зэщ­хьэ­щы­ха и...
Махуэгъэпс
29.01.2022 - 15:39 | 👁 23

Подробности...

Мы махуэхэм

♦Ядернэ зауэр мыдэным цIыхухэр хузэщIэгъэуIуэным и дунейпсо махуэщ ♦1943 гъэм советыдзэхэм ­Мейкъуапэ, Тихорецк къалэхэр нэмыцэ фашист зэрыпхъуа­кIуэхэм къыIэщIагъэкIыжащ.
Жылагъуэ
29.01.2022 - 14:35 | 👁 23

Подробности...

Гъатхэ зэхуэсыгъуэм и япэ зэIущIэм

КъБР-м и Парламентым и УнафэщI Егоровэ Татьянэ иригъэ­кIуэкIащ республикэм и хабзэубзыху IэнатIэм и гъатхэ сессием и япэ зэIущIэр.
ЗэIущIэхэр
29.01.2022 - 13:33 | 👁 30

Подробности...

Дохутыр нэхъыщхьэхэм чэнджэщ ярехьэлIэ

КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэ­кIуэ Казбек республикэм и медицинэ IуэхущIапIэхэм я дохутыр нэхъыщхьэхэр зы­хэт зэIущIэ иригъэ­кIуэкIащ.
Жылагъуэ
29.01.2022 - 12:31 | 👁 19

Подробности...

Хущхъуэ уасэкIэ республикэр къызэрагъэпэщ

Коронавирус узыфэр зыпкърыт сымаджэхэу амбулаторэ кIэлъып­лъы­ныгъэм щIэтхэм зэреIэ­зэн хущхъуэхэр къращэ­хуну УФ-м и Правитель­ствэм и гъэтIылъыгъэ фондым къыхэкIыу Къэ­бэрдей-Балъкъэр Респуб­ликэм...

Страницы