18.07.2026, 12:58 - Жылагъуэ

ХъыбарегъащIэ IэнатIэхэм я лэжьакIуэхэм къытхуэзащ Къэбэрдей-Балъкъэрым и дзэ комиссар Пахомов Дмитрий. Ар тепсэлъыхьащ «мобилизационный резерв» зыфIаща Iуэхур республикэм зэрыщекIуэкIым. 

18.07.2026, 10:56 - Жылагъуэ

КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек лэжьыгъэ IуэхукIэ яхуэзащ УФ-м и Президен­тым и полномочнэ лIыкIуэу Кавказ Ищхъэрэ феде­-ральнэ щIыналъэм щыIэм и къуэ­дзэ - Къэзакъхэм я урысейпсо ­зэгухьэныгъэм и ­пашэ Куз­не­цов Виталийрэ Тэрч къэ­закъхэм я зэгу­хьэныгъэм и ­уна­фэщIым и къалэнхэр пIа­лъэкIэ зыгъэзащIэ Трушев Антонрэ. Ахэр тепсэлъыхьащ урысей къэзакъхэм яхуэгъэза къэрал политикэр щIыналъэм зэ­рыщагъэзащIэм. 

13.07.2026, 19:17 - Щэнхабзэ

КъБР-м и Лъэпкъ музейм япэу утыку къыщрахьащ КъБКъУ-м Математикэмрэ естественнэ щIэныгъэхэмкIэ и институтым наносистемэ физикэмкIэ и кафедрэм и инженер нэхъыщхьэ Бай Галинэ и «Ода республике» выставкэр. 

12.07.2026, 12:00 - Жылагъуэ

УФ-м и Журналистхэм я зэгухьэныгъэм и секретарь ­Шафир Тимур Налшык дэт Печатым и унэм щрикIуэ­кIащ видеоконференц. Абы хэтащ телевиденэм, газетхэм, журналхэм я редакторхэр, журналистхэр. 

11.07.2026, 13:01 - Жылагъуэ

Урысей ФСИН-м и управленэу Къэбэрдей-Балъкъэрым щыIэм хыхьэ колоние №5-м и лэжьакIуэхэр ехъуэхъуащ  Хэку зауэшхуэм и ветеран Дегтяренкэ Василий и ныбжьыр илъэси 100 зэрырикъумкIэ.  

11.07.2026, 12:00 - ЗэIущIэхэр

КъБР-м и Парламентым и УнафэщIым и къуэдзэ Жанатаев Сэлим 2026 гъэм и гъатхэ лэжьэгъуэм и иужьрей зэIущIэр иригъэкIуэкIащ. Абы республикэм и мылъкум, псэупIэ-коммунальнэ IуэхущIапIэм, щэнхабзэм, ухуэныгъэм, лэ­жьы­гъэ IэнатIэхэм епха хабзэхэм щы­хэплъащ, зэхъуэкIыныгъэхэри халъ­хьащ. 

10.07.2026, 15:07 - Жылагъуэ

ЩIэныгъэлIхэм планетэщIэ къызэIуахауэ, цIыхум и лъэр зэи здынэмыса икIи здынэмысыфыну уахэ жыжьэм къыщекIуэкI къэхъукъащIэхэм теухуауэ къэхутэныгъэ телъыджэхэм я хъыбар зэхыдох кIэщI-кIэщIурэ. Псоми яфIэгъэщIэгъуэнщ а псори астрономхэм къызэрахутэ щIыкIэр, къагъэсэбэп Iэмалхэр. Языныкъуэхэм а Iэмалхэр къазэрыгурымыIуэм къыхэкIыу, къэхутэныгъэхэми шэч къытрахьэ. Мы тхыгъэмкIэ фэдгъэцIыхунщ километр мелуан бжыгъэкIэ тпэжыжьэ планетэхэмрэ вагъуэбэхэмрэ я сурэт пэжхэр цIыхум къызэрыIэрыхьэ щIыкIэхэр.

09.07.2026, 15:32 - Жылагъуэ

КъБКъУ-м и Социальнэ-гуманитарнэ институтым урысыбзэмкIэ, хамэ къэралыбзэхэмрэ журналистикэмкIэ и кафедрэм и доцент Битокъу Маринэ Налшык и «Искож» хьэблэм Щэнхабзэ зыужьыныгъэмкIэ и центрым лекцэ къыщеджащ «Этнокод КБР» щэнхабзэ-узэщIыныгъэ Iуэхум хыхьэу. 

05.07.2026, 13:00 - Щэнхабзэ

Урысей Федерацэм и Театр лэжьакIуэхэм я зэгухьэныгъэр илъэси 150-рэ зэрырикъум, абы и Къэбэрдей-Балъкъэр къудамэр илъэс 85-рэ зэры­хъум я щIыхькIэ сурэтыщI гъуазджэхэмкIэ Ткаченкэ Андрей и цIэр зезыхьэ музейм щагъэлъагъуэ театр теплъэгъуэхэм хуащIа сурэтхэр. 1940 гъэхэм щегъэжьауэ ди респуб­ликэм щылэжьа театр сурэ­тыщIхэм я IэдакъэщIэкIхэр щызэхуахьэсащ музейм. Эс­кизхэр Урысей Федерацэм и Театр лэжьакIуэхэм я зэгу­хьэныгъэм и республикэ къудамэм и архивым къыхахащ. 

05.07.2026, 11:00 - Жылагъуэ

КъБР-м узыншагъэр хъумэнымкIэ и министр Къалэбатэ Рустам Бахъсэн районым хыхьэ Къулъкъужын Ипщэ къуажэм и амбулаторэм и лэжьыгъэр зэрекIуэкIым зыщигъэгъуэзащ. 

05.07.2026, 10:00 - Жылагъуэ

Ди республикэм иджыблагъэ щекIуэкIащ цIыхухэр лэжьапIэ гъэувынымкIэ урысейпсо жармыкIэм и федеральнэ Iыхьэр.

05.07.2026, 09:00 - ЗэIущIэхэр

Къэрал кIуэцI IуэхухэмкIэ министерствэу КъБР-м щыIэм щекIуэкIа брифингыр теухуат наркотикхэкIхэмрэ Iэщэрэ хабзэншагъэкIэ игъэ­кIыным пыщIа щIэпхъаджагъэхэр къэмыгъэхъу­ным, апхуэдэу ялэжьахэр къыщIэгъэщыным. 

04.07.2026, 13:00 - Жылагъуэ

ЦIыху гуащIафIэм, щхьэх зымыщIэм и Iэпкълъэпкъым сэкъат иIэми увыIэнукъым, сэбэп зэрыхъун Iэмал сытым дежи къилъыхъуэнущ. Псэ къабзагъэрэ гу щабагърэ зыхэлъыр сытми пэлъэщыфыну уи фIэщ ещI апхуэдэхэм. 

04.07.2026, 12:01 - Жылагъуэ

КъБР-м щыIэ МВД-м и лэжьакIуэхэмрэ ОВД-м и ветеранхэмрэ хэтащ Дзэ зэпэщIэ­тыныгъэхэм я ветеранхэм я махуэм теухуауэ екIуэкIа Iуэхухэм. 

04.07.2026, 10:23 - ЗэIущIэхэр

Къэбэрдей-Балъкъэрым ЦIыхухэм я хуиты­ныгъэхэр хъумэнымкIэ и уполномоченнэ Зумакулов Борис деж щыIэ Эксперт советым и зи чэзу зэIущIэ мэкъуауэгъуэм и 30-м КъБР-м и Правительствэм и Унэм щекIуэкIащ.

28.06.2026, 12:00 - Щэнхабзэ

Грознэ къалэм къыщызэ­Iуахащ Кавказ Ищхъэрэм, Урысей Ипщэм, Кърымым я лъэпкъ литературэхэм хухаха щIэн­Iуатэ. Ар къызэригъэпэщащ Урысейм и ТхакIуэхэм я зэгухьэныгъэм. ЩIыналъэ ­12-м я лIыкIуэхэр тепсэлъы­хьащ лъэпкъ литературэхэм, тхэн щIэзыдзагъащIэхэм ­хуащI гулъытэм, щIыналъэ­хэм я лъэпкъыбзэхэр литуратурэм зэрехъулIэм, щIэджы­кIа­кIуэ­хэр нэхъ зыдихьэххэм, нэ­гъуэщI Iуэхугъуэхэми. 

                   

ОСТАЛЬНЫЕ РУБРИКИ

Литературэ
05.04.2019 - 08:07 | 👁 2 596

Подробности...

Гъубжокъуэ Лиуан и Iэужь дахэхэр

УсакIуэ, тхакIуэ цIэрыIуэ, КъБР-м щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ, Винницкэ областым щыIэ литературэ саугъэтхэм я лауреат, СССР-м и ТхакIуэхэми Журналистхэми я союзхэм хэта Гъубжокъу
Спорт
05.04.2019 - 08:00 | 👁 71

Подробности...

Къэралым и гуп къыхэхам щыджэгуну щIэхъуэпс адыгэ щIалэ

Тулэ и «Арсенал»-м хэту Урысей Федерацэм футболымкIэ и премьер-лигэм щыджэгу гъуащхьэхъумэныкъуэ Мырзэ Резуан иджыпсту къэралым щынэхъыфI дыдэхэм ящыщ зыуэ къалъытэ.
Махуэгъэпс
05.04.2019 - 08:00 | 👁 36

Подробности...

Дунейм щыхъыбархэр

Махуибгъур мылэжьэгъуэу щытынущ Урысей Федерацэм Лэжьыгъэмрэ цIыхухэм IэнатIэ яIэнымкIэ и федеральнэ къулыкъущIапIэм хэIущIыIу ищIащ дызыхуэкIуэ накъыгъэ мазэм хиубыдэ махуэшхуэхэм зэрызыдгъэпсэхуну...
ЩIалэгъуэ
05.04.2019 - 08:00 | 👁 87

Подробности...

«Псынэм» лъагъуэ хеш

Налшык дэт гимназие №14-м иджыблагъэ IуэхугъуэщIэ щаублащ: абы адыгэбзэкIэ къыдэкIын щыщIидзащ «Псынэ» фIэщыгъэр зиIэ школ газет цIыкIум.
Абы дегъэпIейтей
05.04.2019 - 08:00 | 👁 29

Подробности...

«Притон» Iуэхур ирагъэкIуэкI

КъБР-м щыIэ МВД-м Наркотикхэр зэрызэрагъэкIуэкIым кIэлъыплъынымкIэ и управленэм (УНК) и лэжьакIуэхэм яубла «Притон» Iуэхур теухуащ афиян зэхьэлIапIэхэр къыщызэрагъэпэщ е щагъэлажьэ щыIэмэ, наркотик
Жылагъуэ
03.04.2019 - 08:10 | 👁 52

Подробности...

Дызэдэгуашэу, дызэрыIыгъыу

Ди щIыпIэр лъэпкъ куэдым адэжь хэку яхуэхъуа щIыналъэщ.
Махуэгъэпс
03.04.2019 - 08:10 | 👁 35

Подробности...

Дунейм щыхъыбархэр

ЦIыхухэм я дзыхь зрагъэзынур дэтхэнэра?
Жылагъуэ
03.04.2019 - 08:10 | 👁 47

Подробности...

Адэжь щIыналъэм и мывэри дыщэщ

ЗэIущIэ  гуапэхэр «Гу къабзэхэр» щIалэгъуа­лэ зэгухьэныгъэм и зэхэшакIуэ Къарэ Ратмир ди ­гъуазэу, Прохладнэ щIыналъэм хыхьэ Благовещенкэ къуажэм ба­дзэуэгъуэм и 24-м дыщыIащ. А жылэмрэ абы къедза...
Жылагъуэ
03.04.2019 - 08:08 | 👁 41

Подробности...

Дуней жэнэт

Къэбэрдей-Балъкъэрым, Адыгейм, Къэрэшей-Шэрджэсым щопсэу зэман зэмылIэужьыгъуэхэм къэкIуэжа адыгэхэр. Ахэр Тыркум, Сирием, Югославием, Израилым, Германием, Америкэм и Штат Зэгуэтхэм къикIыжащ.
Жылагъуэ
03.04.2019 - 08:07 | 👁 67

Подробности...

Сытым деж жыгыр щыдахэр?

Щапхъэ  зытрах  унагъуэ
Жылагъуэ
03.04.2019 - 08:05 | 👁 54

Подробности...

Къэхъун къыщагъуэта мывэ телъыджэ

ГъэщIэгъуэнщ
Жылагъуэ
03.04.2019 - 08:04 | 👁 38

Подробности...

«Ажалыр щащэр жыIэ!»

Апхуэдэ фIэщыгъэм щIэт урысейпсо акцэм хиубыдэ лэжьыгъэ щхьэпэхэр республикэм щрагъэкIуэкI КъБР-м щыIэ МВД-мрэ мы лэжьыгъэр зи къалэным хыхьэ нэгъуэщI IуэхущIапIэхэмрэ.
Жылагъуэ
03.04.2019 - 08:03 | 👁 110

Подробности...

Я зэфIэкI ягъэлъагъуэ

Урысейм Тезыр зытралъхьахэм ахэр егъэпшынынымкIэ и федеральнэ къулыкъум и IуэхущIапIэу КъБР-м щыIэм и цIыхубз колоние №4-м щекIуэкIащ гъатхэ махуэшхуэм теухуа «А ну-ка, девушки!» зэпеуэ. Дахэу...
ЩIалэгъуэ
03.04.2019 - 08:02 | 👁 71

Подробности...

ГъэщIэгъуэнт

«Урысей гвардием и махуэхэм» зыфIаща Iуэхухэм щыщу, Урысей гвардием КъБР-м щиIэ къудамэм къызэригъэпэщащ джэгу-зэпеуэ (квест).
Спорт
03.04.2019 - 08:00 | 👁 22

Подробности...

Ди лъахэм и гъуащхьауэ нэхъ Iэзэ дыдэ Гъубж Вячеслав

1980 - 1995 гъэхэм, щызэпигъэуаи къэхъуу, Налшык и «Спартак»-м хэтащ, и Iэзагъымрэ псынщIагъымкIэ топджэгум дихьэххэр хуабжьу зытхьэкъуауэ щыта Гъубж Вячеслав.
Спорт
03.04.2019 - 08:00 | 👁 61

Подробности...

Ди спортсменхэр къыхожаныкI

Iэпщэрыбанэ

Страницы