|
|
Политикэ
30 января, 2019 - 05:00
Къалэ пщIантIэхэр зэIузэпэщ щIыным хуэунэтIа лэжьыгъэм къэрал бюджетым щыщ мылъку 2020 - 2021 гъэхэми хухахыным тригъэчыныхьынущ «Урысей зэкъуэт» партым.
23 января, 2019 - 05:11
«Урысей зэкъуэт»-м и Парт школ нэхъыщхьэм иригъэкIуэкI «Политик пашэ» егъэджэныгъэ Iуэхум хэтынухэр къыхахын яухащ. Мы зэманым ирихьэлIэу IэщIагъэлIхэр хунэсащ анкетэ мини 8,5-м еплъыну икIи абыхэм ящыщу арэзы техъуащ мини 6,5-м.
18 января, 2019 - 05:12
Бахъсэн къалэ округым и щIыналъэ администрацэм и Iэтащхьэ Мамхэгъ Хьэчим езым и унафэм щIэт лэжьакIуэ зыбжанэ, апхуэдэу Дыгулыбгъуей къуажэм и Iэтащхьэ Къуэдзокъуэ Л. сымэ щIыгъуу иджыблагъэ къызэхикIухьащ Цагъуэм и цIэр зезыхьэ уэрамыр. 2004 - 2005 гъэхэм абы лэжьыгъэшхуэ щрагъэкIуэкIащ псы фIейхэр зрикIуэ бжьамийр щыукъуэдииным хуэгъэзауэ. Километри 8 зи кIыхьагъ а уэрамым и зэхуэдитIым нэблагъэм коллекторыщIэ щыщIалъхьауэ щытащ. АбыкIэ иухащ лэжьыгъэхэм я япэ лъэхъэнэр.
16 января, 2019 - 05:08
Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм 2017 гъэм
мазаем и 28-м къыдигъэкIа унафэ №25-ПП-м зэхъуэкIыныгъэхэр хэлъхьэным и IуэхукIэ
Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм и Унафэ №221-ПП
2018 гъэм щэкIуэгъуэм и 28-м Налшык къалэ
16 января, 2019 - 05:06
«ЩIыпIэ мыхьэнэ зиIэ языныкъуэ Iуэхухэр къуажэ щIыналъэхэм егъэбыдылIэным и IуэхукIэ» Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Законым и 2-нэ статьям зэхъуэкIыныгъэ хэлъхьэным теухуауэ» Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Законым хуэгъэзауэ
Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Парламентым и Унафэ
16 января, 2019 - 05:05
ПщIэ зыхуэсщI Мухьэмэд Мусэбий и къуэ!
Уэри узиунафэщI «Адыгэ псалъэ» газетым и лэжьакIуэхэми си гуапэу сынывохъуэхъу Урысей печатым и махуэмкIэ!
ЛIэщIыгъуэм нэблэгъауэ фи газетыр щытщ къэхъукъащIэхэм я пэжыпIэр я анэдэлъхубзэкIэ щIэджыкIакIуэхэм ялъэзыгъэIэс Iэмал нэхъыщхьэу. Ар я Iэпэгъущ нэхъыжьхэми, нэхъыщIэхэми, IэщIагъэ зэмылIэужьыгъуэхэм ирилажьэхэми.
11 января, 2019 - 05:10
2019 гъэм и япэ махуэхэм «Iуащхьэмахуэ» бгы-лыжэ курортым я нэгу зыщезыгъэужьа туристхэм я бжыгъэр проценти 10-кIэ нэхъыбэщ, нэгъабэ и апхуэдэ зэманым щыIам елъытауэ.
11 января, 2019 - 05:08
Хэку зауэшхуэм хэта Герасименкэ Нинэ мы махуэхэм и ныбжьыр илъэс 95-рэ зэрырикъуамкIэ ехъуэхъуащ КъБР-м и Парламентым и УнафэщI Егоровэ Татьянэ.
28 декабря, 2018 - 05:00
КъБР-м и Правительствэм иджыблагъэ щекIуэкIащ КъэхъукъащIэхэмрэ абыхэм я лъэужьыр гъэкIуэдыжынымкIэ, мафIэс шынагъуэншагъэр къызэгъэпэщынымкIэ республикэ комиссэм и зэIущIэр.
26 декабря, 2018 - 05:08
КъБР-м и Парламентым щылажьэ ЧэнджэщакIуэ, Жылагъуэ советхэм хэтхэм дыгъэгъазэм и 21-м зэгъусэу ирагъэкIуэкIа зэIущIэм щытепсэлъыхьащ Къэбэрдей-Балъкъэрым и щIыуэпсыр зэрахъумэмрэ ар къызэрагъэсэбэпымрэ.
Страницы
|