Жылагъуэ

ЛIыхъужь нэсхэр

Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым и щIыхьэпIэ нэхъыщхьэм къыщызэIуахащ гъэ къэс ирагъэкIуэкI хабзэ «ЛIыхъужь нэсхэр» гъэлъэгъуэныгъэр. Ар хуэгъэпсащ ди къэралым Хэку зауэшхуэм ТекIуэныгъэ къызэрыщихьрэ мы гъэм илъэс 81-рэ зэрыхъум. Гъэлъэгъуэныгъэм утыку къыщрахьа сурэтхэмрэ хьэпшыпхэмрэ нэрылъагъу пщащI зауэм лIыгъэ къыщызыгъэлъэгъуа ди лIыхъужьхэм я гъащIэр къызэрекIуэкIар, зауэ гъуэгуанэр къызэракIуар, хахуагъэ яхэлъу бийм зэрыпэщIэтар.

КЪЭБЭРДЭЙ-БАЛЪКЪЭР РЕСПУБЛИКЭМ И ПРАВИТЕЛЬСТВЭМ И УНАФЭ

17 апреля 2026 г.  № 62-ПП     г. Нальчик

О внесении изменений в постановление Правительства Кабардино-Балкарской Республики от 29 января 2024 г. № 15-ПП

Правительство Кабардино-Балкарской Республики п о с т а н о в л я е т:

Фэеплъхэр щахъумэ

Дзэлыкъуэ щIыналъэм щыIэщ тхыдэ дэфтэр гъэщIэгъуэнхэр, тхылъхэр, хъыбар зиIэ хьэпшыпхэр, нэгъуэщI куэди щызэхуэхьэса Тхыдэ-лъахэхутэ музей. Дзэлыкъуэ щIыналъэм теухуауэ щыIэ архивыр, тхыдэ хъыбархэр, щIыпIэ телъыджэхэм теухуа тхыгъэ щхьэхуэхэр, сурэт гъэтIылъыгъэхэр, хьэпшып зэхуэмыдэхэр зэхуэхьэсыныр, хъумэныр, цIыхухэм егъэлъагъуныр - аращ музейм и IуэхущIафэхэр зытеухуар. Республикэм, къэрал псом цIэрыIуа щыхъуа цIыху куэд иIэщ мы щIыналъэм. Хэт гъуазджэм хэлъхьэныгъэ хуищIащ, хэт литературэм хэлэжьыхьащ, хэт щIэныгъэм гъуэгу щыпхишащ, хэт Хэку зауэшхуэм лIыхъужьу хэтащ.

ГъащIэ мытынш

ГъащIэм, гува-щIэхами, дэтхэнэ зы цIыхури егъэунэху. Апхуэдэхэм деж ар йогупсыс гугъуехьхэр зэрымыщIэкIэ къызэрымыхъур, атIэ цIыхум и шыIэныгъэм щыщ ар хъун зэрыхуейм. Адыгэм «ЦIыхуфэр Iувщ, хуэмышэчын Алыхьым къытрилъхьэркъым», - щIыжиIэр арагъэнщ. Куэд зэлъытар цIыхум къэхъур зэрызыхищIэрщ. ГъащIэм и гъурри цIынэри зыхищIэу, гъэунэхуныгъэхэм пхыкIыу, иужьым бынкIэ, лэжьыгъэкIэ, пщIэ игъуэтамкIэ зыIуэтэжа бзылъхугъэщ Багъэтыр (ТеуныкI) Лидэ.

КЪЭБЭРДЭЙ-БАЛЪКЪЭР РЕСПУБЛИКЭМ И ПРАВИТЕЛЬСТВЭМ И УНАФЭ

17 апреля 2026 г.  № 61-ПП     г. Нальчик

О реализации мер по оказанию поддержки льготным категориям граждан на покупку и установку газоиспользующего оборудования, проведение работ при социальной газификации (догазификации) в Кабардино-Балкарской Республике в 2026 году

Ухуэныгъэ хъыбархэр

Школ зэпэщ

«Егъэджэныгъэ IэнатIэм зегъэужьын» къэрал пэхуэщIэм ипкъ иткIэ Бахъсэн районым и Зеикъуэ къуажэм и курыт еджапIэ №3-р къызыхуэтыншэу зэрагъэпэщыж мы махуэхэм. Метр зэбгъузэнатIэу 3300-рэ зыубыд а школыр зэраухуэрэ илъэс щэ ныкъуэм щIигъуащ икIи абы лъандэрэ мыпхуэдэ лэжьыгъэшхуэхэр щрагъэкIуэкIакъым.

НобэкIэ лэжьакIуэхэм еджапIэм пкъыгъуэжьхэр къыпкърахыж, иужькIэ, унащхьэр, бжэ-щхьэгъубжэхэр, лъэгухэр, инженер коммуникацэхэр зэрахъуэкIынущ, пэшхэр къращIыкIынущ.

Бжьыпэр дыдейщ

Кавказ Ищхъэрэм и щIыналъэхэм я жыг хадэгъэкIхэм иужьрей илъэситхум пхъэщхьэмыщхьэмрэ маракIуэ лIэжьыгъуэхэмрэ щIыуэ хухахам и куэдагъым процент 20-кIэ хагъэхъуащ икIи гектар мин 43-м нызэрыхьэсащ. Ди къэралым псори зэхэту абыхэм хухахым я процент 25-рэ мэхъу ар. 
2025 гъэм КИФЩI-м и мэкъумэш, фермер IуэхущIапIэхэм пхъэщхьэмыщхьэрэ мэракIуэ лIэужьыгъуэу кърахьэлIэжам и куэдагъыр япэм щымыIэ бжыгъэхэм хуагъэкIуащ – тонн 1 мелуан. Къэбгъэлъагъуэмэ, 202I гъэм щегъэжьауэ хуэди 2,2-кIэ хагъэхъуащ. 

Пэжыр зи гъуазэхэр

КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек Телевиденэмрэ радиомрэ я урысейпсо къэрал IуэхущIапIэм (ВГТРК) и къудамэ Къэбэрдей-Балъкъэрым щыIэм и лэжьакIуэхэм ар илъэс 35-рэ зэрырикъуамкIэ ехъуэхъуащ.

ВГТРК-м и лэжьакIуэ гупыр IэщIагъэлI нэхъ лъэрызехьэхэр здэщыIэ IуэхущIапIэу къалъытэ икIи а щытхъур яхуэфащэщ.  Абы щолажьэ Iулыдж лъагэ зиIэ, къэрал псом къыщацIыху журналистхэр, репортёрхэр, информацэ зэбгрызытыкI и къудамэ псомкIи IэщIагъэлIхэр.

Ди щIалэгъуалэр зэманым докIу

Санкт-Петербург дэт «ЭкономикэмкIэ еджапIэ нэхъыщхьэ» лъэпкъ къэхутакIуэ университетым и IэщIагъэлIхэм утыку кърахьащ Налшык къалэ и студент щIалэгъуалэм я деж щрагъэкIуэкIа социологие къэхутэныгъэм кърикIуахэр. Ар къызэригъэпэщащ КъБКъУ-м и Социально-гуманитар институтым.

И процент 25-р псыщ

Къэрал куэдым я еджагъэшхуэхэм зэрыжаIэмкIэ, хьэршым щыIэ уафэщIхэм ящыщу цIыхухэр мызэкIэ нэхъ здибгъэтIысыкI хъунур ЩIы Хъурейм къедза Мазэрщ е ди планетэм хуэдэу Дыгъэм и хъуреягъыр зэпрызыгъэз Марсырщ. 
Пэжщ, ардыдэхэм зэрытрагъэчыныхьымкIи, зи гугъу ящI уафэщIхэм цIыхухэр щрагъэпсых къудей мыхъуу, зэман кIыхьым къриубыдэу щагъэпсэуныр зэкIэ зытегушхуэгъуейщ, а «хэгъэгухэм» я IэмыщIэ зигъэхуэныр хуабжьу зэрыдзыхьщIыгъуэджэм къыхэкIыу. 

Страницы

Подписка на RSS - Жылагъуэ