|
Жылагъуэ
30 июля, 2023 - 09:00
2015 гъэм къэралым щагъэлъэпIауэ щытащ Дагъыстэным и Дербент къалэм и ныбжьыр илъэс 2000 зэрыхъур. Апхуэдэ еплъыкIэр иджы дыдэ яхъуэжын хуей хъуащ - иужьрей къэхутэныгъэхэм къызэрагъэлъэгъуамкIэ, ар илъэс 5000-м нэсащ. БетэмалкIэ еджагъэшхуэхэр илъэс 3000-кIэ щыуэрт. ЩIэныгъэлIхэр Iуэхум щIэрыщIэу бгъэдыхьэн хуей щыхъуар Урысейм и Президент Путин Владимир иджыблагъэ Дагъыстэным щыкIуам, Дербент и ныбжьыр илъэс 5000 зэрыхъур яжриIа нэужьщ.
30 июля, 2023 - 07:31
Лъэпкъыр узыншэн щхьэкIэ, щIэб-лэм уегугъун хуейщ. ЩыцIыкIум щегъэжьауэ ар гъэсапхъэщ фIымрэ Iеймрэ зэхигъэкIыфу, ныбжьэгъум дэгуашэу, псэущхьэхэр фIыуэ илъагъуу, нэхъыжьым пщIэ хуищIу. Гъэсэныгъэм теухуауэ Iэмал нэхъыщхьэ дыдэу щыIэхэм ящыщщ тхылъыр.
30 июля, 2023 - 06:36
«Iуащхьэмахуэ» журналым илъэсым къриубыдэ и ещанэ къыдэкIыгъуэр дунейм къытехьащ, абы Iэ щIэзыдза псоми ар яIэрыхьакIэщ.
29 июля, 2023 - 12:02
Мы махуэхэм ди къэралым ягу къыщагъэкIыж Донбассым щекIуэкI къаугъэм хэкIуэда сабийхэр. Абы теухуа псалъэ КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек щыжиIащ Интернетым щиIэ напэкIуэцIым.
29 июля, 2023 - 09:01
Дэтхэнэ лъэпкъми и блэкIари и нобэри къэзыгъэлъагъуэу, и тхыдэр, хабзэр, щэнхабзэр къэкIуэну щIэблэхэм яхуэзыхъумэу щыIэр абы и анэдэлъхубзэращ, и тхыбзэращ. Ди гуапэ зэрыхъущи, ди республикэм и щIэныгъэрылажьэхэм, егъэджэныгъэ IэнатIэм зегъэужьыныр зи пщэрылъ къулыкъущIэхэм гулъытэ хэха хуащI щIыналъэм къихъуэ щIэблэм лъэпкъ щIэныгъэ ябгъэдэлъхьэным.
28 июля, 2023 - 16:25
Дунейм и къэхъугъэ нэхъ шынагъуэ дыдэхэм ящыщ зыуэ къалъытэ вулканхэм я къэукъубииныр. АбыкIэ бжьыпэр иIыгъщ Индонезием. Хы Щэхум цIыкIу-цIыкIуххэу хэпхъа абы и хытIыгухэм я дэтхэнэми щыIэщ щIэх-щIэхыурэ къыщиуд мафIэ жьэгуи 127-рэ.
28 июля, 2023 - 16:10
Электрон пощтыр щатхкIэ ипэмкIэ къызэрагъэлъагъуэ «@» пощтыр къэунэхуным куэдкIэ нэхъапэ ятхыу щытауэ къыщIокI.
28 июля, 2023 - 13:45
Сом мелуанитIым щIигъу
КъБР-м щыIэ МВД-м Экономикэ шынагъуэншагъэмрэ коррупцэм пэщIэтынымкIэ и управленэм и лэжьакIуэхэм къэлъыхъуэныгъэхэр щрагъэкIуэкIым къыщIагъэщащ Налшык къалэм фэтэр куэд хъу унэхэр зи нэIэм щIэт и IуэхущIапIитIым я унафэщIхэм я хуитыныгъэхэр къагъэсэбэпу хабзэм зэребэкъуар.
28 июля, 2023 - 10:07
Урысей ФСБ-м и управленэу КъБР-м щыIэм, КъБР-м щыIэ МВД-м я лэжьакIуэхэм экономикэм пыщIа щIэпхъаджагъэхэм пэщIэт Iуэхухэр ирагъэкIуэкIыу, къыщIагъэщащ «Р-57-Р» ООО-м и унафэщI Локьяев Р.Ж. хабзэншагъэ зэрилэжьар, «Демографие» лъэпкъ проектыр пхыгъэкIыным къыхуаутIыпща бюджет ахъшэм хэIэбащ ар.
Абы Налшык къалэм спорт объект зыбжанэ щыщаухуэм лэжьыгъэ гуэрхэр зэфIагъэкIа хуэдэу дэфтэр нэпцIхэр игъэхьэзыращ икIи къэралым сом мелуани 3,1-м щIигъу хэщIыныгъэ иритащ.
27 июля, 2023 - 14:00
Май районым и прокуратурэм диIыгъащ УФ-м и УК-м и 264.1 статьям и 1-нэ Iыхьэм къыщыхьа щIэпхъаджагъэр илэжьауэ Л. зэрагъэкъуаншэр.
ЗэраубзыхуамкIэ, Л. чэфу машинэр зэрызригъакIуэм къыхэкIыу административнэ жэуапым ирашэлIами, абы дерс гуэр къыхихакъым икIи аргуэру фадэ ефауэ рулым дэст.
Судым Л. къуаншэу къилъытащ икIи сыхьэт 240-кIэ ягъэлэжьэнущ, илъэси 2-кIэ транспорт зригъэкIуэну хуиткъым.
Абы къыдэкIуэу, суд зытращIыхьам и автомашинэр къытрахащ икIи къэралым ейуэ ятхащ.
Страницы
|