Жылагъуэ

Зэкъуэтыныгъэм и щапхъэт

2024 гъэм гъатхэпэм и 21-м Урысейм и ЦИК-м 163-нэ зэIущIэр иригъэкIуэкIащ икIи  Урысей Федерацэм и президент хэхыныгъэхэм къарикIуа­хэм теухуа протоколым мы­хъур трагъэуащ.

Студентхэм яхуэзащ

КъБР-м узыншагъэр хъумэнымкIэ и министр Къалэбатэ Рустам Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым и медицинэ колледжым и студентхэм яхуэзащ. Абыхэм я псалъэмакъыр теухуауэ щытащ республикэм узыншагъэр хъумэнымкIэ и IэнатIэм Iуэхум фIыуэ хэзыщIыкI IэщIагъэлIхэр хуэгъэхьэзырыным иIэ мыхьэнэм, студентхэм зыхуеджэ IэщIагъэр къызэрыхахам, ахэр IэнатIэкIэ къызэгъэпэща зэрыхъуным. ЗэIущIэм хэтащ республикэм и медицинэ IуэхущIапIэ зыбжанэм я унафэщIхэр.

«Уэ сыпхуоусэ, си адыгэбзэ!»

Апхуэдэ фIэщыгъэм щIэт зэIущIэ купщIафIэ иджыблагъэ щекIуэкIащ Налшык дэт курыт школ №33-м (унафэщIыр Блэныхь Казбекщ). Ар хуэгъэпсат Анэдэлъхубзэр хъумэнымрэ Адыгэ тхыбзэмрэ я махуэщIхэу махуэгъэпсым къыщыхэгъэбелджылыкIа, лъэпкъ мыхьэнэ зиIэ Iуэхугъуэхэм. Ди щIыналъэм щылажьэ еджапIэхэм, фигу къэдгъэкIыжынщи, мазае - гъатхэпэ мазэхэм щекIуэкIащ адыгэбзэмрэ литературэмкIэ дерс зэIухахэр, литературэ-макъамэ зэIущIэхэр. Апхуэдэхэм ящыщт къалащхьэм дэт 33-нэ еджапIэм къыщызэрагъэпэщари. 

Пхъэщхьэмыщхьэ хъумапIэхэм къахохъуэ

Къэбэрдей-Балъкъэрым и пхъэщхьэмыщхьэ хъумапIэхэр процент 40-кIэ нэхъыбэ ищIащ иужьрей илъэситхум къриубыдэу икIи нобэкIэ абыхэм зэуэ щIэхуэнущ тонн мин 298,5-рэ, щыжаIащ КъБР-м Мэкъумэш хозяйствэмкIэ и министерствэм. 
Иджырей зэманым къигъэув къалэнхэр гъэзэщIэным хуэщIа пхъэщхьэмыщхьэ хъумапIэхэр ухуэныр республикэм и мэкъумэш-промышленнэ комплексым щынэхъыщхьэхэм ящыщщ. Ар къызыхэкIыр пхьэщхьэмыщхьэрэ мэракIуэ лIэужьыгъуэу республикэм къыщрахьэлIэм, абыхэм къыщIэупщIэхэм я бжыгъэм илъэс къэс къызэрыхэхъуэрщ. 

Къуажэхэм зегъэужьыныр япэ ирагъэщ

«Къуажэхэм сыт и лъэныкъуэкIи зегъэужьын» лъэпкъ пэхуэщIэм и фIыгъэкIэ 2019 - 2023 гъэхэм къриубыдэу Къэбэрдей-Балъкъэрым и жылэхэм ящыщу 18-м я автомобиль гъуэгуу 19 къагъэщIэрэщIэжащ е щIэуэ яукъуэдиящ. Абыхэм псоми зэхэту километр 26,5-рэ я кIыхьагъщ. 

ГъэшхэкIым щIэупщIэ иIэщ

«Россельхознадзор»-м Кавказ Ищхъэрэм щиIэ управленэм и пресс-IуэхущIапIэм иджыблагъэ къызэритамкIэ, 2024 гъэм и щIышылэ - мазаехэм къриубыдэу Къэбэрдей-Балъкъэрым гъэшхэкIыу нэгъуэщI щIыналъэхэм яхуригъэшар тонни 170,2-рэ мэхъу. Ар хуэди 4,7-кIэ нэхъыбэщ нэгъабэ и иджы хуэдэ зэманым щыIа бжыгъэхэм нэхърэ.

Я нэIэм щIэтщ

Уэсыр текIыну хунэмысауэ япэ гъатхэ гъэгъахэр къипч зэрымыхъунум ехьэлIауэ гъэ кIуам унафэ къащтащ. Псоми фIыуэ яцIыху, уэсыр темыкI щIыкIэ къэщхьэлъэ ажэгъуэмэхэр, крокусхэр, примулэ зэмыфэгъухэр, пролескэ щIыхухэр, нэгъуэщIхэри.

Аруан щIыналъэр нэхъри ирагъэфIакIуэ

«ПсэупIэмрэ къалэ щыIэкIэмрэ» лъэпкъ пэхуэщIэм хыхьэу лажьэ «Къалэхэм псэукIэ зэIузэпэщ къыщызэгъэпэщын» пэхуэщIэр КъБР-м и Аруан щIыналъэм хъарзынэу щагъэзащIэ. Псалъэм къыдэкIуэу, 2018-2023 гъэхэм къриубыдэу, фэтэр куэду зэхэт унэхэм я пщIантIэу 64-рэ къагъэщIэрэщIэжащ. Апхуэдэу, цIыху куэд щызэхуэс щIыпIэу 10 зыхуей хуагъэзащ – абы хохьэ къалэ утыкушхуэу 3, цIыху зыгъэпсэхупIэу 3, къалэ жыг хадэ цIыкIуу 2, фэеплъу 1, цIыху куэдым зэуэ зыщагъэпсэху щIыпIэу 1.

Гъуэгу лэжьыгъэхэм пащэ

«Уафэ къабзэ» лъэпкъ пэхуэщIэм хиубыдэу Налшык и Балъкъэр уэрамым лэжьыгъэ щхьэхуэхэр щрагъэкIуэкI. Мы зэманым ирихьэлIэу гъуэгум и IуфитIым щIытI лэжьыгъэхэр щызэфIагъэкIри, гъуэгурыкIуэхэм зэран яхуэмыхъун хуэдэу, кIэнауэхэр пагъэщхьэхукIащ. ПэхуэщIэм ипкъ иткIэ троллейбус кIапсэхэр зрикIуэ пкъохэмрэ абы екIуалIэ кIапсэхэмрэ зыхуей хуагъэзэнущ, гъуэгу лэжьыгъэхэм къадэкIуэу, лъакъуэрыгъажэ къэжыхьыпIэхэри яухуэнущ.

ЗыгъэпсэхуакIуэхэм ядэлэжьэнухэр ягъэхьэзыр

«Туризмэмрэ хьэщIагъэм ехьэлIа Iуэхугъуэхэмрэ» лъэпкъ пэхуэщIэм хыхьэу Къэбэрдей-Балъкъэрым и щIыпIэ дахэхэм щыгъуазэ зыщIу дунеяплъэхэр, зыгъэпсэхуакIуэхэр къезышэкI экскурсоводхэмрэ тэрмэшхэмрэ, псори зэхэту цIыху 50-м, я IэнатIэм зэрыхуэфащэм ехьэлIа къэпщытэныгъэхэр дызэрыт илъэсым ирагъэкIуэкIынущ.

Страницы

Подписка на RSS - Жылагъуэ