Жылагъуэ

Мамырыгъэ къытхуэхь, гъатхэ дахэ!

ФIэхъус апщий, щIылъэр гуфIэу
Зи IэфIагъэм дэуша,
Бзу гуфIахэр зи пшыналъэу
Дунейр гуапэу зытепса!
 ЩоджэнцIыкIу Алий

Нэхумрэ кIыфIымрэ зэхуэдэ щыхъу

ЩIыуэпсым и зыхъуэжыкIэм кIэ­лъыплъ еджагъэшхуэхэри цIыху къы­зэрыгуэкIхэри дрищыхьэту, «ЩIым и махуэ» зыфIаща Iуэхугъуэхэр ди планетэм тет къэралхэм я нэхъыбэм гъатхэпэм и 20 – 22-хэращ щрагъэкIуэкIыр. 

Нэгъабэ елъытауэ кIэрыхуркъым

Мы гъэм и пэщIэдзэм Къэбэрдей-Балъкъэрым и цIыхухэм пщIэ зыщIат Iуэхутхьэбзэу хуалэжьащ сом мелард 74,6-рэ и уасэ. Нэгъабэ и апхуэдэ пIалъэм щыIа бжыгъэхэм проценти 100,5-кIэ хуокIуэ ар. 

Сатум хохъуэ

2026 гъэм и щIышылэм Къэбэрдей-Балъкъэрым розницэ сатууэ щащIам сом мелард 25,9-рэ къыпэкIуащ е нэгъабэ и апхуэдэ пIалъэм щыIа бжыгъэхэм проценти 107,9-кIэ ­хуокIуэ, къитащ иджыблагъэ Кавказ Ищхъэрэм Статис­тикэмкIэ и управленэм.

ПсэупIэм пыщIа Iуэхутхьэбзэхэм гукъанэ къащIыхэкIыр

КъБР-м и Парламентым «стIол хъурей» ­жыпхъэм иту иджыблагъэ щекIуэкIа зэIущIэм депутатхэр щытепсэлъыхьащ Къэ­бэр­дей-­Балъкъэрым и ЖКХ-м епха гугъуехьхэм, псыкIэ, хуабэкIэ, уэздыгъэкIэ, газкIэ къызэзыгъэпэщ IуэхущIапIэхэмрэ унэхэр зэIузэпэщу щытыныр зи къалэн компаниехэмрэ я лэ­жьыгъэм. ЗэIущIэр и жэрдэмт УхуэныгъэмкIэ, псэупIэ-коммунальнэ IэнатIэмрэ гъэсыныпхъэ-энергетикэ IуэхущIапIэмкIэ комитетым.

Узыфэхэм зэрапэщIэт Iэмалхэр ягъэбелджылы

КъБР-м и Парламентым Лэ­жьыгъэмкIэ, социальнэ политикэмкIэ, узыншагъэр хъумэ­нымрэ ветеранхэм я IуэхухэмкIэ и комитетым иджыблагъэ щытепсэлъыхьащ эндокринологиемкIэ медицинэ дэIэпыкъуныгъэ хэха Къэбэрдей-­Балъкъэрым зэрыщратым.

Мэкъумэш щIэныгъэри я тегъэщIапIэу

ЩIы Хъурейм и гравитацие губгъуэр е, нэгъуэщIу жытIэмэ, зыщIэзышэ и къарум и къэухьыр щIыпIэ-щIыпIэкIэрэ къызэрыщыкIуэр, бгыхэм, къуэладжэхэм, мэзхэм, псыхэм, губгъуэхэм, нэгъуэщIхэми инагъ-цIыкIуагъ и лъэныкъуэкIэ я зэхэлъыкIэр картэрэ сурэту тхылъымпIэм зэрытрагъэзагъэ бгъэдыхьэкIэхэр зыдж щIэныгъэщ геодезиемрэ картографиемрэ.
Математикэмрэ физикэмрэ лъабжьэ зыщIа а унэтIыныгъэр япыщIащ гъавэ тесэкIэм, ар щащIэ щIыгум кIэлъыплъынымкIэ IэщIагъэхэми геологие, географие, геоботаникэ щIэныгъэхэми. 

ЩIэныгъэм зи гъащIэр тезыухуа

КIуэкIуэ Валерэ и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал мэкъумэш университетым и профессор, биологие щIэныгъэхэмкIэ доктор Джатокъуэ Олег Уэлий и къуэр ящыщщ лъэпкъ щIэныгъэм и къэкIуэнум псэ хьэлэлкIэ хуэлажьэ еджагъэшхуэхэм. ЗэфIэкI лъагэ зыбгъэдэлъ, адыгэм и цIэр фIыкIэ жыжьэ щызыгъэIуф IэщIагъэлIыр УФ-м цIыхухэм щIэныгъэ егъэгъуэтынымкIэ и IэнатIэм щIыхь зиIэ и лэжьакIуэщ. ЗыIэригъэхьэ ехъулIэныгъэхэр къалъытэри, Джатокъуэр пщIэ хуащIу хагъэхьащ Естественнэ щIэныгъэхэмкIэ Урысей Академием.

ЗэфIэкIым хагъахъуэ

Къэбэрдей-Балъкъэрым промышленнэ, медицинэ, химие, полупроводник, н. къ. продукцэхэм елэжь и IуэхущIапIэхэм зэфIэкIыфIхэр къагъэлъэгъуащ илъэс блэкIам икIи абыхэм зэхэту хьэпшып зэхуэмыдэу къыщIагъэкIамрэ нэгъуэщI щIыпIэхэм хурагъэшамрэ я куэдагъымкIэ Кавказ Ищхъэрэм япэ увыпIэр ди республикэм щиIыгъщ. КъБР-м ПромышленностымкIэ, энергетикэмрэ сатумкIэ и министерствэм нэгъабэ иригъэкIуэкIа лэжьыгъэхэр къыщапщытэжа зэIущIэм ар щыжаIащ иджыблагъэ. Абы хэтащ КъБР-м и Правительствэм и УнафэщIым и япэ къуэдзэ Говоров Сергей. 

Уралым щыщхэри къыдахьэх

2030 гъэм ирихьэлIэу Урал федеральнэ округым къикIыу Къэбэрдей-Балъкъэрым къакIуэ туристхэм я бжыгъэм хуэдитIкIэ хагъэхъуэн мурад щыIэщ. Псалъэм къыдэкIуэу, а щIыналъэм и цIыху мин 50-м нэблагъэ ди деж щыхьэщIащ нэгъабэ. Псори зэхэту республикэм къакIуэхэм я проценти 2,5-рэ хъууэ аращ ар. 

Страницы

Подписка на RSS - Жылагъуэ