Жылагъуэ

Гъуэгуухуэхэр бэлэрыгъыркъым

Тэрч щIыналъэм и унафэщIхэм зэфIэкIыу яIэр ирахьэлIэ гъуэгухэр зыхуей хуэгъэзэным ехьэлIа лъэпкъ пэхуэщIэр IэужьыфIэу гъэзэщIэным.
Абы хиубыдэу Инарыкъуей, Курп Ипщэ жылэхэм километри 4 зи кIыхьагъ гъуэгур щызэрагъэпэщыжащ: асфальтыщIэ тралъхьащ, лъэс зекIуапIэхэр къагъэщIэрэщIэжащ, уэрам зэпыхьэпIэхэм ягъуэта сэкъатхэр ягъэзэкIуэжащ, иджырей светодиоднэ светофорхэр щагъэуващ, гъуэгур и кIыхьагъкIэ къагъэнэхуащ.

МыкIуэдыжын лъэужь

Абхъаз республикэм и цIыхубэ усакIуэ, тхакIуэ, Социалист Лэжьыгъэм и ЛIыхъужь Шинкубэ Бэгърат 1917 гъэм накъыгъэм и 12-м Члоу абхъаз къуажэм къыщалъхуащ. Къуажэ курыт еджапIэм иужькIэ, Сыхъум дэт педагогикэ техникумыр, иужькIэ пединститутыр къиухащ, и щIэныгъэ лэжьыгъэри аспирантурэм щыпхигъэкIащ.

Адыгэ ныпым и къарур ди нэгу щIокI

Адыгэ ныпым и гугъу япэ дыдэ зыщIар инджылыз зыплъыхьакIуэ Спенсер Эдмундщ. «Шэрджэс щIыналъэм сызэрыкIуар» тхылъым абы къыщиIуэта гупсысэхэм тетхыхьащ адыгэ тхакIуэ Къуиикъуэ Асфар.

Хьид махуэр ягъэлъапIэу

Муслъымэн псоми зэдай НэщIикIыж хьид махуэ лъапIэр дэтхэнэ адыгэ унагъуэми, жылэми хуэдэу щаIэтащ Лэскэн районым хыхьэ Урыху (Къугъуэлъкъуей) къуажэм. 

Псы къиугъуэ лъэхъэнэм зыхуагъэхьэзыр

Ди республикэм и гидротехникэ ухуэныгъэхэр псы къиугъуэмрэ псыдзэм и къехыгъуэмрэ хуагъэхьэзыр. Абыхэм нобэ яIэ щытыкIэр къипщытащ «РусГидро» IуэхущIапIэм и Къэбэрдей-Балъкъэр къудамэм къызэригъэпэща комиссэ щхьэхуэм.

Гъуэгу ухуэныгъэхэр зэпыуркъым

«ФIагъ лъагэ зиIэ гъуэгу шынагъуэншэхэр» къэрал программэм и фIыгъэкIэ Къэбэрдей-Балъкъэрым дызэрыт илъэсым къриубыдэу километр 60 зи кIыхьагъ гъуэгу щызэрагъэпэщыжыну къапэщылъщ.

Сабийхэм я нэIэ тетщ

ЩIэныгъэ гуэдзэн щIэблэм щрату Налшык дэт «Эрудит» центрым илъэс куэд хъуауэ хабзэфIу къыщокIуэкI сабий сымаджэхэм ядэIэпыкъуныр.

НэщIикIыж хьидым щIыналъэр егъэбжьыфIэ

Мыгъэрей НэщIикIыж хьидыр гъатхэм и дахэ­гъуэу зэрырихьэлIам нэ­мыщI, мэрем махуэми те-хуащ. Къэбэрдей-Балъкъэрым къали къуажи къина къыщIэкIынкъым ар Iэтауэ щамыгъэлъэпIауэ.

«ТхьэкIумащIэм и шыр»

         Налшык и уэрамхэрами нэгъуэщI зы къалэ, къуажэ удыхьауэ щытми, япэу гулъытэ зыхуэпщIхэм ящыщщ фэеплъхэр. Лъэпкъым и лIыгъэри гупсысэри зыхэлъ апхуэдэ фэеплъхэр тхыдэм и гъуджэщ, блэкIамрэ къэкIуэнумрэ зэпызыщIэщ. Ди лIыхъужь нэсхэр щIэблэм яцIыхуным теухуауэ абыхэм мыхьэнэшхуэ зэраIэм шэч хэлъкъым.

Ди республикэм иIэщ зауэлIхэм, еджагъэшхуэхэм, тхакIуэхэм, усакIуэхэм хуагъэува фэеплъ 600-м нэблагъэ. Ауэ дыщыгъуазэ псори апхуэдэ лэжьыгъэшхуэхэр дунейм къызэрытехьамрэ ахэр зи Iэдакъэ къыщIэкIахэр хэтми?!

Зэманыр пызыбжыкI

Пасэ лъандэрэ цIыхухэр и ужь итт зыхэпсэукI зэманыр къапщытэну. Абы папщIи къагъэсэбэпырт щIыуэпсым теухуауэ яIэ щIэныгъэр. Нобэ дэ десащ зэпымыууэ ди Iэпэгъу махуэгъэпсым. Ауэ абы тхыдэ иIэщ. АтIэ дапщэщ япэ махуэгъэпсхэр къыщыунэхуар, сыт хуэдэт ахэр, хэт къэзыгъэсэбэпу щытар?

Страницы

Подписка на RSS - Жылагъуэ