Ди къэралышхуэм и тхыдэм и напэкIуэцIхъэм мымащIэу хэтщ абы и цIыхухэр гъэунэхуныгъэ щытыкIэ ткIийхэм щиува лъэхъэнэхэр. Апхуэдэхэщ, къапщтэмэ, лIэщIыгъуэ блэкIам и нэхъ къэхъукъащIэ гужьеигъуэ дыдэхэм халъыта, 194I-1945 гъэхэм екIуэкIа Хэку зауэшхуэр, ди къэрал гъунапкъэхэр яхъумэу хамэ щIыналъэхэм щрагъэкIуэкIа дзэ Iуэхугъуэхэр, гъунэгъу щIыпIэм мы зэманым щекIуэкIхэр, нэгъуэщIхэри. Абыхэм ящыщ дэтхэнэми къэмыланджэжу хэтащ ди щIалэхэр, лIыгъэрэ хахуагъэрэ къагъэлъагъуэу.