|
Жылагъуэ
9 февраля, 2023 - 09:13
Къэрал кIуэцI IуэхухэмкIэ министру КъБР-м щыIэ Павлов Василий ехъуэхъуащ Урысей чемпионатым ехъулIэныгъэ къыщызыхьа я лэжьакIуэхэм.
2023 гъэм щIышылэм и 24 - мазаем и 4-хэм Суздаль къалэм щекIуэкIащ Урысей МВД-м Iэщэншэу зыхъумэжынымрэ самбэмкIэ и чемпионат.
Зэхьэзэхуэм хэтащ къэралым и щIыналъэ 50-м щIигъум щыщхэр - къэрал кIуэцI IуэхухэмкIэ органхэм я лэжьакIуэхэр, апхуэдэуи ведомствэ еджапIэхэм я лIыкIуэхэу Урысейм спортымкIэ и мастеру, дунейпсо класс зиIэу 35-рэ.
КъБР-м щыIэ МВД-м и гупым командэ зэпеуэхэм ещанэ увыпIэр къыщихьащ.
9 февраля, 2023 - 08:22
Урысей ФССП-м и Управленэу КъБР-м щыIэм щекIуэкIащ 2022 гъэм я лэжьыгъэм кърикIуахэм теухуа зэIущIэ. Урысейм и суд приставхэм я федеральнэ къулыкъум и управленэу КъБР-м щыIэм и унафэщI – Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Суд пристав нэхъыщхьэ Бауаев Ахъмэт зэпкърыхауэ тепсэлъыхьащ я лэжьыгъэм зэрыпэлъэщам.
КъызэднэкIа илъэсым IэнатIэм и лэжьыгъэр нэхъыбэу зытригъэщIахэм ящыщщ цIыхухэм я хуитыныгъэхэмрэ хабзэм ипкъ иткIэ я сэбэп зыхэлъхэмрэ къызэгъэпэщыныр.
9 февраля, 2023 - 07:08
Дунейпсо Адыгэ Хасэм ди лъэпкъэгъухэм я сабийхэмрэ щIалэгъуалэмрэ ядэлэжьэным гулъытэ хэха хуэщIыныр пщэрылъ зыщищIыжа Iуэхугъуэхэм ящыщщ.
9 февраля, 2023 - 06:05
Налшык къалэм и Къэбэрдей уэрамым тет, макъамэ щIэныгъэ щрагъэгъуэт IуэхущIапIэ №2-м иращIылIэ ухуэныгъэ-зэзыгъэпэщыж лэжьыгъэхэр иджыблагъэ зэфIэкIащ, абы ехьэлIа гуфIэгъуэ зэIущIэшхуи екIуэкIащ.
Iэтауэ даха махуэщIым хэтащ Налшык къалэм щIыпIэ унафэр щызехьэнымкIэ и IуэхущIапIэм и IэщIагъэлIхэр, щэнхабзэмрэ гъуазджэмрэ я лэжьакIуэхэр, егъэджакIуэхэмрэ унэтIакIуэхэмрэ, еджапIэр къэзыухахэмрэ абы иджыри щIэныгъэ щызэзыгъэгъуэт ныбжьыщIэхэмрэ, гъэсэнхэм я адэ-анэхэр.
8 февраля, 2023 - 11:30
Къулъкъужын къуажэм къыщыхъуа, щеджа адыгэ пщащэ Къуэдз Аксанэ илъэс 20-м нэблэгъауэ Германием щопсэу, щолажьэ. Унагъуэщ, пхъуитI иIэщ. Нэмыцэ къэралыгъуэм къыщаIэт сыт хуэдэ адыгэ Iуэхуми жыджэру хэтщ, щIэблэм адыгэбзэр егъэщIэным и гуащIэ хелъхьэ. Аксанэ «Адыгэ псалъэ» газетым и хьэщIэщым къеблэгъати, упщIэ зыбжанэкIэ зыхуэдгъэзащ.
8 февраля, 2023 - 10:25
Къэбэрдей-Балъкъэрым ЩIалэгъуалэм я IуэхухэмкIэ и министерствэм хъыбар къызэритамкIэ, 2023 гъэм мазаем и 16-м къыщегъэжьауэ и 18 пщIондэ Iуащхьэмахуэ щIыналъэм хэгъэгупсо хэкупсэ Iуэхугъуэ щекIуэкIынущ. «Кавказым папщIэ ди псэр ттащ» зи фIэщыгъэ жэрдэмыр Iуащхьэмахуэ лъапэ нэмыцэ зэрыпхъуакIуэхэм къыщыIэщIахыжамрэ Совет къралыгъуэм и ныпыр бгы щыгум щытрагъэувамрэ илъэс 80 щрикъум ирихьэлIэу къыхалъхьащ.
8 февраля, 2023 - 09:30
Гъэ еджэгъуэщIэм щIидзэжри, класс унафэщIыр щIыхьащ 6-нэ класс хъуа цIыкIухэр зыщIэс пэшым. Дэтхэнэми я нэгу зырызэ иплъа егъэджакIуэр сабийхэм ехъуэхъури, псори зэхуэдэу фIыуэ зэрилъагъур жиIащ. Ар пцIыт, сыт щхьэкIэ жыпIэмэ, фаджэлыджэу хуэпарэ зызэкIуэцIигъэпщхьауэ иужь партэм дэс щIалэ цIыкIур фIыуэ илъагъуртэкъым абы.
8 февраля, 2023 - 07:45
Дунейпсо Адыгэ Хасэм и лэжьыгъэр унэтIыныгъэ зыбжанэу зэрызэхэтыр, дэтхэнэ зыми лъэпкъ гъащIэм ехьэлIа Iуэхугъуэ зэмылIэужьыгъуэ куэд къызэрызэщIиубыдэр къыхэщащ Налшык къалэ иджыблагъэ щекIуэкIа Дунейпсо Адыгэ Хасэм и зэIущIэ убгъуам Сэхъурокъуэ Хьэутий къыщипсэлъам. Тхьэмадэм и псалъэм курых хуищIащ анэдэлъхубзэмрэ лъэпкъ щэнхабзэмрэ хъумэн икIи зегъэужьын, хамэщI щыпсэу ди лъэпкъэгъухэр адэжь лъахэм къешэлIэжын зэрыхуейр. А гуращэхэр зэщIэным лэжьыгъэ зыбжанэ ещIэкIащ.
7 февраля, 2023 - 15:55
ЦIыхум и узыншагъэр къалъытэн, къефыкI узыр зищIысыр къащIэн папщIэ, и Iэпэм е и Iэблэм лъы хаш. Абы и зэхэлъыкIэм (зыгуэр ебэкIмэ е къыхуэтмэ) елъытауэ дохутырм жиIэфынущ узыр къызыхэкIари, зищIысри, зэрагъэхъужри.
7 февраля, 2023 - 14:00
Урысей ФСБ-м и Управленэу КъБР-м щыIэмрэ КъБР-м щыIэ МВД-мрэ я лэжьакIуэхэм экономикэ щIэпхъаджагъэхэм пэщIэтынымкIэ Iуэхухэр щрагъэкIуэкIым къызэпаудащ «Егъэджакуэхэм я Iэзагъэм хэгъэхъуэнымкIэ центр» къэрал бюджет IуэхущIапIэм и унафэщIу щытахэм язым зэрихьа хабзэншагъэр.
Абы республикэм и егъэджакIуэхэм я IэщIагъэм хагъэхъуэнымкIэ программэр пхигъэкIыу, цIыхухэм щIэныгъэ ягъэгъуэтыным теухуа зэгурыIуэныгъэ нэпцI 45-рэ ярищIылIащ. Апхуэдэ хабзэншагъэм кърикIуащ хэщIыныгъэ сом мелуан 1,5-м нэблагъэ.
Страницы
|