Жылагъуэ

ФIэщхъуныгъэр яфIэмыкIуэду

Мы гъатхэм илъэс 79-рэ ирокъу балъкъэр лъэпкъым политикэ щхьэусыгъуэкIэ я хэкур зэрырагъэбгынэрэ. 1944 гъэм гъатхэпэм и 8-м балъкъэрхэр я щIыналъэм залымыгъэкIэ ирахуауэ щытащ. СССР-м ЗыхъумэжыныгъэмкIэ и къэрал комитетым ищIа унафэм ипкъ иткIэ, Къэрал кIуэцI IуэхухэмкIэ цIыхубэ комиссариатым а лъэпкъым ящыщ цIыху 37 713-рэ махуитIым къриубыдэу ирашат ди республикэм. Ахэр Курыт Азиемрэ Къэзахъстанымрэ я щIыпIи 120-м хагуэшат. 

ЩIыуэпсыр тхъумэну ди къалэнщ

Налшык къалэр Урысейм и щIыпIэ нэхъ дахэ дыдэхэм ящыщу къалъытэ. 

Iуащхьэмахуэ лъапэ зыщагъэпсэху

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм Курортхэмрэ туризмэмкIэ и министерствэм и пресс-IуэхущIапIэм хъыбар къызэрыдигъэщIамкIэ, мазаем и 23-26 махуэхэм Iуащхьэмахуэ лъапэ зыщагъэпсэхуащ цIыху мин 28-м нэс. 

ГъащIэр ядэгъэпсынщIэныр нэхъапэщ

         Упсэуну гугъу хъуащ, щыжаIэ зэманым цIыхум щIэгъэкъуэн ухуэхъуным, гуапагъэ пщIэным псапэшхуэ пылъщ. Апхуэдэ Iуэхум нобэ зи зэманрэ къарурэ щымысхьу тезыгъэкIуэдэф бзылъхугъэхэм ящыщщ КъуэщIысокъуэ Зарэ. Ар яхэтщ республикэм и волонтёрхэм икIи мыхьэнэшхуэ зиIэ Iуэхухэр къызэрегъэпэщ.

         2006 гъэм Зарэ ехъулIэныгъэ иIэу къиухащ Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым экономикэмкIэ и магистратурэр. Апхуэдэуи мы гъэм щIэныгъэ нэхъыщхьэ етIуанэр абы щызэрегъэгъуэт КъБКъУ-м ПедагогикэмкIэ, психологиемрэ ФСО-мкIэ и институтым.

Тхылъ цIэрыIуэ зыбжанэ

Гиннессым и рекордхэм я Тхылъыр

Гиннессым и дунейпсо рекордхэм я тхылъым и цIэр хэт зэхэзымыхар! Ауэ, дуней псом къыщыхъу рекордхэр зэхуэпхьэсурэ Тхылъым иптхэн гупсысэ гъэщIэгъуэным къежьапIэ хуэхъуар куэдым къыбжаIэфыну къыщIэкIынукъым. Нэхъ гъэщIэгъуэныжращи, пивэ цIэрыIуэм и маркэмрэ рекордхэм я тхылъымрэ сыту пIэрэ зэхуаIуэхур?

Илъэси 10-кIэ ягъэтIысынкIэ мэхъу

 

 Урысей ФСБ-м и Управленэу КъБР-м щыIэмрэ КъБР-м щыIэ МВД-мрэ я лэжьакIуэхэм экономикэ щIэпхъаджагъэхэм пэщIэтынымкIэ Iуэхухэр щрагъэкIуэкIым къыщIагъэщащ «Газпром газораспределение Нальчик» АО-м Дзэлыкъуэ районым щиIэ къудамэм и лэжьакIуитIыр улахуэу ятын хуей  ахъшэм зэрыхэIэбэр, ар къэзымылэжьахэм хуатхыурэ ахъшэр къызэрадыгъур.

КъызэрыщIагъэщамкIэ, хэщIыныгъэр сом мелуан 1,8-м щIегъу.   

Гъуэгуанэ купщIафIэ

Гъатхэпэм и 1-р Къэрал кIуэцI IуэхухэмкIэ органхэм я эксперт-криминалист IэнатIэр къыщызэрагъэпэща махуэщ. Ди тхыгъэр зытеухуар КъБР-м щыIэ МВД-м и апхуэдэ IэнатIэм и ветеран, зи къалэныр щIыхь пылъу, хуэпэжу езыхьэкIа Щоджэн Нурбийщ.

ЛъэпкъыцIэр зымыгъэкIуэдыр

Адыгэ жьэгум и мафIэр Тыркум щигъаблэу, къызыхэкIа лъэпкъым щхьэкIэ и псэр итыну хьэзыру псэуащ тхыдэдж, хеттолог Чурей Алий. Ар иджыблагъэ дунейм ехыжащ илъэс 86-м иту. Куэдым къызэкъуамыхыфын къарурэ гулъытэрэ хэлъащ Алий, ныбжьэгъугъэм, къуэшыгъэм япэ иригъэщ зы Iуэхуи щымыIэу. Алий адыгэ тхыдэм хэлъхьэныгъэ куэд хуищIащ, хьетхэм я деж щегъэжьауэ къэхутэныгъэ куэд иригъэкIуэкIри, и лэжьыгъэхэр зэрыт тхылъ зыбжани къыдигъэкIащ. Тыркум ис адыгэхэм ящыщу абы и закъуэщ хьэттхэм тетхыхьыр, хеттологыу щыIэр.

Дабжын щыщIадзар

Япэ дыдэу цIыхухэм ятеухуа хъыбархэр зэхуахьэсын щIадзауэ щытащ тэтэрхэмрэ монголхэмрэ тепщэу щыщытам. Абы и щхьэусыгъуэри налог къыхэхынырт.

Иджы щIыр кIуэцIрощэт

ЗэгурымыIуэныгъэмрэ зэныкъуэкъумрэ пщызыгъэгъупщэ нэщIэбжьэ къыщыхъуащ Тыркум. Дуней псор щыхьэт техъуащ щIыуэпсыр дэ нэхърэ куэдкIэ зэрынэхъ лъэщым, цIыху цIыкIур зэрымахэм. ЩIыхъейр мыужьыхауэ, къытрегъазэ, мин бжыгъэкIэ абы ихьа гъащIэм къыхигъахъуэу. ЩIэныгъэлIхэр хуэхьэзырщ щIыхъейм кърикIуэнкIэ хъуну псыдзэм, ауэ сыт епщIэнур щIыпIэ-щIыпIэкIэ Тыркум и щIыр зэрыщыпхыщэтым?

Страницы

Подписка на RSS - Жылагъуэ