Жылагъуэ

ЩIыхуэр зытригъэкIащ хамэ къэрал зыщигъэпсэхун папщIэ

Урысей ФССП-м и управ­ленэу КъБР-м щыIэм и Май район къудамэм щIэлът щIы­пIэм щыпсэум ехьэлIа тхы­лъыр. ЦIыхухъум балигъ мыхъуа и къуэр ипIынымкIэ и ­къалэным зэман кIыхькIэ зыпыIуидзат икIи сом мини 120-рэ щIыхуэу къытехуат. 

Бэшэчагъымрэ гупсысэмрэ зрагъэужь

КъБР-м щыIэ Урысей гвардием и управленэм ще­кIуэ­кIащ шахматымкIэ зэпеуэ. Абы хэтащ щIыналъэ управ­ленэм и IэнатIэхэм я лэ­жьа­кIуэхэмрэ дзэ къулыкъущIэ­хэмрэ.

И дуней тетыкIэкIэ къызыхэкIар зыгъэин

«Адыгэ псалъэ» газетым и шофёр Соблыр Хьэсэнбий щIышылэм и 29-р къыщалъхуа махуэщ. Соблырыр унагъуэщ, хъыджэбзитIрэ зы щIалэрэ иIэщ. Гугъуехьым, лэжьыгъэм къыпимыкIуэт цIыхущ. 

Псэр зыгъэтынш ди Маринэ

Лэжьэгъур къызэрыпцIыхур и лэжьэкIэрщ. ЦIыхум и теплъэми, и купщIэми, и хьэлми куэд къыбжаIэ, ауэ гупым абы щиIэ пщIэр къызэ­рихьыр псоми зэгъусэу ягъэзащIэ ­къалэным хилъхьэ жэуаплыныгъэрщ, напэрщ, гумызэгъагъырщ. 

БлэкIар тщыгъупщэ хъунукъым

ЩIышылэм и 20-м Кэнжэ къуажэм щагъэлъэгъуащ «Рос­сия I» телеканалым и Къэбэрдей-Балъкъэр къудамэм и унафэщI, Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм щIыхь зиIэ и журналист Къэзанш Людмилэ и жэрдэмкIэ 2021 гъэм траха «Шоколадымрэ фашизмэмрэ» («Про шоколад и обыкновенный фашизм») документальнэ фильмыр. 

Къалъыхъуэ!

Урысей МВД-м Тэрч районым щиIэ къудамэм зэхегъэкI зи хъыбар ямыщIэ Умар Виталий Владимир и къуэр, 1972 гъэм къалъхуар, Тэрч къалэм щатхар, здэщыIэр.

Сабийхэм я нэкIэ

Къэбэрдей-Балъкъэрым наIуэ щыхъуащ художественнэ творчествэмкIэ зэпеуэм, «Участковэр - сабийхэм я нэкIэ» зыфIащам, и пэщIэдзэ Iыхьэм щытекIуахэр.

Шей пщтыркIэ

Къэбэрдей-Балъкъэрым и полицейхэм, жылагъуэм, муниципалитетым я лIыкIуэхэмрэ волонтёрхэмрэ машинэхэм гъэсыныпхъэ щрагъахъуэ щIыпIэхэм къыщызэрагъэпэщащ шынагъуэншагъэм ехьэлIа Iуэху щхьэпэхэр.

Абыкъуэ Заур и фIыгъэкIэ

Гъуэгум щыплъырхэм къулыкъур зэрырахьэкIыр къипщытэн мурадкIэ, КъБР-м и Дзэлыкъуэ районым щыIэу, щIыналъэ МВД-м и ДПС-м шынагъуэншагъэмкIэ и къудамэм и I-нэ ротэм и 2-нэ взводым и командир, полицэм и капитан Абыкъуэ Заур гу лъитащ гъуэгум къыщыувыIа, зыгуэр къызэрыхъуам и щыхьэту зи уэздыгъэхэр къэзыгъэблэ автобусым.

Гум и щэхухэр

 «ПсэкIэ/гукIэ зыхызощIэ», «уи псэм/гум жиIэм едаIуэ»… Апхуэдэ псалъэхэр куэдрэ зэхыдох, философхэмрэ тхакIуэ-усакIуэхэмрэ я IэдакъэщIэкIхэр зращIэкIыр зыми имылъэгъу псэмрэ цIыхум и Iэпкълъэпкъым нэхъыщхьэ дыдэу хэлъ гумрэщ. Медицинэм и лэжьакIуэхэм зэрыжаIэмкIэ, гур щхьэкуцIым хуэдэу гупсысэфыркъым. Арами, ди нэхъыбэр зэдаIуэр и гум жиIэрщ, атIэ акъылкIэ къыгурыIуэр аракъым. Щхьэ апхуэдэу щыт?

Страницы

Подписка на RSS - Жылагъуэ