Жылагъуэ

Лъэпкъыу зыплъагъужмэ, къэкIуэн уиIэщ

«Си уэрэдыр чуваш лъэпкъым къыхузош…» – аращ иджыблагъэ Къэбэрдей-Балъкъэрым Вэрокъуэ Владимир и цIэр зэрихьэу щыIэ ЩэнхабзэмкIэ фондым щекIуэкIа литературэ пшыхьым зэреджэр. Ди щIыналъэм и щIыдэлъху лъэпкъитIым къахэкIа ныбжьыщIэхэр зыхэта а Iуэхугъуэ дахэр жылагъуэхэм я зэхуаку дэлъ зэныбжьэгъугъэм и щапхъэ дахэт, гугъапIэхэм я шэсыпIэт.

ЩIалэгъуалэр фIым хуаущий

Къэбэрдей-Балъкъэрым щокIуэкI «Ди сабийхэм я узыншагъэмрэ шынагъуэншагъэмрэ папщIэ» наркотикым пэщIэт Iуэху щхьэпэр. 

Томирис гуащэм и лъыщIэжыр

Бзылъхугъэр Iэщабэ-Iущабэу, зэпIэзэрыту, жыIэдаIуэу, и макъ зримыгъэIэту цIыхухъу щIыбагъым дэтын хуейуэ къегъэув гъащIэм. Арами, тхыдэм къыхощыж лъэпкъ псор щыхупIэм щхьэщызыша, дзэпашэ лъэрызехьэу щыта, цIыхухъум хузэфIэмыкIын куэд зыхузэфIэкIа бзылъхугъэ телъыджэхэр. Абыхэм ящыщщ ди лъэхъэнэм ипэкIэ 570-520 гъэхэм псэуа, массагет гуащэу Томирис.

ЕгъэджакIуэмрэ унэтIакIуэмрэ я илъэсым пежьащ

ЕгъэджакIуэмрэ унэтIакIуэмрэ я илъэсым зэрыпежьэ гуфIэгъуэ зэIущIэшхуэ Бахъсэн щIыналъэм щIыпIэ унафэр щызехьэнымкIэ и IуэхущIапIэм иджыблагъэ щекIуэкIащ.

Гулъытэм и гъунапкъэ

«Уэрамым дэт хьэ хьэулейхэм фахуэсакъ»… Иужьрей зэманым дэтхэнэ зыми и тхьэкIумэм итщ а псалъэхэр. А Iуэхум убгъуауэ топсэлъыхь Урысейм къыщыдэкI газетхэри. Къэтхьынщ мыпхуэдэ бжыгъэхэр: иужьрей илъэситIрэ ныкъуэм ди къэралым и цIыху мин 900-м нэхърэ нэхъыбэм хьэхэм я зэран къекIащ. Апхуэдэ къэпщытэныгъэхэр щрагъэкIуэкIа щIыналъэ 35-м ар тедгуэшэжмэ, абыхэм я дэтхэнэми ар цIыху 256-м щыноблагъэ. Хьэхэр зэдзэкъахэр зыщIэлъэIур а псэущхьэхэр щаIыгъын щIыпIэ хэха къахуэгъуэтынырщ. Ди «Адыгэ псалъэ» газетми а Iуэхум къыпикIухьыркъым.

Зэреджэм ехьэлIауэ

Мы псым адыгэхэм «Лэскэн», осетинхэм «Лескены дон» хужаIэ. КъыщыщIидзэри Тэрч сэмэгу лъэныкъуэмкIэ щыхэлъэдэжри Къэбэрдей-Балъкъэрым и щIыналъэр арами, икухэм хуэзэу иджырей Осетие Ищхъэрэ - Аланием и щIы кIапэми пхрож. «Къырылъэ шытх» зыхужаIэу Кавказ къуршхэм яхэт лъагапIэ екIуэкIым ищхъэрэкIэ гъэза и джабэ нэкIухэм зыщызэхуехьэс, километр 59-рэ и кIыхьагъщ. И тIуащIэм Анзорей, Лэскэн ЕтIуанэ, Ерокъуэ, Лэскэн Езанэ (мыр осетин жылэщ, здэщыIэ щIыпIэм I864 гъэм ирагъэтIысхьащ), Лэскэн Ипщэ къуажэхэм зыдаубгъуащ.

Савмак хьэмэрэ Щауэмахуэ?

ЩIэныгъэр щыхьэт тохъуэ адыгэхэр пасэрей щынд-мэуэт лъэпкъыжьхэм къазэрытехъукIам. Ахэр хы ФIыцIэмрэ Iузэврэ я Iуфэм екIуэкIыу Iусащ, Темэн хытIыгуныкъуэри къызэщIиубыдэу. Ди лъэхъэнэм ипэкIэ 480 гъэхэм Ахынрэ МыутI гуэлымрэ (хы ФIыцIэмрэ Iузэврэ пасэрейм зэреджэу щытар аращ) зэпызыщIэ тIуащIэм къыдэтIысхьауэ щытащ алыдж лъэпкъхэр. Хуэм-хуэмурэ абыхэм къызэрагъэпэщат адыгэ лъэпкъыжьхэм ныкъуэкъуэгъу къыхуэхъуа Боспор къэралыгъуэр.

Бзэм теухуа си гупсысэхэр

Гурылъым и абгъуэ

 Мыгувэу дэнэкIи щагъэлъэпIэнущ Анэдэлъхубзэр хъумэным и дунейпсо махуэр. Куэдым ямыщIэми, кърамыдзэ-къафIэмыIуэхуми, мыпхуэдэ махуэшхуэхэр лейуэ къалъытэми, ар узыгъэгушхуэ Iуэхугъуэщ, сыту жыпIэмэ мы махуэр ягъэлъэпIэху, лъэпкъхэм я бзэхэр хъумэным гулъытэ нэхъыбэ игъуэтынущ, ахэр щыкIуэдыжыну жыхуаIэ лъэхъэнэри Iэпхъуэнущ.

Иригъаджэхэм щапхъэ яхуохъу

ЕгъэджакIуэм и лэжьыгъэр, и зэфIэкIыр зыхуэдэр къэзыгъэлъагъуэр и гъэсэнхэм къыхуаIэ пщIэмрэ абыхэм зыIэрагъэхьэ ехъулIэныгъэмрэщ. Абы и лъэныкъуэкIэ щапхъэщ медицинэ щIэныгъэхэм я кандидат, КъБКъУ-м и медицинэ факультетым и деканым щIэныгъэ-къэхутэныгъэ лэжьыгъэхэмкIэ и къуэдзэ Тхьэбысым Иринэ Къарней и пхъур. Абы иригъэджахэм мымащIэу яхэтщ зыпэрыт IэнатIэм зэфIэкI лъагэхэр къыщызыгъэлъагъуэхэр, студенту щыщыта зэманыр ягу къыщагъэкIыжкIэ, а бзылъхугъэм и цIэри гуапэу къыхагъэщ. 

Анэбзэ – гупсысэм и лъапсэ

 Дэнэ сыщымыIами, сыт хуэдэ лэжьыгъэ зезмыхьами, зыщызгъэгъупщэркъым си анэбзэр. Си анэм и гущэкъу уэрэдхэр зэрыгъэпсауэ щыта псалъэхэр зейр адыгэбзэрщ. АпхуэдизкIэ абы къару къызет, лъагэу сеIэт, пкъыфIэу зыкъысщегъэхъужри, сыкъэзыухъуреихьхэри, слъагъу цIыхухэри зэрыпсалъэр си бзэу къысщохъу. 

Страницы

Подписка на RSS - Жылагъуэ