Жылагъуэ

Зи хэку зрагъэбгынар тыншкъым

 Лъэпкъыр лъэпкъыу хамэ щIыпIэм къыщызэтенэныр, и бзэр, и хабзэр ихъумэжыныр куэдкIэ елъытащ ахэр зэрызэхэс щIыкIэм. Зы щIыпIэм нэхъыбэу щызэхэс зэлъэпкъэгъухэр я бзэкIэ нэхъ зопсалъэ, зым адрейм хабзэ кIэлъызэрахьэри, апхуэдэ щIыкIэкIэ хъума мэхъу. Тыркум ис ди лъэпкъэгъухэм ящыщу нобэ бзэр нэхъ зыщIэжыр Узун-Яйла куейм исахэрщ.

ГъэунэхупIэ

  А тIур зэрышат фIыуэ зэрылъагъуу. Зэрылъагъу я гугъэт. Ауэ уи гугъэ къудейкIэ зэфIэкIрэ апхуэдэ Iуэхур? Пэжу пIэрэт зэрылъагъур, хьэмэрэ апхуэдэу къафIэщI къудейт? КъыпфIэщIымрэ пэжымрэ куэд я зэхуакущ. Зэман кIыхьрэ Iуэху зыбжанэкIэ бгъэунэхуауэ, узытемышыныхьыжын гухэлъ быдэ уиIэмэщ лъагъуныгъэр щыпэжыр. Зэ зэIущIэгъуэкIэ цIыхур и теплъэкIэ уигу ирихь къудей мыхъуу, ар и дуней тетыкIэкIэ, и хьэлкIэ бгъэунэхумэ укъэзымыгъэпцIэжынщ. Ауэ зигу лъагъуныгъэ къридзар а псом елIалIэрэ? Лъагъуныгъэ зыщIар Iейм хуэнэфщ, хуэдэгущ, фIыуэ илъэгъуам дилъагъу псори фIэдахэщ.

Насып лъыхъуакIуэ

Адэр дунейм щехыжым и къуэм жриIащ:

- Си щIалэ, сэ мы къызэуэлIа узым сыкъелынукъым. Ауэ уэ насыпыфIэу упсэуну сыхуейщ.

- Ди адэ, сыт насыпыфIэ сыхъун щхьэкIэ сщIэн хуейр?

- Ежьи, дунейр къызэхэкIухь, насыпыр зищIысымрэ ар къызэрыбгъуэтынумрэ къыбжаIэнщ.

Адэр лIа нэужь, къуэр ежьащ. Уэру ежэх псышхуэм нэсри, абы и Iуфэм къыщызущыхь шы уэдыкъуам ирихьэлIащ.

- Дэнэ укIуэрэ щIалэщIэ, - щIэупщIащ шыр.

- Насып лъыхъуакIуэ сыкъежьащ. Уэ пщIэуэ пIэрэ ар къыщызгъуэтынур?

Си дадэшхуэр лIыхъужщ

Си адэшхуэм и адэ Бей ТIалэ Хэку зауэшхуэм лIыгъэ щызэрихьащ. Сэ абы и хъыбархэм седэIуэн сфIэфIщ, и сурэтхэр, къыхуагъэфэща дамыгъэхэр сэркIэ лъапIэщ. Сыхуейт си адэшхуэм и адэр фэзгъэцIыхуну.
1918 гъэм мэлыжьыхьым и 7-м Къармэхьэблэ къуажэм къыщалъхуащ Бей ТIалэ Iэдэм и къуэр. Къуажэ школым классих къыщиуха нэужь, ар колхозым хыхьэри, дзэ къулыкъум ираджэхукIэ абы щылэжьащ. Дзэ плъыжьым 1938 гъэ пщIондэ хэтащ. Унэм екIуэлIэжыну хунэмысу, Хэку зауэшхуэ къэхъеям кIуащ. Япэ махуэм щегъэжьауэ Iутащ псэзэпылъхьэпIэм.

ФщIэн папщIэ

2023 гъэм мазаем и 20 - гъатхэпэм и 1-хэм къриубыдэу Къэбэрдей-Балъкъэрым щекIуэкIынущ «Сабийр пассажир нэхъыщхьэщ!» лэжьыгъэ.

Бжыгъэхэм къагъэлъагъуэ автомашинэ зэжьэхэуэ къы­щыхъукIэ шэнтжьейм ис сабийхэм я гъащIэр къызэрелымрэ имыпхахэм фэбжьу хахымрэ.

Къэдгъэлъэгъуа махуэхэм щIэгъэхуэбжьауэ къапщытэнущ сабийхэм я шынагъуэншагъэмкIэ Iэмэпсымэхэр автотранспортым къыщыгъэсэбэпыным ехьэлIа хабзэр зэрагъэзащIэр.

ПщIэ зыхуэтщI балигъхэ! Сабийр шэнтжьейм изыIыгъэ Iэмэпсымэхэр уэим фымыщI, ахэр сэбэпщ фэбжьхэр гъэмэщIэнымкIэ.

Кавказыр тенджыз лъабжьэу щытащ

Курыт еджапIэ щIэс дэтхэнэ зы ныбжьыщIэми къыбжиIэнущ ЩIым тенджызиплI зэриIэр. Кавказым ахэр фIыуэ пэжыжьэщ. Ауэ куэдым ящIэркъым Кавказыр езыр пасэрей зэман жыжьэм тенджыз лъабжьэу зэрыщытар.

Адыгэ лъэпкъым и къэкIуэнур дахэщ

КъБР-м и сенатору УФ-м и Федеральнэ Зэхуэсым ФедерацэмкIэ и Советым щыIэ Къанокъуэ Арсен АР-м щIыхь зиIэ и журналист ТIэш Светланэ къыIиха интервьюм гъэщIэгъуэн куэд щыжиIащ. Ауэ къулыкъущIэм илэжь псом къадэкIуэу къызыхэкIа лъэпкъым хуиIэ пыщIэныгъэр, адыгагъэм, хабзэм, бзэм теухуауэ иIэ гупсысэхэмрэ иригъэкIуэкI Iуэхухэмрэ къагъэлъагъуэ ар къызыхэкIам хуэфащэу дунейм зэрытетыр, адыгэ Iуэхур псом япэ зэрыригъэщыр.

Щхьэ 28-рэ?

Адрей мазэхэр махуэ 30 е 31-рэ щыхъукIэ, мазаер щхьэ махуэ 28-рэ е 29-рэ фIэкIа мыхъурэ? Сыт ар а мазэм къыщIылъысар? Хьэмэрэ, илъэсиплI къэсыху щхьэ мазаем зы махуэ къыщIагъурэ? А упщIэм и жэуапыр къыщожьэ зэман жыжьэм…

Лъэпкъыу зыплъагъужмэ, къэкIуэн уиIэщ

«Си уэрэдыр чуваш лъэпкъым къыхузош…» – аращ иджыблагъэ Къэбэрдей-Балъкъэрым Вэрокъуэ Владимир и цIэр зэрихьэу щыIэ ЩэнхабзэмкIэ фондым щекIуэкIа литературэ пшыхьым зэреджэр. Ди щIыналъэм и щIыдэлъху лъэпкъитIым къахэкIа ныбжьыщIэхэр зыхэта а Iуэхугъуэ дахэр жылагъуэхэм я зэхуаку дэлъ зэныбжьэгъугъэм и щапхъэ дахэт, гугъапIэхэм я шэсыпIэт.

ЩIалэгъуалэр фIым хуаущий

Къэбэрдей-Балъкъэрым щокIуэкI «Ди сабийхэм я узыншагъэмрэ шынагъуэншагъэмрэ папщIэ» наркотикым пэщIэт Iуэху щхьэпэр. 

Страницы

Подписка на RSS - Жылагъуэ