Жылагъуэ

Студентхэм МВД-м и музейм зыщаплъыхьащ

Урысей МВД-м и Управленэу Налшык къалэм щыIэм и къудамэ №I-м балигъ мыхъуахэм я IуэхухэмкIэ и инспектор, полицэм и майор Къудей Алинэ «Студент десант» урысейпсо акцэм хыхьэу къызэригъэпэщащ промышленность псынщIэмкIэ колледжым и студентхэм республикэ МВД-м и тхыдэ музейм зыщаплъыхьыныр. Ар егъэкIуэкIыныр къыдиIыгъащ Налшык къалэ УМВД-м дэлажьэ Жылагъуэ советым и тхьэмадэ Бэгъуэт Хьэмидбий.

Зи цIыхугъэмрэ лIыгъэмрэ уахътыншэ Къалмыкъ Руслан

ЩыIэу къыщIэкIынкъым фIыуэ зыцIыхуауэ мы тхыгъэр зытеухуа адыгэ щIалэ нэсым и кIуэдыжыкIэ хъуар гущIыхьэ зыщымыхъуа икIи ар зыщыгъупщэжын. Балигъ ныбжьым итхэм фIы дыдэу ящIэж 2005 гъэм жэпуэгъуэ мазэм и 13-м, къэрал кIуэцI IуэхухэмкIэ Налшык къалэ дэт лэжьапIэ IэнатIэхэм къатеуауэ зэрыщытар IэщэкIэ зэщIэузэдауэ террористхэр.

МахуэщIым ирихьэлIэу къызэщIагъэблэнущ

Къэбэрдей-Балъкъэрым и къэралыгъуэр илъэси 100 щрикъум ирихьэлIэу зэрагъэпэщыжа телечэщанэ цIэрыIуэр щIышылэм и 25-м, Урысейм и студент щIалэгъуалэм я махуэм, нурыбэу къызэщIагъэблэнущ, идз нэхум хэлъыну тхыпхъэхэр макъамэрэ уэздыгъэ джэгуу зэхэтынущ.

ЩIышылэм и 25-р студентхэм я махуэщ

Студентхэм дежкIэ щIышылэм и 25-р махуэ хэха яхуэхъуат 1755 гъэм. Урысейм и пащтыхь гуащэ Елизаветэ абы щыгъуэм Iэ щIидзат Москва университетыр къызэгъэпэщыным теухуа унафэм. Ауэ абы щыгъуэм ар иджыри студентхэм я махуэшхуэтэкъым, атIэ еджапIэ нэхъыщхьэр къыщызэIуаха махуэу арат. Абы щегъэжьауэ Татьянэ студентхэм я джэлэсу къалъытэ. 1850 гъэрщ студент псоми а махуэшхуэр ягъэлъапIэу щыхъуар. Зы зэман абы Пролетар студентым и махуэкIэ еджэу къекIуэкIащ, щыIащ махуэшхуэр щаIэщIэгъупщыкIыжа илъэсхэри.

ФIым, сакъыныгъэм хуаущий

Налшык къалэм и школакIуэ пщIы бжыгъэхэм зыщаплъыхьащ Къэбэрдей-Балъкъэрым щыIэ МВД-м и Къэрал автоинспекцэм и управленэм. НыбжьыщIэхэм къащIащ IуэхущIапIэм и лэжьыгъэр зыхуэдэр, къэрал Iуэхутхьэбзэхэр зэрызэфIахым щыгъуазэ защIащ. 

КъБР-м и Прокуратурэм къет

И мурадыр къехъулIакъым

Къэбэрдей-Балъэкъэр Республикэм и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек Урысей студентхэм я махуэмкIэ цIыхухэм ехъуэхъуащ

«Студент гъащIэр лъэхъэнэ гъуэзэджэщ икIи ар дэтхэнэми и гум зэи щымыгъупщэжу илъщ. Ар мурадхэм, гугъапIэхэм, щIэныгъэмрэ творчествэмрэ я лъэхъэнэщ плъапIэ егъэлеяхэмрэ Iуэхухэмрэ щытегушхуэ зэманщ. 
ЩIалэгъуалэм я зэфIэкIхэр къагъэлъэгъуэн икIи ахэр пхагъэкIын папщIэ нобэрей Урысейм Iэмал псори щыIэщ. Ахэр сэбэпынагъ нэхъыбэ пылъу къэгъэсэбын хуейуэ аращ. Зэи зыщывмыгъэгъупщэ сыт хуэдэ фи гугъапIэри зэвгъэхъулIэн, фи къарур сыт хуэдэ IэнатIэми ефхьэлIэн папщIэ хэкIыпIэ псори щыIэщ.

Псыкъелъэ Iэхэлъахэ

Шэджэм ЕтIуанэ – Булунгу автомобиль зекIуапIэм и зы Iыхьэу Шэджэм псыкъелъэхэм егъэщIылIар къэгъэщIэрэщIэжыным хуэгъэза лэжьыгъэхэм щIадзащ. Ахэр йокIуэкI «ГъуэгуфI шынагъуэншэхэр» лъэпкъ проектым ипкъ иту. 
Гъуэгуухуэхэр мы зэманым яужь ихьащ зыплъыхьакIуэ-зыгъэпсэхуакIуэхэм куэд щIауэ къагъэунэхуа икIи яфIэтелъыджэ нэгузегъэужьыпIэ гъуэзэджэу а лъэныкъуэмкIэ щыIэ Шэджэм псыкъелъэхэм я Iэгъуэблагъэ гъуэгум щыщу километри 2 зи кIыхьагъыр зыхуей хуэгъэзэным.

ЕгъэджакIуэхэм я илъэсым пежьащ

УФ-м и Президент Путин Владимир и унафэкIэ ягъэнэхуа ЕгъэджакIуэмрэ унэтIакIуэмрэ я илъэсыр иджыблагъэ Къэбэрдей-Балъкъэрым щрагъэжьащ. Абы епхауэ ирагъэкIуэкIыну Iуэхугъуэхэм я махуэщI пежьэр Налшык къалэ дэт курыт еджапIэ №33-м щызэхэтащ.

СыткIэ сэбэп, сыткIэ зэран?

 Бэдж ялъэгъуамэ е къатетIысхьамэ, цIыхухэм я нэхъыбэр мэшынэ, зызэхуашэ, нэхъ псынщIэу зэрызытрадзыжыным, зэрапIытIыным пылъхэщ. А хьэпщхупщыр цIыхухэм я дежкIэ мыIуплъэгъуафIэу, гущыкIыгъуэу къытщыхъуныр къызыхэкIыр абы лъакъуий зэрыщIэтым и мызакъуэу, и щхьэ хуэхъурейр зэредмыгъэкIур, и Iэпкълъэпкъыр мыдахэу зэрыщытрагъэнщ. ИтIанэ, псори дызэрегупсысыр абы щхъухь зэрихьэ хуэдэущ, ущымэхъэшэн хуейуэщ. Ди щIыпIэм щыпсэу бэджхэм уащIыщыщтэн щыIэкъым, абыхэм ущIэшынэн ябгъэдэлъкъым.

Страницы

Подписка на RSS - Жылагъуэ