Жылагъуэ

«Мир» картэм и Iэмалхэм зыщрагъэужь

КъБР-м и Правительствэм и унафэщI Мусуков Алий лэжьыгъэ IуэхукIэ IущIащ «Уасэхэр зэрыщIат лъэпкъ системэ картэхэр» АО-м и генеральнэ директор Комлев Владимир. А зэIущIэм хэтащ КъБР-м и Правительствэм и УнафэщIым и япэ къуэдзэ Къуныжь МуIэед.

Зи Iэпэм дыщэ къыпыщ бзылъхугъэ щыпкъэ

Нарткъалэрэ Аруан куейм хыхьэ жылэхэмрэ я мызакъуэу, ди республикэм и нэгъуэщI щIыпIэ куэдми щыцIэрыIуэщ  «Престиж»  дэрбзэр IуэхущIапIэр.  Абы и щхьэусыгъуэр зыщ: IэнатIэм цIыхухэм яхуищIэ Iуэхутхьэбзэр  куэдым гунэс ящохъу и гъэзэщIэкIэкIи  зытещIыхьа мардэхэмкIи. «Престиж»-м и лэжьыгъэр  къызыхуэтыншэу къызэрегъэпэщ абы и унафэщI,   КъБР-м цIыхухэм Iуэхутхьэбзэ яхуэщIэнымкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ НэщIэпыджэ Любэ.

 ХахуагъэкIэ псыхьат

         Жыг лъагэшхуэхэм я жьауэм щIэт, удз гъэгъа дахэхэр щагъэкIа школ пщIантIэм къуажэдэсхэр къыщызэхуэсат, хьэщIэ куэди къахуеблэгъат, гуфIэгъуэмрэ дэрэжэгъуэгъуэмрэ псоми я нэгум кърихырт, адыгэ пшынэмрэ духовой оркестрым и макъымрэ зэпеуэ къыпфIэщIу зыр щыужьыхым, адрейм къыхидзэрт.

Шоколад

Шоколадыр фIыуэ зымылъагъу къэгъуэтыгъуейщ, ауэ дегупсысыркъым ар апхуэдэу щIыщытым: какаом и дагъэм хэлъ эндорфиным насыпым и гормонкIэ йоджэ. А пкъыгъуэрщ псоми а гукъыдэжыр къезытри.

Бдзэжьейр куэдым и сэбэпщ

- Сыт хуэдэ бдзэжьей лIэужьыгъуэр нэхъыфI? Лымрэ бдзэжьеймрэ дэтхэнэр нэхъ сэбэп?.. апхуэдэ упщIэхэм махуэ къэс дрохьэлIэ. Бдзэжьейр Iэмал имыIэу щIэх-щIэхыурэ шхын хуейщ. Ди тыкуэнхэм щыкуэдщ абы къыхэщIыкIа ерыскъыгъуэ зэмылIэужьыгъуэхэр: бдзэжьей гъэгъуа, шыуа, гъэщта, хугу, консервхэр.

Школ партэхэр

Псоми дощIэж пэщIэдзэ классхэм дызыпэрыса пасэрей партэ тыншхэр, уеблэмэ абыхэм зыкъомкIэ епхауэ щытащ ди сабиигъуэр. Апхуэдэ партэхэм ди зэманым сабийхэр хуэмыныкъуэжу къалъытэми, ахэр егъэлеяуэ сэбэп хуэхъурт еджакIуэхэм я узыншагъэм. 
1861 гъэм «крепостное право» жыхуаIэр Iуахыжа нэужь, школхэм я бжыгъэр зэуэ хэхъуащ. Абы щыгъуэ нэхъыщхьэу къалъытэр бжэкIэрэ еджэкIэрэ сабийхэм ирагъэщIэнырт, зэрыгурыIуэгъуэщи, мыхьэнэшхуэ иратыртэкъым зыпэрыс стIолым. 

НыбжьыщIэхэм я зэхэщIыкIым зрагъэужь

Школ хъыбархэр

КъытщIэхъуэ щIэблэр узыншэу, гупсысэ къабзэрэ дуней еплъыкIэ екIурэ яIэу къэгъэтэджыным гулъытэшхуэ щигъуэт зэманщ иджыпсту. А мурадыр я лэжьыгъэм щынэхъыщхьэхэм ящыщу щагъуэв къэрал IэнатIэ куэдым, жылагъуэ зэгухьэныгъэ зэмылIэужьыгъуэхэм.

ЩытыкIэ гугъум ит унагъуэхэмрэ сабийхэмрэ я Iуэхум иригумэщIу

Къэбэрдей-Балъкъэрым ЕгъэджэныгъэмкIэ, щIэныгъэмрэ щIалэгъуалэм я IуэхухэмкIэ и министерствэм иджыблагъэ щызэхэтащ КъБР-м и Правительствэм егъэщIылIауэ лажьэ, балигъ мыхъуахэм я хуитыныгъэхэр хъумэнымкIэ комиссэм и зэIущIэ.

Рогов Николас: «Хэхэс псоми ди къалэнщ ди тхыдэ лъагъуэм дытехьэжыну»

Ди лъэпкъэгъухэр

 

Америкэм и Штат Зэгуэтхэм я Сан-Францискэ къалэм щыпсэу Рогов Николас мы тхыгъэр зытеухуар хэхэс адыгэхэм ящыщщ. Зи унагъуэм и тхыдэр зэхуэзыхьэсыжа, адэжь Хэкум къэкIуэжыну зи хъуэпсапIэ щIалэр политикэ, нэгъуэщI щхьэусыгъуэхэм къыхэкIыу дуней псом и щIыналъэ зэмылIэужьыгъуэхэм щыпсэуну къызыхуихуа ди лъэпкъэгъу куэдым язщ.

ИлъэсыщIэ дапщэм хэплъа…

Япэ илъэсыщIэ псейр ди хьэблэм щагъэувауэ щытащ 1964 гъэм. Ди уэрам ехым тесу хъуар унагъуэ зырызыххэу къащти, егъэджакIуэ защIэт. Ахэри ауэ къэгъэнауэ, абыхэм къахэсыжт гъэ еджэгъуэщIэ къэс ди школым илъэс зыбжанэкIэ щылэжьэн хуейуэ къагъакIуэ урыс егъэджакIуэхэри. Езыхэми нэхъ къащтэу егъэджакIуэ зэрыс унагъуэхэр къыхахырти, зыщыгуфIыкIыжхэу илъэс-илъэситIыр кIуэрт, мо къахыхьахэм хьэщIагъэшхуэ ирахрэ, унагъуэм илъ щIакхъуэ Iыхьэр зэдагуэшу. .

Страницы

Подписка на RSS - Жылагъуэ