|
Жылагъуэ
16 января, 2023 - 13:30
Хъыбар гуапэ
ЗэхъуэкIыныгъэкIэ къулей дызыхэпсэукI лъэхъэнэм ахэр зылъэмыIэса IэнатIэ къэнауэ къыщIэкIынкъым. Iуэху еплъыкIэщIэхэмрэ бгъэдыхьэкIэщIэхэмрэ къарикIуэ ехъулIэныгъэхэри мащIэкъым. Псом хуэдэжкъым абыхэм я фIыгъэкIэ егъэджэныгъэ-гъэсэныгъэ IэнатIэм игъуэт зыужьыныгъэр.
16 января, 2023 - 13:16
Республикэм щыщу япэу медицинэ щIэныгъэхэмкIэ доктор хъуар профессор, щIэныгъэлI лъэрызехьэу, егъэджакIуэ телъыджэу, Iэзагъышхуэ зыхэлъ дохутыру щыта Балъкъэр Мыхьэмэтщ. Зэманыр кIуами, а цIыху щэджащэм и лъэужьыр хэгъуэщакъым. Абы и лъагъуэм къыпащащ и гъэсэнхэм, къызэринэкIа щIэныгъэ лэжьыгъэхэр медицинэм и хъугъуфIэгъуэ мылъытэщ. ЩIыналъэм узыншагъэр хъумэнымкIэ и IэнатIэм, псом хуэмыдэу республикэм и курортым и зыужьыныгъэм хэлъхьэныгъэшхуэ хуищIащ Балъкъэрым. ПщIэрэ щхьэрэ зиIэ цIыхум хуэфэщэн гъащIэ гъуэгуанэ купщIафIэ къызэринэкIащ.
16 января, 2023 - 12:30
Къэбэрдей-Балъкъэрым Ухуэныгъэмрэ псэупIэ-коммунальнэ IуэхухэмкIэ и министерствэм хъыбар къызэритамкIэ, машинэхэр щызэхэзекIуэ гъуэгухэмрэ цIыху зекIуапIэхэмрэ зэгъэпэщыжыным, къэгъэщIэрэщIэжыным, щIыпIэ щхьэхуэхэм гъуэгу щытелъхьэным 2023 гъэми иужь итынущ. КъызэралъытамкIи, къэрал бюджетым къыхэкIыу гъуэгуухуэ Iуэхухэм сом меларди 4,1-рэ хуаутIыпщынущ.
16 января, 2023 - 12:00
ЕгъэджакIуэ IэщIагъэм илъэс 30-м хъуауэ иролажьэ Акъбаш Ипщэ къуажэм къыщалъхуа Щомахуэ Мадинэ Анатолэ и пхъур. Мадинэ и зэфIэкIхэр районым щынэрылъагъущ, икIи ар куэдым къацIыху. Бзылъхугъэм къыхуагъэфэщащ КъБР-м ЕгъэджэныгъэмкIэ, щIэныгъэмрэ щIалэгъуалэм я IуэхухэмкIэ и министерствэм и ЩIыхь тхылъыр.
Мадинэ бынунагъуэшхуэм къыщыхъуащ, шыпхъуитхурэ дэлъхуитIрэ иIэщ. ГъэщIэгъуэнращи, а зы унагъуэм егъэджакIуищ къыхэкIащ.
15 января, 2023 - 09:35
КъБР-м и Лъэпкъ музейм щагъэлъагъуэ «Живопись, взгляд в прошлое» выставкэр. Ар къызэрагъэпэщащсурэтыщI Уянаев Аслъэнджэрий и ныбжьыр илъэс 60 зэрырикъум и щIыхькIэ.
15 января, 2023 - 07:31
Мы махуэхэм дунейм адыгэу тетыр зыщыгуфIыкIа хъыбар гуапэ къэIуащ. Израилым щыIэ Кфар-Камэ адыгэ къуажэр хэхуащ ООН-м «турист жылэу» къилъыта гупым. Къэрал 57-м щыщу турист щIыпIэ телъыджэу къалъытэну хуейуэ къагъэхьа лъэIуи 130-м пхыкIащ ди лъэпкъэгъухэр зыдэс къуажэр. Иджы абы мылъкушхуэ хуаутIыпщынущ, туризм ехьэжьа щагъэпсын папщIэ.
14 января, 2023 - 11:45
КъБР-м щыIэ МВД-м щагъэлъэпIащ зыпэрыт IэнатIэм къыщыхэжаныкIа я лэжьакIуэхэр.
14 января, 2023 - 09:43
Сыт щыгъуи хуэдэу, илъэсым и пэщIэдзэхэм щIыналъэхэм щаублэ школакIуэхэм я щIэныгъэмрэ зэфIэкIымрэ наIуэ къыщащI олимпиадэхэр. Ахэр ирагъэкIуэкI школ программэм хиубыдэ предметхэмкIэ, ящыщ щIагъуэ къэмынэу. Школхэм, лицейхэм щекIуэкIакIэщ щIыпIэ зэпеуэхэр. Иджы къэсащ щIыналъэпсо зэхьэзэхуэхэм я лъэхъэнэр.
14 января, 2023 - 08:00
ЕгъэджакIуэмрэ унэтIакIуэмрэ я илъэс
14 января, 2023 - 07:42
Сабий кIэщIущым гъащIэм хэзагъэ, абы ехъулIэныгъэфIхэр щызыIэрызыгъэхьэ цIыху хъарзынэ, IэщIагъэлI нэс къищIыкI хабзэщ.
Страницы
|