|
Жылагъуэ
20 января, 2023 - 12:48
Дунейр къызэригъэщIрэ илъэс мелард бжыгъэ хъужами, цIыхур абы мелуан бжыгъэ хъуауэ щыпсэуми, мы ЩIым щэхуу пкъырытыр иджыри къэс къахуэтIэщIакъым. ЗыхэтщIыкIыр зырикIщ, къыдгурымыIуэмрэ дымылъагъумрэ елъытауэ. Апхуэдэ щэхухэм ящыщщ тенджыз, хы лъабжьэхэм псы ежэх зэрыщыIэр, а тIур зэрызэхэмылъадэр.
19 января, 2023 - 16:27
«Къэбэрдей-Балъкъэрым егъэджэныгъэр щегъэфIэкIуэн» лъэпкъ проектым хиубыдэу 2023 гъэм Бахъсэн къалэм дэт курыт школ №5-рэ №7-рэ зэрагъэпэщыжынущ.
19 января, 2023 - 12:08
Урысей гвардием и къудамэу Тэрч щIыналъэм щыIэм и лэжьакIуэхэр Курп лъагапIэхэм дэкIащ Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэр нэмыцэ зэрыпхъуакIуэхэм къызэрыIэщIагъэкIыжрэ илъэс 80 щрикъум ирихьэлIэу.
19 января, 2023 - 10:00
Республикэм узыншагъэр хъумэн и IэнатIэм зегъэужьыным хэлъхьэныгъэшхуэ хуэзыщIахэм ящыщщ КъБАССР-м щIыхь зиIэ и дохутыр, СССР-м узыншагъэр хъумэнымкIэ и отличник Даур Шафихь Iэбубэчыр и къуэр. Ар зыцIыхухэр фIыуэ щыгъуазэщ ирихьэкIа IэнатIэхэм жэуаплыныгъэшхуэ пылъу зэрыпэрытам, пщэрылъ къыщащI сыт хуэдэ Iуэхури иригъэфIакIуэу зэрылэжьам.
19 января, 2023 - 10:00
Бад Беллэ Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым экономикэмкIэ и факультетымрэ КъБКъАУ-м менеджментымкIэ и магистратурэмрэ къиухащ. Иужьрейм и щIэныгъэм зэрыщыхигъэхъуам и фIыгъэу абы къелъытэ Налшык къалэ округым и Централизованнэ библиотекэм и унафэщI къулыкъур къыщыхуагъэлъэгъуам зрипщытыну зэрытегушхуар.
19 января, 2023 - 08:00
Къэбэрдей-Балъкъэрым и куэдщ цIыхупсэм зыщигъэпсэху, и гур хэзыгъахъуэ щIыпIэ телъыджэхэр. Ахэращ ди хьэщIэхэри лъахэм къэзышэр, къэмыкIуэфхэми я нэр къызыхуикIыр. Хэгъэгум и апхуэдэ хъугъуэфIыгъуэ нэхъыщхьэхэм ящыщщ Гуэл щхъуантIэхэр. Псори зэхэту къапщтэмэ, гуэлхэр тху мэхъу икIи Ипщэ, Ищхъэрэ гуэл щхъуантIэу зэхедз. Апхуэдэуи абыхэм я гъунэгъуу щытщ Гуэл щэхумрэ Гуэл гъущэмрэ.
19 января, 2023 - 07:11
Къэбэрдей-Балъкъэрым и ипщэ-къуэкIыпIэ лъэныкъуэмкIэ щыIэ Лэскэн щIыналъэм километр зэбгъузэнатIэ 523-рэ къызэщIеубыдэ. Абы и гъунапкъэхэр егъэщIылIащ Осетие Ищхъэрэ-Аланием хыхьэ районхэм ящыщу щым. И щIыгум щежэх псыхэм я нэхъ инщ Арщыдан, Лэскэн, Урыху зи фIэщыгъэхэр.
Лэскэн районым ипщэкIэ щыIэ и Iыхьэхэр къуршылъэ жьэгъухэм жьэхэгъэкъуами, ищхъэрэ-къуэкIыпIэмкIэ гъэзахэм тафэм зытраукъуэдиящ.
18 января, 2023 - 17:01
«ФIагъ лъагэ зиIэ гъуэгу шынагъуэншэхэр» лъэпкъ пэхуэщIэм (проектым) ипкъ Зеикъуэ (ХьэтIохъущыкъуей Ипщэ) къуажэм деж Дыгъэмыхъуэрэ Хьэрэкхъуэрэрэ зэрипхыу Бахъсэныпсым телъ лъэмыжыр трахыу щIэрыщIэу тралъхьэжыну гъуэгуухуэхэм къапэщылъщ.
18 января, 2023 - 15:49
2023 гъэм щIышылэм и 20-м илъэс 220-рэ ирокъу Урысей МВД-м и IэнатIэ нэхъыжьхэм я зыр – къулыкъущIапIэм и лэжьыгъэр зэкIэлъыгъэкIуэнымкIэ къулыкъур. 1803 гъэм министерствэм канцелярия къыщызэрагъэпэщауэ щытащ, а Iуэхум пыщIауэ.
18 января, 2023 - 14:46
Си фIэщ хъуркъым уи сабиигъуэр щыбгъэкIуа еджапIэмрэ балигъ гъащIэм ухуэзыгъэхьэзыра егъэджакIуэхэмрэ, сыт хуэдэ ехъуэлIэныгъэ уиIэу уемыджами, пщызыгъэгъупщэн щыIэу.
Страницы
|