Жылагъуэ

Сабийхэр ди тыгъэхэм къапоплъэ

 Хабзэ зэрыхъуащи, ИлъэсыщIэм ирихьэлIэу дэнэкIи къыщызэрагъэпэщ сабийхэмрэ ныбжьыщIэхэмрэ тыгъэ яхуэщIыным хуэгъэпса Iуэхугъуэхэр. Мы махуэхэм яублауэ ди республикэми щокIуэкI апхуэдэ лэжьыгъэхэр. Абыхэм я мурад нэхъыщхьэр ди гулъытэ хуэныкъуэ сабийхэм я гукъыдэжыр къэIэтынырщ, ИлъэсыщIэм ирихьэлIэ тыгъэхэмкIэ абыхэм дэрэжэгъуэ етынырщ.

КазначействэмкIэ Федеральнэ Управленэм Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм щыIэ IуэхущIапIэм и лэжьакIуэхэмрэ ветеранхэмрэ деж

КазначействэмкIэ Федеральнэ Управленэм Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм щиIэ IуэхущIапIэм пщIэ зыхуэтщI и лэжьакIуэхэ, ветеранхэ! Сынывохъуэхъу фи IэнатIэр къызэрызэрагъэпэщрэ илъэс 30 зэрырикъумкIэ.

ПхытIыкI Юрэ: Зым и уэрэди сыдежьууакъым

Пэжыр зи гъуазэ, цIыхугъэр зыгъэпэрыт, адыгэ хабзэмрэ нэмысымрэ зи Iэпэгъуу зи гъащIэр езыхьэкI цIыху гъэщIэгъуэнщ Налшык къалэм щыпсэу ПхытIыкI Юрэ. И IэщIагъэ нэхъыщхьэр уэчылщ, ауэ тхэн Iуэхуми пасэу дихьэха ПхытIыкIым и къалэмыпэм къыщIэкIащ тхыгъэ, усэ купщIафIэ куэд.

Министрыр волонтёрхэм яхуозэ

         КъБР-м щыIэ МВД-м щекIуэкIащ Волонтёрхэм я дунейпсо махуэм ехьэлIа Iуэху гуапэ.

Къэрал кIуэцI IуэхухэмкIэ министру КъБР-м щыIэ, полицэм и генерал-лейтенант Павлов Василий ведомствэм и Щэнхабзэ центрым щахуэзащ республикэм и волонтёр зэщIэхъееныгъэхэм я лIыкIуэхэм. Кърагъэблэгъахэм яхэтт «ЛизаАлерт» къэлъыхъуэныгъэ-къегъэлакIуэ гупым, «ТекIуэныгъэм и волонтёрхэр», «Iуащхьэмахуэ» щIалэгъуалэ дружинэм, «Дэ дызэгъусэщ» дэIэпыкъуэгъу хъуну хьэзырхэм я штабым, апхуэдэуи «КъБР-м и гъуэгухэм насыпыншагъэ къыщымыгъэхъун» жылагъуэ зэгухьэныгъэм щыщхэр.

Налшык судыр хоплъэ

КъБР-м и прокуратурэр арэзы техъуащ Таджикистан республикэм щыщ цIыхухъум ехьэлIа уголовнэ Iуэхум. Ар ягъэкъуаншэ УФ-м и УК-м и 30-нэ статьям и 3-нэ Iыхьэм, 228.1 статьям и 4-нэ Iыхьэм и «г» пунктым къыщыхьа щIэпхъаджагъэр (наркотикхэкIхэр куэду игъэкIыным яужь ихьэн) илэжьауэ.

Следствием къызэрилъытамкIэ, ягъэкъуаншэм 2022 гъэм и фокIадэм щэху гъэтIылъыпIэхэр къигъэсэбэпу наркотикхэкIхэр иригъэкIыну хэтащ, арщхьэкIэ и мурадыр къехъулIакъым, КъБР-м щыIэ УФСБ-м и лэжьакIуэхэм яубыдри.

Зыхуейр ищIэфырт…

Япэ итахэр

 СССР-м и лъэхъэнэм хьэпшып зэмылIэужьыгъуэхэр щIэх-щIэхыурэ гъуэтыгъуей хъурт. Ар къагъэсэбэпырт хьэрычэтыщIэ гупсысэкIэ зиIэхэм. Абыхэм я деж щыбгъуэтырт тыкуэным щIэбзэхыкIа псори: сабий щыгъынхэр, фэ кIагуэхэр, фэилъхьэгъуэ екIухэр, вакъэ дахэхэр, хэбгъэзыхьмэ, Горбачев Михаил и зэманым зэпэубыда хъуа тутынхэри, н.къ. Мис апхуэдэ хэлъэт зиIэхэм ящыщащ нобэ зи гугъу фхуэтщIыну Лазишвили Отари.

ФызыщIэупщIэн щыIэмэ

Пенсэ фондым къет

УФ-м и Пенсэ фондым и къудамэу КъБР-м щыIэм и къалэным хыхьэу, цIыхухэм зэрызыкъыхуагъазэ упщIэхэм жэуап етыныр егъэфIэкIуэным хуолажьэ 8 (800) 600-01-84 «телефон пщтырыр». Фондым зэфIигъэкIыпхъэхэм теухуа упщIэхэмкIэ абы зы мазэм къриубыдэу ику иту 6000-м щIигъурэ зыкъыпащIэ.

Дуней плъыфэншэ

Фэеплъ

… Анэпсэр быныпсэм къылъохъуэ…

Быныпсэр анэпсэм йопщIыхь…

Анэпсэр - ар псынэщ. Ар - псысэщ.

Ар - Псатхьэщ. Ар тхьэхэм я тхьэжщ…

А тхьэр тщхьэщытыхукIэ тхуэупсэу,

Дэ сытри тлъэкIын ди гугъэжщ…

Анэпсэр тщхьэщыкIмэ, итIанэ

Нэхъ щIыIэу мо дыгъэри къопс…

 

Узым зыщыфхъумэ

ХэткIи щэхукъым, Iэщхэм япкъырыт узыфэхэм ящыщ куэдыр цIыхухэм я дежи зэрынэсыр. Ахэр къыхэкIынкIэ мэхъу махуэ къэс фшхы шхыныгъуэхэм-лыхэкIхэм, гъэшхэкIхэм, пхъэщхьэмыщхьэхэм, хадэхэкIхэм.

Зэуэ къахуэкIуа щхьэ, лъатэ узхэр япэ щIыкIэ зыми «гельминт» маркуэм хуахьыркъым. Абыи псом нэхъ шынагъуэу яхэтщ «бычьи цепень»-кIэ зэджэм къытехъукI «тениаринхоз» узыфэр. А маркуэм и кIыхьагъыр метыри 6 - 7-м нос, зырищIэри кIэтIий псыгъуэрщ. Ар Iэщым къыпкърыкIа нэужь, удзым, щIым, псым хъарзынэу зыхагъэзагъэ. АдэкIэ тынш дыдэу езы Iэщхэри зэроцIалэ, цIыхум дежи нос.

Абыхэм зэрахьа лIыгъэр

Дыгъэгъазэм и 9-р Хэкум и ЛIыхъужьхэм я махуэщ

Сыт хуэдэ лъэхъэни бэм къахокI, Хэкур щытыкIэ гугъу щихуам деж, абы къыщхьэщыжакIуэ нэс хуэхъу цIыхухэр. Ди тхыдэм и напэкIуэцI хьэлъэхэм ящыщ, 1941 - 1945 гъэхэм екIуэкIа Хэку зауэшхуэм и илъэсхэми наIуэ къащIащ апхуэдэ псэемыблэж цIыху куэд ди къэралым ис лъэпкъ псоми зэрахэтыр. СССР-м и цIыхубэр илъэси 4-кIэ псэемыблэжу зыщIэбэна, зыщIэхъуэпса а фIыгъуэр - ТекIуэныгъэ Иныр - къэхьыным хэлъхьэныгъэшхуэ хуащIащ я дамэпкъ зэтауэ ди щхьэхуитыныгъэм щIэзэуахэм.

Страницы

Подписка на RSS - Жылагъуэ