Жылагъуэ

Я гур ХэкумкIэ «къоплъэ»

Едыдж Нихьаи лъэпкъкIэ абэзэхэщ, Тыркум илъэс 25-кIэ нэмыцэбзэр щригъэджащ. I995 гъэм Хэкум къэIэпхъуэжауэ и унагъуэр и гъусэу Налшык къалэм щопсэу. «Тамерис» шхапIэр къызэIуихри, ар цIыху кIуапIэ хъуауэ зэригъэлажьэм дыщыгъуазэщ, езыр жылагъуэ Iуэхухэми жыджэру хэтщ, псапащIэщ, куэдым дэIэпыкъуэгъу яхуохъу.
- Нихьаи, уи унагъуэм щыщу хэтыт япэу Хэкум къихьэжар?

Куэд щыгъуазэкъым

ИлъэсыщIэр къэсыным къэнэжар мазэ иримыкъущ. Дэтхэнэ зыми (псом хуэмыдэу зи унагъуэм сабий исхэм) иджыпсту щыщIэдзауэ хуэмурэ зыхуагъэхьэзыр абы. Псом япэр, зэрыгурыIуэгъуэщи, ягъэщIэрэщIэну псей жыгхэрщ.

Катар къыщына адыгэ лъэужьыр

Ди газетым тетащ футболымкIэ дунейпсо чемпионатым, Катарым щекIуэкIым, Адыгэ Республикэм щыщ Бракъийхэ я унагъуэр зэрыщыIар. ТхьэмахуитI зекIуэр екIурэ-ещхьу къызэранэкIри, Хьэтыкъуей къуажэм къагъэзэжащ Ильясрэ ипхъухэмрэ. Ахэр къызэрырагъэжьэжамрэ Катарым адыгэу щыпсэур зэхуэсу джэгу зэрыхуащIамрэ къощ иужьрей видеохэм. Ахэр гум, псэм дыхьэ теплъэгъуэщ, езыхэми къаIуэтэж хамэ щIыпIэм щыпсэу я лъэпкъэгъухэм кърата гурыщIэмрэ къыхуащIа пщIэмрэ. 

ЩIэныгъэр зи гъуазэ

 «Дадэ, уэ усакIуэу укъалъхуауэ ара?» - еупщIащ илъэсий хъу ди Арианэ си анэ дэлъху закъуэ Молэ СулътIан (дэ дызэреджэр ТIытIэщ). Ар щызэхэсхым «Сабийм къиIуатэр пэжщ» зэрыжаIэр занщIэу сигу къэкIыжащ. Ди Iущыцэ цIыкIум псынщIэ дыдэу къыгурыIуат ТIытIэ и псэлъэкIэр зэрытелъыджэр, усэ, макъамэ дахэм ещхьу удихьэхыу зэрыIур, зэчиишхуи зэрыбгъэдэлъыр.

Гуапагъэрэ псапэрэ зылэжьхэр

Дуней псом, ди къэралым и дэтхэнэ плIанэпэми хуэдэу, ди щIыналъэми дыгъуасэ Волонтёрхэм я дунейпсо махуэр щагъэлъэпIащ. Сабий творчествэмкIэ республикэ Уардэунэм а махуэм республикэм и волонтёр зэгухьэныгъэхэмрэ волонтёрхэмрэ зэхыхьэ гъэщIэгъуэнхэр щрагъэкIуэкIащ. 

Япэ итахэр

 Зыхуейр ищIэфырт…
 СССР-м и лъэхъэнэм хьэпшып зэмылIэужьыгъуэхэр щIэх-щIэхыурэ гъуэтыгъуей хъурт. Ар къагъэсэбэпырт хьэрычэтыщIэ гупсысэкIэ зиIэхэм. Абыхэм я деж щыбгъуэтырт тыкуэным щIэбзэхыкIа псори: сабий щыгъынхэр, фэ кIагуэхэр, фэилъхьэгъуэ екIухэр, вакъэ дахэхэр, хэбгъэзыхьмэ, Горбачев Михаил и зэманым зэпэубыда хъуа тутынхэри, н.къ. Мис апхуэдэ хэлъэт зиIэхэм ящыщащ нобэ зи гугъу фхуэтщIыну Лазишвили Отари.

Фызыхуэсакъыж

Дуней псор зэлъэзыщIыса узыфэщ СПИД-р. Абы илIыкIхэмрэ ар зыпкърытхэмрэ я бжыгъэм кIуэ пэтми зэрыхэхъуэр къыщыпщIэкIэ, СПИД-м дунейм цIыху мин бжыгъэхэр мыхъуу, къэрал псохэр тригъэкъэбзыкIынкIэ шынагъуэ зэрыщыIэр къыбгуроIуэ.

Адыгэпсэ зиIэ Быщтэ Азэмэт

Къэбэрдей-Балъкъэр, Адыгей, Къэрэшей-Шэрджэс республикэхэм щIыхь зиIэ я артист Быщтэ Азэмэт дыгъэгъазэм и 5-м къыщалъхуа махуэр егъэлъапIэ, мы гъэм абы и ныбжьыр илъэс 30 ирокъу.

Нарткотикхэм щахъумэ

КъБР-м щыIэ МВД-м Наркотикхэр зэрызэрагъэкIуэкIым кIэлъыплъынымкIэ и управленэм щызэхалъхьэжащ Къэбэрдей-Балъкъэрым щрагъэкIуэкIа «Урысейм и сабийхэр-2022» профилактикэ Iуэхум и етIуанэ Iыхьэм кърикIуахэр. 

«Адыгэ псалъэр» ди унэхэм къэзыхьхэр

Газет Iэ тедзэгъуэм ирихьэлIэу, я фIыщIэ къыхэдгъэщыну ди гуапэщ ди лэжьыгъэм и хьэтыр зылъагъу ди щIэджыкIакIуэхэмрэ къыдэкIыгъуэр и чэзум цIыхубэм яIэрыхьэн папщIэ, гугъу зезыгъэхь пощтзехьэхэмрэ. ДевгъэдаIуэт Нарткъалэ щыщ Тэнащ Эммэ езым и унэр зи нэIэ щIэт пощтзехьэ Къурмэн Оксанэрэ абы и лэжьэгъухэмрэ яхужиIэм.

Страницы

Подписка на RSS - Жылагъуэ