Жылагъуэ

Галилей Галилео къигупсысахэр

Итальян щIэныгъэлI, физик, математик, астроном, механик Галилей Галилео Италием и Пизэ къалэм 1564 гъэм къыщалъхуащ.

ХэкIуэда я лэжьэгъухэм я анэхэм яхуэкIуащ

Анэм и махуэр сыт щыгъуи Iэтауэ щагъэлъапIэ ди къэралыи. Урысей гвардием и управленэу КъБР-м щыIэм гулъытэншэу къигъэнакъым зи къалэн зыгъэзащIэу хэкIуэда я лэжьэгъухэм я анэхэр. Абыхэм зыщIагъэкъуащ, ахъшэкIэ ядэIэпыкъуащ. 

Тхыдэр зыхъумэ тхылъхэр

ЩIэныгъэм и гъуэгум лъэбакъуэ инхэр хэзычэ цIыхухэм я хамэкъым тхылъ Iущхэр. Пэжри пцIыри щызэхэшэпсыхьа интернет хъыбархэр нобэкIэ куэд хъуами, укъэзымыгъэпцIэжынур, щIэныгъэм и лъыхъуакIуэ цIыхум ныбжьэгъуу къыхуэнэр тхылъхэрщ. Мэлбахъуэм и цIэр зезыхьэ лъэпкъ библиотекэм хэтщ лъахэхутэмкIэ къудамэ. Сыт хуэдэ абы и лэжьэкIэр, сыт щахъумэр? Абыхэм нэIуасэ дахуищIащ илъэс куд хъуауэ абы щылажьэ, зи лэжьыгъэми фIыуэ хэгъуэзэну хунэса Безыр Ленэ.

УФСБ-м къет

Сом мелуани 8-м щIигъу

 
Экономикэм пыщIа щIэпхъаджагъэхэм пэщIэт Iуэхухэр Урысей ФСБ-м и Управленэу КъБР-м щыIэм, КъБР-м щыIэ МВД-м я лэжьакIуэхэм ирагъэкIуэкIыу къыщIагъэщащ «Фадеев А. А. 1925 - 1926 гъэхэм щыпсэуа икIи «Разгром» романым щелэжьа унэ» щэнхабзэ мыхьэнэшхуэ зиIэ ухуэныгъэм зэгъэпэщыжыныгъэ лэжьыгъэхэр щыщрагъэкIуэкIым бюджет ахъшэу сом мелуани 8,2-м щIигъу зэрадыгъуар. 

Ди гулъытэ хуэныкъуэхэм ятеухуауэ

 Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Жылагъуэ палатэм и Советым и зи чэзу зэIущIэ зэхэтащ. Ар теухуауэ щытащ зи узыншагъэм сэкъат иIэ щIалэгъуалэм щIэныгъэ, IэщIагъэ егъэгъуэтыным, лэжьапIэ къахуэгъуэтыным теухуа щIыналъэ программэр зэрагъэзащIэм.
 

ЗэIузэпэщ ящI

Налшык и лъэс зекIуапIэхэр зыхуей хуэгъэзэным ехьэлIа лъэжьыгъэхэм пащэ.

Узэплъыр къэкIуатэу

 

1972 гъэм нэмыцэ бзылъхугъэ Сейдер Вероникэ метр 1600-кIэ пэжыжьэ цIыхухэм я теплъэр IупщIу къилъагъуфащ.  Ар тIощIкIэ нэхъыбэщ цIыху къызэрыгуэкIым къилъагъуфынум нэхърэ. Сейдер Гиннессым РекордхэмкIэ и тхылъым итщ дунейм нэхъ  нэ жан дыдэ зиIэ  цIыхуу. Апхуэдэу егъэлеяуэ нэ жан цIыху псоми яIэу щытами, нэхъри нэхъ гъунэгъужу, нэхъ IупщIыжу зэралъэгъунум и ужь итынут цIыхухэр, Iэмалхэр къагупсысу.

НэхъыфIхэр ягъэлъапIэ

«2022 гъэм и мафIэсгъэункIыфI инструктор нэхъыфI» еплъыныгъэ-зэпеуэ екIуэкIащ. Абы хэтащ Къэбэрдей-Балъкъэрым мафIэсым пэщIэт-къегъэлакIуэ IэнатIэм и профилактикэ гупхэм я инструкторхэр.

ГъащIэ узыншэм хуаущий

 

«Урысейм и сабийхэр-2022» зыфIаща профилактикэ Iуэхум хыхьэу  Урысей МВД-м и Управленэу  Налшык къалэм  щыIэм  и лэжьакIуэхэр яхуэзащ  Налшык  дэт   курыт  еджапIэ №29-м и школакIуэхэм.  СтIол хъурей щытыкIэм тету екIуэкIа зэIущIэм  полицейхэр  щытепсэлъыхьащ     наркотикхэм  зэраныгъэу пылъым,  хабзэншагъэкIэ ар зыщэхэр  жэуапым зэрырашалIэм.   

 

 ЕджакIуэхэм жаIащ спортым зэрыдихьэхыр, ар еджэныгъэми сэбэп къазэрыщыхуэхъур. Апхуэдэуи къахуеблэгъахэм яфIэгъэщIэгъуэн упщIэхэмкIэ зыхуагъэзати,    жэуап  зэпкърыха  къратыжащ.

 

IуэхущIапIэщIэ къызэIуахащ

КъБР-м и щыхьэрым щатащ Налшык къалэм щыIэ УМВД-м и регистрационно-экзаменационнэ къудамэр щылэжьэну унэщIэр.

Iуэху гуапэм хэтащ республикэм къэрал кIуэцI IуэхухэмкIэ министру щыIэ, полицэм и генерал-лейтенант Павлов Василий, Налшык къалэ администрацэм и Iэтащхьэ Ахъуэхъу Таймураз, КъБР-м щыIэ МВД-м дэлажьэ Жылагъуэ советым и тхьэмадэ Мэкъушэ Руслан, республикэ ОВД-м и ветеранхэм я щIыналъэ жылагъуэ къудамэм и тхьэмадэ Пыхъ МуIэед.

Страницы

Подписка на RSS - Жылагъуэ