Жылагъуэ

Сыт къапэплъэр?

Дыгъэгъазэм и 1-м щыщIэдзауэ псэупIэ-коммунальнэ хозяйствэм и Iуэхутхьэбзэхэм цIыхум щIат уасэм хэхъуэнущ: электрокъарум, псы щIыIэмрэ хуабэмрэ, газым, унэхэр къызэрагъэплъ хуабэм, кIэрыхубжьэрыхухэр дэшыным.

Дыщэр дэнэ къикIа?

Дыщэр Менделеевым и таблицэм 79-нэу итщ. Дыщэу дунейм къыщыщIахыр куэд дыдэу пхужыIэнукъым, нэгъуэщI мывэ, гъущIыкIэ лIэужьыгъуэхэм еплъытмэ. Дыщэр къызэрагъэунэхурэ псори зэхэту къыщIахам хуэдиз зы махуэм гъущIу къыщIах, хуэгъэфэщауэ къэббжмэ. 

ПсымкIэ къызэрагъэпэщ

Къулъкъужын Ипщэмрэ Ищхъэрэмрэ зэхэту псыр зрикIуэ бжьамийуэ километри 7-м нэблагъэ щызэрагъэпэщыж. 
Абы хиубыдэу Къулъкъужын Ипщэм и псы ежэххэм пэгъунэгъу бжьамийуэ километри 2,5-м нэблагъэ, Къулъкъужын Ищхъэрэм километри 4-м щIигъу щахъуэжынущ, зыхуей хуагъэзэнущ псы зэхуэхьэсыпIэхэр. 
Яубла Iуэхум и фIыгъэкIэ къуажитIми цIыху мини 4-р псыкIэ къыщызэгъэпэща хъунущ. Апхуэдэу мы гъэм Куба псы къыщIэшыпIэщIэ щаухуэнущ. Мы къуажэм дэсхэр илъэс куэд щIащ псы зэфэнумкIэ гугъу зэрехьрэ, уеблэмэ махуэ къэс зэрыIэбэну псыр уэшхыпсу щызэхуахьэси къэхъуу.

Адыгэ бзылъхугъэм и IуэхущIафэхэр

Бжьэдыгъу Аксанэ «Нарт» бухгалтер IуэхущIапIэм и унафэщIщ, «Лашын» бзылъхугъэ хасэм и гуащэщ, адыгэ шхыныгъуэхэр IэфIу зэрипщэфIымкIи куэдым къацIыху. 

ФIыщIэ тхылъхэр ират

Суд приставхэр ехъуэ­хъуащ­ щIыналъэм щыла­жьэ телекомпаниехэм я лэжьакIуэхэу зи махуэр зыгъэлъапIэхэм.

Быным къару яхэзылъхьэ гурыщIэ

КъыпхуэмыIуэтэным хуэдиз мыхьэнэ инрэ гурыщIэ абра­гъуэрэ къызэщIэзыубыдэ псалъэу щыIэр а зыращ: хьэрфышхуэ защIэкIэ дапщэщи ­птхыну зыхуэфащэ АНЭ псалъэращ.

Жьэгу мафIэм хуэдэу хуабэ лъагъуныгъэ

Пщэдей, щэкIуэгъуэм и 27-м, ди къэралым щагъэлъапIэ Анэм и махуэр. «Махуэрыбжэм къы­хэгъэбелджылыкIахэм я нэхъыщхьэ дыдэщ Анэм и махуэр», - жысIэми сыщымыуэну къысщохъу, сыту жыпIэмэ анэращ псори дунейм дыкъытезыгъэхьар, ди гъащIэм и щIэдзапIэ­-ри аращ. ЗэрыжаIащи, быным дежкIэ жьэгу мафIэ щабэм хуэдэу хуабэщ анэм къыбгъэдэкI лъагъуныгъэр. 

ЛэжьакIуэ нэхъыфIхэр ягъэпажэ

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм къэрал кIуэцI IуэхухэмкIэ министру щыIэ, полицэм и генерал-лейтенант Павлов Василий ехъуэхъуащ дамыгъэ лъапIэхэр зыхуагъэфэща я лэжьакIуэхэм. 

Дзэ-Куржы гъуэгу цIэрыIуэмкIэ

Къэбэрдей-Балъкъэрым и тафэ лъэныкъуэмкIэ уикIыу ищхъэрэкIэ ущыхуэплъэкIэ, къуршыщхьэхэм кIэраупсея пкIэлъей абрагъуэм и теувапIэхэм ещхьу, зыр адрейм елъэгэкIыу къэлъагъуэ Мэзылъэ, ХъупIэ, Къырылъэ, Гуэдзэн шытххэр, адрей хэгъэгухэм яхуэмыдэу, Осетие Ищхъэрэм и щIыналъэм гъунэгъу щызэхуохъу, абы къыдэкIуэуи, тыншу щызэхыбоцIыхукI. 

Гурэ псэкIэ

Щхьэлыкъуэ къуажэм дэт школ №1-м къегъэщIылIа сабий садым илъэс куэд хъуауэ и унафэщIщ Иуан Агнессэ. Сабийм и деж щыпхь жэуапым нэхъ ин щыIэкъым. Иуан Агнессэ апхуэдэ жэуаплыныгъэм пэлъэщ къудей мыхъуу, зыпэрыт IэнатIэм гукъыдэжи къыхех. 
И сабиигъуэм дохутыр IэщIагъэм ехъуапсэу щытащ. Класс нэхъыжьхэм нэса нэужь математикэмкIэ и егъэджакIуэр щапхъэ хуэхъури, абы хуеджэну триухуауэ щытащ. Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым щыхуеджащ физикэм. 

Страницы

Подписка на RSS - Жылагъуэ