Жылагъуэ

IэфI псори зэгъкъым

 Хамэ къэралхэм къыщыщIагъэкI псыIэфIхэр ди Iэнэм хэгъэрей зэрыщыхъурэ илъэс 30-м щIигъуагъэнщ. 

Насыпыр зыхэлъыр

Къэрэшей-Шэрджэс Республикэм къыщыдэкI «Черкес хэку» адыгэ газетым и редактор нэхъыщхьэ, КъШР-м щIыхь зиIэ и журналист Абидокъуэ (Щохъужь) Лусанэ адыгэ журналистикэм хэлъхьэныгъэ ин хуэзыщIхэм ящыщ шэрджэс пщащэщ. Абы «Жьынэпс» газетым и журналист Хьэжбэвыкъуэ Эрдогъан къыIиха интервьюм ди гуапэу фыщыдогъэгъуазэ.

Ар нэгъуэщIу псэуфынукъым

ПщIэрэ щIыхьрэ къэзылэжьа, куэдым фIы дыдэу яцIыху БжэIумых Лолэ Хьэжысмел и пхъум теухуауэ куэд ятхащ газетхэм икIи радиокIи къатащ, ауэ сыт хуэдиз хужыпIэми лей хъунукъым, хэт и дежкIи щапхъэщи. Лолэ уепсэлъылIэныр, и гукъэкIыжхэм уедаIуэу убгъэдэсыныр куэд и уасэщ. И хьэлым, и зэпIэзэрытагъым, и бзэ IэфIагъым уетхьэкъу. Щабэу, гум ехуэбылIэ псалъэхэр къыхихыу, Iэдэбу, уэ ущыпсалъэм дежи гупсэхуу къодаIуэу уи пащхьэм ис цIыхубзым плъэмыкIыу пщIэ лей хубощI, нэхъыбэрэ сыхуэзарэт, сыбгъэдэсарэт жыпIэу укъыбгъэдокIыж.

ЦIыхур зэрыпсалъэ бзэм елъытащ абы и гупсысэкIэри и дуней лъагъукIэри

КъБР-м и цIыхубэ су­рэтыщI, ХудожествэхэмкIэ Урысей Академием и академик, художник цIэрыIуэ Црым Руслан къызэралъ­ху­рэ илъэс 70   ирокъу.

Дызэкъуэтщ!

КъБР-м и Парламентым и УнафэщI Егоровэ Татьянэ къыхилъхьэри, республикэм законхэр къыдэзыгъэкI и орган нэхъыщхьэм и депутатхэм къызэрагъэпэщащ мобилизацэм ипкъ иткIэ дашахэм папщIэ гуманитар дэIэпыкъуныгъэ. Абы хохьэ щыгъын щIыIутелъ, щIагъщIэлъ хуабэхэр, нэ­гъуэщI хьэпшыпхэр хуабэ­хэр. ЩIымахуэ зэманыр къы­зэрыблэ­гъам тещIыхьауэ пар­ла­ментархэм ­къащэхуа хьэп­шып­хэр Къэ­бэрдей-Балъ­къэ­рым щыщу дзэ къулыкъур зыгъэзащIэ­хэм хурагъашэ.

Нэхъ хуэныкъуэхэм ират

КъБР-м и Iэтащхьэм и унафэкIэ, щIыналъэ ­бюджетым къыхэкI ахъшэкIэ къащэхуа транспортыщIэхэр дыгъуасэ иратащ республикэм Узыншагъэр хъумэнымкIэ, Егъэджэныгъэмрэ щIэныгъэмкIэ и министерствэхэм епха IуэхущIапIэхэм.
 
Автобусхэр къыщагъэсэбэпынущ Булунгу, ­Хъущтэ-Сырт, Шэджэм Ищхъэрэ, Балъкъэр Ипщэ, Джэрпэджэж, Безенги къуажэхэм.

Наркотикхэм щахъумэ

«Урысейм и сабийхэр-2022» зыфIаща профилактикэ Iуэхум и етIуанэ Iыхьэр республикэм щызэхаублащ. КъБР-м щыIэ МВД-м Наркотикхэр зэрызэрагъэкIуэкIым кIэлъыплъынымкIэ и управленэм щызэхэтащ ар Къэбэрдей-Балъкъэрым щэкIуэгъуэм и 14 - 23-хэм къыщызэгъэпэщыным щытепсэлъыхьа зэIущIэ.

Пхъэхуей телъыджэ

Императорым и урыс географие зэгухьэныгъэм и унафэкIэ 1859 - 1862 гъэхэм урыс ботаник, геолог Шмидт Фёдор хэтащ КъуэкIыпIэ Жыжьэм щыIа экспедицэм.

Сыту пIэрэ къикIыр?

Буший. Кавказ Шытх Нэхъыщхьэм хиубыдэ Щхьэгуащэ щхьэдэхыпIэр зи къежьапIэ Шахэ бгыщхьэхэмкIэ къыщыхэлъадэ и къуэпс цIыкIухэм ящыщ зым апхуэдэу йоджэ. Километри 8 хуэдиз и кIыхьагъщ. И къуэладжэр псыкъелъэ цIыкIухэмрэ жьанэ IузэвхэмкIэ бейщ.

 

ФIэщыгъэр къызытехъукIар къэтлъыхъуэн мурадыр диIэу, къызэгуэтха тхылъхэмрэ Интернетым дызыщыхэплъа тхыгъэхэмрэ къыщыдгъуэта мащIэм я гугъу тщIынщ.

Зэрызэдэлэжьэнум топсэлъыхь

 

   Тезырхэр зытралъхьахэм егъэпшынынымкIэ федеральнэ къулыкъущIапIэм и управленэу КъБР-м щыIэм и унафэщI, къэрал кIуэцI къулыкъум и полковник Лыхь Аслъэн лэжьыгъэ IуэхукIэ яхуэзащ Урысей Федерацэм и Жылагъуэ палатэм шынагъуэншагъэмрэ жылагъуэ кIэлъыплъакIуэ гупхэм ядэлэжьэнымкIэ и комиссэм и унафэщI Воронцов Александррэ КъБР-м и жылагъуэ кIэлъыплъакIуэ комиссэм и тхьэмадэ Бэрсэдж Анатолэрэ.

Страницы

Подписка на RSS - Жылагъуэ