|
Жылагъуэ
10 ноября, 2022 - 09:00
ЩIэблэр хэкупсэу къэгъэтэджыным хуэунэтIауэ щытащ 115-нэ Къэбэрдей-Балъкъэр шуудзэм и цIэр зезыхьэ лъахэхутэ гупым иригъэкIуэкIа дерс гъэщIэгъуэныр. Лъахэхутэхэм иджыблагъэ къахуеблэгъащ Налшык къалэ дэт 6-нэ курыт еджапIэм щIэс ныбжьыщIэхэр, абыхэм я егъэджакIуэхэу Хьэрун Раисэрэ Дмитрян Жаннэрэ.
10 ноября, 2022 - 08:00
УФ-м и Следственнэ комитетым КъБР-м щиIэ управленэм и Прохладнэ район къудамэм уголовнэ Iуэху къиIэтащ, УФ-м и УК-м и III-нэ статьям и 4-нэ Iыхьэм къыщыхьа щIэпхъаджагъэр илэжьауэ шэч зыхуащI, щIыпIэм щыпсэу цIыхухъум теухуауэ.
9 ноября, 2022 - 14:55
Бахъсэн къалэм хъыбар дахэ иджыблагъэ къиIукIащ. «Егъэджэныгъэ» лъэпкъ проектым ипкъ иткIэ Бахъсэн къалэм и хьэблэщIэм щрагъэжьащ сабий 1224-рэ зыщIэхуэн еджапIэм епха ухуэныгъэхэр.
9 ноября, 2022 - 12:06
Мы фIэщыгъэр зытеIукIа жылэр а цIэ дыдэр зезыхьэ псы Iуфэм Iусщ. Гумрэ Балъкърэ хэлъэдэж псыхэр зэхэзыгуэшыкI сэнтхыщхьэу Къырылъэ шытхым хиубыдэм и зы папцIапIэ БырмамытI Iуащхьэм (метри 2592,3-рэ и лъагагъщ) ар километри 6-кIэ пэжыжьэщ. Къэрэшей - Шэрджэсым и зы щIыналъэу «Къэрэшей ЦIыкIу» зыфIащам и къуажащхьэ Учкекен километр 66-кIэ (гъуэгумкIэ) пэIэщIэщ.
9 ноября, 2022 - 09:00
Урысей МВД-м и Бахъсэн къудамэм Донецк ЦIыхубэ Республикэм щыщхэм Урысей Федерацэм и цIыхум и паспорт щратащ.
Бахъсэн къудамэм Iэпхъуэшапхъуэ IуэхухэмкIэ и IэнатIэм и унафэщI, полицэм и полковник Нэхущ Заур дэфтэрымрэ Урысей Федерацэм и Конституцэмрэ яритащ Донецк къалэм къикIа зэщхьэгъусэхэм.
Полицейхэр къэралым щыпсэум и тхылъ нэхъыщхьэр зыIэрыхьа хьэщIэхэм ехъуэхъуащ. Кушнирхэ я унагъуэм хабзэхъумэхэм фIыщIэ хуащIащ я дэфтэрхэр и чэзум къаIэрыхьэнымкIэ къазэрыдэIэпыкъуам папщIэ.
9 ноября, 2022 - 08:33
Урысейм и щIыналъэ псоми щагъэзащIэ «Къалэхэм я теплъэр егъэфIэкIуэн» лъэпкъ проектыр. Ар зэрагъэлэжьа зэманым къриубыдэу (2017 гъэм къыщыщIэдзауэ) ди къэралым и муниципальнэ щIыналъэхэм ухуэныгъэу мин 50-м нэблагъэ зыхуей щыхуагъэзащ.
8 ноября, 2022 - 08:00
2016 гъэм инджылызыбзэкIэ дунейм къытехьауэ щытащ иджыблагъэ Котляровхэ я тхылъ тедзапIэм урысыбзэкIэ къыщыдэкIа, Къандур Мухьэдин и «Кабардин» романыр.
8 ноября, 2022 - 06:00
Илъэс мин бжыгъэкIэ цIыхур кIэлъыплъащ щIыуэпсым, къэкIыгъэхэм, удзхэм, ахэр цIыхум епхьэлIа нэужь сэбэп е зэран зэрыхуэхъум. Ауэрэ къэунэхуащ цIыхубэ медицинэ жыхуэтIэжыр. Нобэ фармацием ицIыху хущхъуэгъуэ мин бжыгъэхэр, дауи, пэсэрейхэм яцIыхуакъым, ауэ узыфэ шынагъуэхэм зэрызыщахъумэ, зэрызагъэхъуж Iэмалхэм щыгъуазэрт.
7 ноября, 2022 - 12:11
Гур архъуанэм ирехьэри… гъащIэ псо щоуназэ.
7 ноября, 2022 - 11:03
ЩIэныгъэлIхэм къызэрахутамкIэ, дызыщыпсэу ЩIымрэ Дыгъэ системэм хиубыдэ вагъуэхэмрэ адрей планетэхэмрэ илъэс меларди 4,6-рэ ипэкIэ къэунэхуащ.
Страницы
|