Жылагъуэ

ФIэщыгъэр зейр хэту пIэрэ?

«Архъыз» турист-рекреацэ комплексыр, «Кавказ Ищхъэрэм и курортхэр» компанием хыхьэр, гъэм и сыт хуэдэ зэманми мэлажьэ. А курортым и Iэгъуэблагъэм зыщызыплъыхьхэм, зыщызыгъэпсэхухэм я бжыгъэм, дызэрыщыгъуазэщи, иужьрей илъэсхэм хэхъуэ зэпытщ. А псом къадэкIуэу, а щIыпIэм и къекIуэкIыкIар, щыпсэуа лъэпкъхэр зыхуэдэр зэхэзыгъэкIыну хуейхэри кIуэ пэтми нэхъыбэ мэхъу.

 

КъБР-м щыIэ УФСБ-м къет

ПцIым фIым ухуишэркъым
Экономикэ IэнатIэм щызэхащIыхь щIэпхъаджагъэхэм зэрыпэщIэт Iуэхухэр ирагъэкIуэкIыу Урысей ФСБ-м и Управленэу КъБР-м щыIэм, КъБР-м щыIэ МВД-м я лэжьакIуэхэм къыщIагъэщащ муниципальнэ мылъкушхуэ дэфтэр нэпцIхэмкIэ зэхэдыгъуэным пыщIахэр.
Урысей реестрым и управленэу КъБР-м щыIэм и лэжьакIуэм, кадастр инженер IэщIагъэ зиIэ и къуэшыр щIыгъуу, Тэрч къалэм и щIыпIэ администрацэм и унафэ нэпцIхэр зэрагъэпэщри, я анэм и цIэкIэ ирагъэтхащ метр зэбгъузэнатIэ 8000 хъу щIы Iыхьэр, сом мелуани 5-м щIигъу и уасэр.

Зэрызэкъуэтым и щапхъэ

Украинэм щекIуэкI Iуэхухэм хэтыну кIуахэм хуащI гулъы­тэм хэхъуэ зэпытщ.

ЦIыкIу щхьэкIэ, къарууфIэщ

Дунейм тет псэущхьэхэм, хьэпщхупщхэм, хьэкIэкхъуэкIэхэм гъэщIэгъуэн куэд ядыболъагъу. Щхьэж иIэжщ и зэхэлъыкIэ, и сэбэпынагърэ зэраныгъэрэ, и хьэл-щэн. Псалъэм папщIэ, хъумпIэцIэдж фIэкIа инагъ зимыIэми мыхьэнэ иIэщ. 
ХъумпIэцIэдж гуащэ яхэтщ
ХъумпIэцIэджхэм псэупIэ ящI щIыр, мывэ лъабжьэхэр, пхъэ зэхуакухэр. Зы хъумпIэцIэджыгъуэм хъумпIэцIэдж мелуан хуэдиз щыпсэункIэ хъунущ. Абыхэм яхэтщ зэи гъуэр зымыбгынэ хъумпIэцIэдж гуащэ. ХъумпIэцIэдж гуащэр илъэс 30 хуэдизкIэ псэуфынущ, мыдрейхэм я пIалъэр илъэсищщ. 
КъарууфIэхэщ

Фэеплъым пщIэ хуащIу

ЩэкIуэгъуэм 8-р Урысей Федерацэм къэрал кIуэцI IуэхухэмкIэ и органхэм я лэжьакIуэхэу зи къалэн зыгъэзащIэу хэкIуэдахэм я фэеплъ махуэщ. Ар ягъэуващ Урысей МВД-м 2017 гъэм гъатхэпэм и 17-м къищта унафэм ипкъ иткIэ. 
Урысей гвардием и управленэу КъБР-м щыIэм и «Эльбрус» СОБР-мрэ «Вершина» ОМОН-мрэ къулыкъу щызыщIэхэм удз гъэгъахэр щагъэтIылъащ я къалэн ягъэзащIэу хэкIуэдахэм я мемориалым деж икIи дакъикъэкIэ щымащ. 

Хэгъэгупсэхэм я дерс

ЩIэблэр хэкупсэу къэгъэтэджыным хуэунэтIауэ щытащ 115-нэ Къэбэрдей-Балъкъэр шуудзэм и цIэр зезыхьэ лъахэхутэ гупым иригъэкIуэкIа дерс гъэщIэгъуэныр. Лъахэхутэхэм иджыблагъэ къахуеблэгъащ Налшык къалэ дэт 6-нэ курыт еджапIэм щIэс ныбжьыщIэхэр, абыхэм я егъэджакIуэхэу Хьэрун Раисэрэ Дмитрян Жаннэрэ.

И адэр иукIыжауэ ягъэкъуаншэ

УФ-м и Следственнэ комитетым КъБР-м щиIэ управленэм и Прохладнэ район къудамэм уголовнэ Iуэху къиIэтащ, УФ-м и УК-м и III-нэ статьям и 4-нэ Iыхьэм къыщыхьа щIэпхъаджагъэр илэжьауэ шэч зыхуащI, щIыпIэм щыпсэу цIыхухъум теухуауэ.

Бахъсэн къалэ еджапIэщIэ щаухуэ

Бахъсэн къалэм хъыбар дахэ иджыблагъэ къиIукIащ. «Егъэджэныгъэ» лъэпкъ проектым ипкъ иткIэ Бахъсэн къалэм и хьэблэщIэм щрагъэжьащ сабий 1224-рэ зыщIэхуэн еджапIэм епха ухуэныгъэхэр.

Хьэсаут

Мы фIэщыгъэр зытеIукIа жылэр а цIэ дыдэр зезыхьэ псы Iуфэм Iусщ. Гумрэ Балъкърэ хэлъэдэж псыхэр зэхэзыгуэшыкI сэнтхыщхьэу Къырылъэ шытхым хиубыдэм и зы папцIапIэ БырмамытI Iуащхьэм (метри 2592,3-рэ и лъагагъщ) ар километри 6-кIэ пэжыжьэщ. Къэрэшей - Шэрджэсым и зы щIыналъэу «Къэрэшей ЦIыкIу» зыфIащам и къуажащхьэ Учкекен километр 66-кIэ (гъуэгумкIэ) пэIэщIэщ.

Паспорт ират

 

Урысей МВД-м и Бахъсэн къудамэм Донецк ЦIыхубэ Республикэм щыщхэм Урысей Федерацэм и цIыхум и паспорт щратащ.   

Бахъсэн къудамэм Iэпхъуэшапхъуэ IуэхухэмкIэ и IэнатIэм и унафэщI, полицэм и полковник Нэхущ Заур дэфтэрымрэ Урысей Федерацэм и Конституцэмрэ яритащ Донецк къалэм къикIа зэщхьэгъусэхэм.  

Полицейхэр къэралым щыпсэум и  тхылъ  нэхъыщхьэр  зыIэрыхьа хьэщIэхэм ехъуэхъуащ.  Кушнирхэ я унагъуэм  хабзэхъумэхэм фIыщIэ хуащIащ я дэфтэрхэр и чэзум къаIэрыхьэнымкIэ къазэрыдэIэпыкъуам папщIэ. 

Страницы

Подписка на RSS - Жылагъуэ