Жылагъуэ

НыбжьыщIэхэр наркотикхэм щахъумэ

«Урысейм и сабийхэр-2022» зыфIаща профилактикэ Iуэхур республикэм щызэхаублащ. 

И зэхуэдитIыр къытрахыжащ

Урысей МВД-м и къудамэу Май районым щыIэм 2022 гъэм мэлыжьыхьым и 3-м зыхуигъэзащ Май къалэм дэт ООО-м и унафэщI, илъэс 58-рэ хъу налшыкдэсым. ЦIыхухъум зэрыжиIамкIэ, блэкIа жэщым, дыгъуакIуэм чырбыш блыныр зэтрихщ, IуэхущIапIэм и лъэщапIэм щIыхьэри, гъуаплъэ кIапсэрэ бжыгъэрылъанэ видеорегистраторымрэ щIихащ. ФIадыгъуар сом I25000-рэ и уасэщ.
Хабзэхъумэхэм зы жэщ-махуэм къриубыдэу яубыдащ шэч зыхуащIыр. Ар нэхъапэми суд зытращIыхьа, илъэс 24-рэ зи ныбжь майдэсырщ. Абы и псэупIэр къыщащым къагъуэтыжащ видеорегистраторыр зэрылъамрэ электрокIапсэхэмрэ.

IуэхущIапIэ мыинхэм заужь

Бэрбэч ХьэтIутIэ и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым иджыблагъэ щекIуэкIащ инновациехэмкIэ и IуэхущIапIэ мыинхэм я лэжьыгъэр къызэрызэгъэпэща щIыкIэм теухуауэ зэIущIэ.

Сыт уэшхыр зищIысыр?

Иджыпсту гъатхэщ, уэшххэри нэхъыбэ хъунущ. Илъэсым и кIуэцIкIэ дунейм плIэ зызредзэкI: дэтхэнэ зыми и мыхьэнэ иIэжщ, къалэн егъэзащIэ. Гъатхэм дунейр мэгъагъэ, гъэмахуэм мэбагъуэ, бжьыхьэм хугъуэфIыгъуэр кърахьэлIэжри, щIымахуэм зегъэпсэху, къаруущIэ щIэлъу аргуэрым гъатхэм къызэщIэгъэгъэн хуэдэу. Уэлбанэрилэр цIыхухэм яфIэфIкъым. АтIэ, сыт ар къыщIешхыр, дэнэ къыздикIыр?

Шыргупс – Щэхъурадж - Чехрак

КъухьэпIэ Кавказым щежэх псыхэм ящыщ зыщ. Лабэ сэмэгу лъэныкъуэмкIэ холъадэ.
Зэреджэм и къежьэкIэ хъуам ехьэлIауэ еплъыкIэ зыбжанэ щыIэщ. Ар тыркухэм я бзэм къытехъукIауэ тезыгъэчыныхьхэм «чага» Iыхьэр «псы» псалъэм, «арык» пычыгъуэр «цIыкIу» мыхьэнэм хуагъакIуэ. Абыхэм къызэралъытэмкIэ, «Чагарык» жыIэкIэр и лъабжьэщ ди зэманым кIахэ адыгэхэм къагъэсэбэп «Щэхъурадж» щIыпIэцIэм, къэпсэлъыкIэхэр щIызэщхьэщыкIам и щхьэусыгъуэри фонетикэм къыщыхъу хабзэ зэхъуэкIыныгъэхэм хуахь.

ГущIэгъу зиIэ цIыху дахэ

Си тхыгъэ кIэщIыр зытезухуэну сыхуейуэ къалэмыр къыщIэсщтар ковид уз зэрыцIалэм щеIэзэ госпиталым Тэрч къыщыздыщIэлъа бзылъхугъэ гъэщIэгъуэнщ. Уэлджыр Ритэ Лъостэнбий и пхъур Тэрч щIыналъэм къыщалъхуащ, Налшык къалэ щопсэу. Ар «Къэбэрдей-Балъкъэр» КъТРК-м и бухгалтерщ. Хабзэ зыхэлъ, гущIэгъу зиIэ, иман зыбгъэдэлъ а цIыху дахэм хуэдэ щыIэж си гугъакъым. Ритэ и гу къабзагъэм, гуапагъэм, и теплъэкIи и псэ хьэлэлагъкIи зэрызэкIужым нэхъыбэ щызгъэгъуэзэну сыхуейщ, абы щапхъэ трахын щхьэкIэ.

Тау Олег: Адыгэ шхыныгъуэхэм нэхърэ нэхъ гурыхь щыIэкъым

Илъэс 41-кIэ пщафIэ IэщIагъэм ирилэжьащ Лэскэн районым хыхьэ Хьэтуей къуажэм щыщ Тау Олег. Iуэхум фIыуэ хищIыкIыу, гурэ псэкIэ абы етауэ зэрыщытам къыхэкIыу а IэнатIэм абы зэфIэкI хъарзынэхэр къыщигъэлъэгъуащ, зыхэт гупым я дежи пщIэи щIыхьи щиIащ.

Фэеплъхэр зыхуей хуагъазэ

Налшык къалэ администрацэм и нэIэм щIэтщ тхыдэ фэеплъхэм хабжа унэхэмрэ архитектурэ ухуэныгъэхэмрэ.
    Нэхъыжь дыдэхэм ящыщ Революционнэ, Суворовым и цIэр зезыхьэ уэрамхэм я зэхэкIыпIэм тетщ урысей тхыдэм зи цIэр къыхэна Голицынхэ я лъэпкъым Налшык щаухуауэ щыта я уардэ унэр. I9 - нэ лIэщIыгъуэ жыжьэмкIэ дгъэзэжмэ, мыр иратыжауэ щытащ Кавказ линиемкIэ центрыми управленэм. Мы унэр архитектурэ, тхыдэ мыхьэнэ зэриIэм папщIэ яхъумэн хуейхэм хэткъым. АрщхьэкIэ, администрацэм и унафэкIэ хъар зэIуща IувхэмкIэ щIауфащ, уэшхи уэси зэран хуэмыхъун хуэдэу.

«Чэщей щыкъум хуэдэщ»

Мы жыгым и тхьэмпэхэр гъэм и сыт хуэдэ зэманми щхъуантIэщ. Езыр лIэужьыгъуэ лъапIэхэм хабжэ. И пкъыр быдэщ, къабзэщ (адыгэхэм «чэщей щыкъум хуэдэщ», «чэщейм хуэдэу къабзэщ» псэлъафэхэр къызыхахари аращ). Ди жагъуэ зэрыхъунщи, мы зэманым чэщейр Кавказ Ищхъэрэм щIагъуэу къыщыкIыжыркъым.

«Налшык» псым и Iуфэм жыгхэр щыхасэ

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэр къызэрызэрагъэпэщрэ илъэси 100 зэрырикъум и щIыхькIэ Налшык псым и Iуфэм ирикIуэ лъэс лъагъуэм щыхасащ куэдрэ узримыхьэлIэ жыг лIэужьыгъуэщIэ телъыджэ - «Павловния войлочная» фIэщыгъэр зиIэр. А Iуэхур «Экологистика» ООО-м и жэрдэмкIэ къызэрагъэпэщащ.

Страницы

Подписка на RSS - Жылагъуэ