Жылагъуэ

Мэкъумэш хъыбархэр

   Бжьыхьэсэм щIадзэ

Къэбэрдей-Балъкъэрым и мэкъумэшыщIэхэм бжьыхьэсэм щIадзащ.  НобэкIэ гектар мини 2-м щIигъум гуэдзыр, хьэр, рапсыр тращIащ. ЗэкIэ къызэрабжамкIэ, адрей илъэсхэми хуэдэу, етIанэгъэ кърахьэлIэжыну гъавэм гектар мин 60 хуэдиз мы гъэм хухахынущ.

 ЖыпIэнурамэ, гуэдзым гектар мин 44-м нэблагъэ, хьэм – гектар мини 10, рапсым – гектар мини 5,5-рэ иратынущ. Ахэри ипэ ита илъэсхэм щыIа бжыгъэхэм хуэдизщ.

Улъыхъуэмэ, къэбгъуэтынущ

Хэку зауэшхуэр щIэх-щIэхыурэ зызыхуэдгъэзэж къэхъугъэхэм ящыщщ. Абы дыщIыхуеплъэкIыжым, пэжыр къэтлъыхъуэу архив гъэтIылъыгъэхэм къыхэкIыж дэфтэрхэм къыщIэтIэтыжым и щхьэусыгъуэ нэхъыщхьэри къэкIуэнумкIэ дызэрыплъэрщ, къытщIэувэ щIэблэм мамырырыгъэр тегъэщIапIэ зыщI дунейр къахуэдгъэнэну дызэрыхущIэкъурщ. Апхуэдэ къалэнщ зыхуигъэувыжари Бэрбэч ХьэтIутIэ и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым Iуащхьэмахуэ лъапIэ щиIэ егъэджэныгъэ-щIэныгъэ центрым иджыблагъэ щригъэкIуэкIа щIэнIуатэми.

Адыгэшыр щагъэбагъуэ «Бибердым»!

Къэрэшей-Шэрджэсым щыIэщ «Биберд» зи фIэщыгъэ, адыгэш щагъэхъу щIыпIэ дахэ. «Нэри пэри ехь» жыхуаIэм хуэдэ щIыпIэр адыгэхэм пасэм яIа псэукIэм тещIыхьауэ къещIэкIащ. Абы удыхьамэ, уогупсыс, ди блэкIам, нэхъыжьхэм яIа псэукIэм, лъэпкъ шыфэлIыфэм, куэдым - куэдым. Адыгэшхэр щагъэхъу, адыгэ дунейр екIуу къыщызэгъэпэща щIыпIэм щыIащ лъэпкъ Iуэхухэм жыджэру хэт, пщащэ адыгэпсэ ГЪУКIЭКЪУЛ Иринэ. Иринэ и тхыгъэ-гупсысэщ дызэрывдэгуашэр.

Зэхьэзэхуэ инхэр къапоплъэ

Урысей Федерацэм дзюдомкIэ и командэ къыхэхам фокIадэм икIэхэм зыгъэсэныгъэ зэхуэс щригъэкIуэкIащ Кэнжэ къуажэм дэт «Пять колец» спорт академием. Къэралым и дзюдоист нэхъ лъэщу 120-м щIигъу ди республикэм къэкIуат Азербайджаным и къалащхьэ Баку щызэхэтыну дунейпсо чемпионатымрэ УФ-м и чемпионату Минводы къалэм щызэхашэну зэпеуэмрэ зыхуагъэхьэзырыну. А зэхьэзэхуэхэр щекIуэкIынур мы гъэм жэпуэгъуэм и 4-18 махуэхэрщ.

ЕфIакIуэ зэпыту къогъуэгурыкIуэ

Адыгэ Республикэм мы махуэхэм егъэлъапIэ ар къызэрызэрагъэпэщрэ илъэс 36-рэ зэрырикъур. Къэбгъэлъагъуэмэ, 1922 гъэм бадзэуэгъуэм и 27-м ВЦИК-м и Президиумым Унафэ къыдигъэкIауэ щытащ Шэрджэс (Адыгей) автоном область зэраухуэмкIэ. Абы и цIэр 1922 гъэм шыщхьэуIум и 24-м Адыгей (Шэрджэс) автоном областу зэрахъуэкIат. 1937 гъэм щегъэжьауэ Адыгей автоном областыр Краснодар крайм хыхьэу щытащ.

Къуэпс быдэ зыдза къэхъугъэхэр

Ди лъэпкъ тхакIуэхэм ящыщ куэд поэмэ жанрми я зэфIэкI щеплъыжащ. А унэтIыныгъэм зи къалэмыр щызыгъэлъэщахэм яхэтщ Бещтокъуэ Хьэбаси. Бещтокъуэм и IэдакъэщIэкIхэм тетхыхьащ критикхэр, литературэджхэр. Филологие щIэныгъхэмкIэ кандидат Къэжэр Инни «Лъэпкъ балладэмрэ поэмэмрэ я щхьэхуэныгъэхэр» и тхыгъэм Бещтокъуэм и поэмэм гулъытэ щыхуищIащ.

ЩIыналъэр ирагъэфIакIуэ

Къэбэрдей-Балъкъэрым иужьрей илъэсхэм щрагъэкIуэкI зэIузэпэщыныгъэ лэжьыгъэхэм хыхьэу Тэрч къалэм Лермонтовым и цIэкIэ щыIэ и уэрамыр къызыхуэтыншэу зэрагъэпэщыж мы махуэхэм. НобэкIэ гъуэгум и лъэныкъуитIымкIи лъэс лъагъуэхэр щагъэтэмэмащ, мывэхэмкIи кърагъэбыдэкIыжащ, уэрамым зэ ирикIуэгъуэу асфальтрэ бетонрэ зэхэщIауэ тралъхьащ. Абыхэм къадэкIуэу, уэздыгъэхэр зыпадзэну пкъохэр ягъэув.

Хьэлым и лъабжьэр гупсысэрщ

ЦIыхум къыдалъху къыщIэкIынщ адрейхэм нэхърэ нэхъыфIу зибжыжын хьэлыр. Ар псэм зэрызихъумэж къарухэм язу щытми, гъэсэныгъэм, зыужьыныгъэм, щэнхабзэм, псэкупсэ лъапIэныгъэхэм я фIыгъэкIэ, Алыхьым къигъэщIа псори езым зэрещхьыр къыгуроIуэ, апщIондэху «цIыху» мэхъу.

И щыкъу анэр кърагъэлащ

Къэбэрдей-Балъкъэрым и автоинспекторхэм зи гур къы­зэ­Iыхьа цIыхубзыр икIэщIыпIэкIэ сымаджэщым нагъэсащ. 

ГъэсакIуэхэр Бахъсэн щагъэлъапIэ

ГъэсакIуэхэмрэ сабий садым и лэжьа­кIуэ­хэмрэ я махуэм ирихьэлIэу Бахъсэн къалэм ще­кIуэкIащ «Сабийхэр фIыуэ ялъагъуу. Я IэщIагъэм хуэIэижьу» гуфIэгъуэ пшыхьыр. А зэIущIэм щызэхуэсат мы лэжьыгъэ мытыншыр къы­хэзыхахэмрэ абыхэм я гъэсэнхэмрэ. 

Страницы

Подписка на RSS - Жылагъуэ