Жылагъуэ

ЩIыналъэр ирагъэфIакIуэ

Къэбэрдей-Балъкъэрым иужьрей илъэсхэм щрагъэкIуэкI зэIузэпэщыныгъэ лэжьыгъэхэм хыхьэу Тэрч къалэм Лермонтовым и цIэкIэ щыIэ и уэрамыр къызыхуэтыншэу зэрагъэпэщыж мы махуэхэм. НобэкIэ гъуэгум и лъэныкъуитIымкIи лъэс лъагъуэхэр щагъэтэмэмащ, мывэхэмкIи кърагъэбыдэкIыжащ, уэрамым зэ ирикIуэгъуэу асфальтрэ бетонрэ зэхэщIауэ тралъхьащ. Абыхэм къадэкIуэу, уэздыгъэхэр зыпадзэну пкъохэр ягъэув.

Хьэлым и лъабжьэр гупсысэрщ

ЦIыхум къыдалъху къыщIэкIынщ адрейхэм нэхърэ нэхъыфIу зибжыжын хьэлыр. Ар псэм зэрызихъумэж къарухэм язу щытми, гъэсэныгъэм, зыужьыныгъэм, щэнхабзэм, псэкупсэ лъапIэныгъэхэм я фIыгъэкIэ, Алыхьым къигъэщIа псори езым зэрещхьыр къыгуроIуэ, апщIондэху «цIыху» мэхъу.

И щыкъу анэр кърагъэлащ

Къэбэрдей-Балъкъэрым и автоинспекторхэм зи гур къы­зэ­Iыхьа цIыхубзыр икIэщIыпIэкIэ сымаджэщым нагъэсащ. 

ГъэсакIуэхэр Бахъсэн щагъэлъапIэ

ГъэсакIуэхэмрэ сабий садым и лэжьа­кIуэ­хэмрэ я махуэм ирихьэлIэу Бахъсэн къалэм ще­кIуэкIащ «Сабийхэр фIыуэ ялъагъуу. Я IэщIагъэм хуэIэижьу» гуфIэгъуэ пшыхьыр. А зэIущIэм щызэхуэсат мы лэжьыгъэ мытыншыр къы­хэзыхахэмрэ абыхэм я гъэсэнхэмрэ. 

Зыхуэтхъумэр ди щхьэщ

Жэпуэгъуэм и 4-р Псэущхьэхэр хъумэным и дунейпсо ­махуэщ. Ар зыхуэгъэзар дэ, цIыхухэр, дыкъэзыухъуреихь дунейм и хъугъуэфIыгъуэхэм къыгуэхыпIэ зимыIэу къалъытэ псэущхьэхэмрэ къэкIыгъэхэмрэ Iущагъэ ин тхэлъу къызэрыдгъэсэбэпыным ди гупсысэр хуэдгъэкIуэнырщ. 

Унагъуэшхуэм щыщ хъуащ

ФокIадэм и 30-р иджырей урысей тхыдэм и махуэгъэп-сым хэт махуэ хэхащ. А махуэм, 2022 гъэм, Iэ щIадзащ Донецк, Луганск цIыхубэ республикэхэр, Запорожскэ, Херсон областхэр Урысей Федерацэм къы­зэрыхагъэхьэжам теухуа тхыдэ дэфтэрхэм. Абы и щIыхь­кIэ Бэрбэч ХьэтIутIэ и цIэр зе­зыхьэ Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым къы-­щы­зэIуахащ «Урысейм и щIыналъэщIэхэр» гъэлъэгъуэ­ны­гъэр.

ЛIэщIыгъуэхэм я зэблэкIыпIэм

УФ-м и ТхакIуэхэм, Журналистхэм я зэгухьэ­ныгъэхэм хэт, адыгэм къытхэкIа усакIуэ, журналист ныбжьыщIэ Чэнджэщауэ Артур иджы­благъэ къыдигъэкIащ урысыбзэкIи адыгэбзэ-кIи итха усэхэр щызэхуэхьэса «На стыке веков» тхылъыщIэр. Ар и щхьэусыгъуэу «Черкес хэку» газетым и корреспондент Лыхь Тимур щIалэ-щIэм щепсэлъам къыжриIам фыщыдогъэ­гъуазэ. 

Хуадэнукъым хабзэншагъэ

КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек хэтащ КИФЩI-м шынагъуэншагъэр къы­щызэгъэпэщынымкIэ, коррупцэм щыпэ­щIэтынымкIэ, хабзэр къызыхуэ­тыншэу щыгъэлэжьэнымкIэ зэзыгъэуIу зэIущIэм. Ар иригъэкIуэкIащ УФ-м и Пре­зи­дентым и полномочнэ лIыкIуэу ­КИФЩI-м щыIэ Чайкэ Юрий. 

Зи ныбжь хэкIуэтахэм я махуэм

«Урысей зэкъуэт» политикэ партым Налшык щиIэ и къудамэм щагъэлъэпIащ зи ныбжь хэкIуэтахэм я махуэр - нэхъыжьхэр кърагъэблагъэри ерыскъы IэнэкIэ ягъэхьэ-щIащ, макъамэкIэ, уэрэдкIэ, къафэкIэ я нэгу зрагъэужьащ.

Ехъуэхъуащ еджапIэщIэр яхуэугъурлыну

Ди республикэм и къалащхьэ Налшык къыщызэIуахащ Урысей МВД-м и Къэбэрдей-Балъкъэр институт. Iуэхугъуэм иращIэкIа гуфIэгъуэ дауэдапщэм хэтащ КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек. Зэ­хуэсым кърихьэлIа хьэщIэ лъа­пIэхэм ящыщщ УФ-м къэ­рал кIуэцI IуэхухэмкIэ и министрым и къуэдзэ Кубышкэ Владимиррэ Урысейм и ­МВД-м Кавказ Ищхъэрэ фе-деральнэ щIыналъэмкIэ и Уп­рав­ленэ нэхъыщхьэм и уна­фэщI Бачурин Сергейрэ.

Страницы

Подписка на RSS - Жылагъуэ