Жылагъуэ

ЗэдэIэпыкъужу икIи еужьэрэкIыу

Ди лъахэгъухэр, къапщтэмэ, Совет Союзым и цIыхубэм хуэдэу, Хэкум зауэ къезыщIылIахэмкIэ леймыгъэгъут, щIыналъэр нэхъ щIэхыу бийм къызэрыIэщIагъэкIыжыным дэтхэнэми хузэфIэкI хилъхьэу цIыхухэр зэкъуэуват. Абы щыхьэт техъуэхэм ящыщ зыщ 2-нэ гвардейскэ дивизэм и унафэщIым и къуэдзэ Пилипенкэ КъБАССР-м и обкомым и япэ секретарь КIумыхъу Зубер къыхуитха письмор. «ФIэхъус изох узипашэ лъэпкъ хахуэм! – дыкъыщоджэ тхыгъэм. – Дэ игъащIэкIи тщыгъупщэнукъым фи республикэм, абы щыпсэу цIыху гуащIафIэхэм ди зауэлIхэм къыхуащIамрэ лъэкI къамыгъанэу къызэрыддэIэпыкъуамрэ.

Кадетхэр ягъэгушхуэ

Урысей гвардием и Управленэу КъБР-м  щыIэм  и лэжьакIуэхэр  ехъуэхъуащ  я нэIэ  зытет, Бахъсэн къалэм дэт курыт еджапIэ №2-м и кадет классым щIэсхэм – абыхэм  гъэ еджэгъуэр къаухам и мызакъуэу, класс нэхъыжьхэм кIуащ.

Iуэху гуапэм хэтащ  Урысей гвардием, район администрацэм, республикэм Егъэджэныгъэмрэ щIэныгъэмкIэ и министерствэм я лIыкIуэхэр,  школым и унафэщIхэмрэ егъэджакIуэхэмрэ, ветеранхэр, жылагъуэ организацэхэм щыщхэмрэ  еджакIуэхэм я адэ-анэхэмрэ.   

Сабиигъуэм – хуэфэщэн гулъытэ

Къэбэрдей-Балъкъэрым и Правительствэм къищта унафэм ипкъ иткIэ, Сабийхэр хъумэным я дунейпсо махуэм ирихьэлIэу щэбэт щIыхьэху иджыблагъэ щIыналъэм щрагъэкIуэкIащ. Жэрдэм дахэм хэтащ Къэбэрдей-Балъкъэрым и къулыкъущIапIэхэм, щIыналъэ IуэхущIапIэхэм, жылагъуэ зэгухьэныгъэхэм, хьэрычэтыщIэ IэнатIэхэм я лэжьакIуэхэр, егъэджакIуэхэр, еджакIуэхэр, Iуэхугъуэм хэтыну гукъыдэж зыщIа цIыху щхьэхуэхэр.

Псэущхьэхэм я дуней

Махъшэ

Махъшэр пшахъуэщIхэм, щIыпIэ хуабэхэм щопсэу. Ар икъукIэ бэшэчщ, сабырщ, жыIэдаIуэщ. Махъшэм и лъакъуэхэр инщ. АбыкIэ тыншу ар пшахъуэщIым щызокIуэ. Махъшэм пшахъуэщIым къыщыкI сыт хуэдэ удзри ешх. Махуэ зыбжанэкIэ псы емыфэми псэуфынущ. Махъшэр хуабэвэхми щIыIэ уаеми щышынэркъым. Махъшэм шэ Iув къыщIокI. Абы цы щабэ куэд къытрах. Махъшэм нэбжьыцу тIу иIэщи, жьы бзаджэ къепщэм нэр щахъумэ.

КIэпхъхэр

Лъэужь дахэ къигъэнащ

ЩакIуэ Мусэлийрэ сэрэ зы илъэсым дыкъалъхуат, сэ нэхърэ тIэкIу нэхъыщIэт. КъищынэмыщIауэ, дызэблагъэт, сэ си анэм и анэр ЩакIуэхэ япхъут, Къэбэрдей-Балъкъэрым и Шэджэм къалэм щыщт. Мусэлии къызыхэкIа лъэпкъым и  къежьапIэр мыбыкIэ зэрыщыщыр,  Шэджэм псы Iуфэм зэрыIукIар ищIэу апхуэдэт. Абы къыхэкIыу, Мусэлий сэрэ дызэныбжьэгъу къудейтэкъым, атIэ зэкъуэшым хуэдэу дызэхущытащ.

ЛIэщIыгъуэм и ныбжьыщIэ хахуэ

 Сурэтым щыфлъагъу щIалэ цIыкIур илъэс 14 хъууэ арат абы щыгъуэ… Ар сыхьэтихым щIыгъукIэ америкэ сэлэт 400-м пэщIэтауэ щытащ, унэм иримыгъэкIуалIэу. ЛIыгъэ къызэрымыкIуэрэ хахуагъэрэ зыгъэлъэгъуа, 21-нэ лIэщIыгъуэм и нэхъ хахуэ дыдэу къалъыта, тхыдэм къыхэнэжа ныбжьыщIэр 1979 - 2003 гъэхэм Иракым и президенту щыта Саддам Хъусен и къуэрылъху  Мустэфащ. 

СурэтыщI ныбжьыщIэхэм я IэдакъэщIэкIхэр

Сабийхэм я дунейпсо махуэм, мэкъуауэгъуэм и 1-м, Ткаченкэ Андрей и цIэр зезыхьэ музейм къыщызэIуахащ сурэт щIынымкIэ Кавказ Ищхъэрэм и XV зэпеуэр. 

ЯлъагъумкIэ арэзыуэ, яфIэгъэщIэгъуэну

УФ-м и Федеральнэ Зэхуэ­сым и Къэрал Думэм ЛэжьыгъэмкIэ, социальнэ политикэмрэ ветеранхэм я IуэхухэмкIэ и комитетым и унафэщI Нилов Ярослав я пашэу лIы­кIуэ гуп лэжьыгъэ IуэхукIэ мы махуэхэм Къэбэрдей-­Балъкъэрым щыIэщ.

Гъуэгум и плъырхэр

«Шэрхъ шынагъуэншэ» урысейпсо зэпеуэм и республикэ Iыхьэр иджыблагъэ екIуэкIащ.

Шынагъуэншагъэм и шэсыпIэхэр

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек иригъэкIуэкIащ КъБР-м Хабзэм къемы­зэгъхэр къэмыгъэхъунымкIэ зэпы­мыу­уэ лажьэ зэзыгъэуIу зэхыхьэм­рэ республикэм Экономикэ, жы­ла­гъуэ шынагъуэншагъэмкIэ и советымрэ я зэIущIэ. 

Страницы

Подписка на RSS - Жылагъуэ