Жылагъуэ

Катар къыщына адыгэ лъэужьыр

Ди газетым тетащ футболымкIэ дунейпсо чемпионатым, Катарым щекIуэкIым, Адыгэ Республикэм щыщ Бракъийхэ я унагъуэр зэрыщыIар. ТхьэмахуитI зекIуэр екIурэ-ещхьу къызэранэкIри, Хьэтыкъуей къуажэм къагъэзэжащ Ильясрэ ипхъухэмрэ. Ахэр къызэрырагъэжьэжамрэ Катарым адыгэу щыпсэур зэхуэсу джэгу зэрыхуащIамрэ къощ иужьрей видеохэм. Ахэр гум, псэм дыхьэ теплъэгъуэщ, езыхэми къаIуэтэж хамэ щIыпIэм щыпсэу я лъэпкъэгъухэм кърата гурыщIэмрэ къыхуащIа пщIэмрэ. 

ЩIэныгъэр зи гъуазэ

 «Дадэ, уэ усакIуэу укъалъхуауэ ара?» - еупщIащ илъэсий хъу ди Арианэ си анэ дэлъху закъуэ Молэ СулътIан (дэ дызэреджэр ТIытIэщ). Ар щызэхэсхым «Сабийм къиIуатэр пэжщ» зэрыжаIэр занщIэу сигу къэкIыжащ. Ди Iущыцэ цIыкIум псынщIэ дыдэу къыгурыIуат ТIытIэ и псэлъэкIэр зэрытелъыджэр, усэ, макъамэ дахэм ещхьу удихьэхыу зэрыIур, зэчиишхуи зэрыбгъэдэлъыр.

Гуапагъэрэ псапэрэ зылэжьхэр

Дуней псом, ди къэралым и дэтхэнэ плIанэпэми хуэдэу, ди щIыналъэми дыгъуасэ Волонтёрхэм я дунейпсо махуэр щагъэлъэпIащ. Сабий творчествэмкIэ республикэ Уардэунэм а махуэм республикэм и волонтёр зэгухьэныгъэхэмрэ волонтёрхэмрэ зэхыхьэ гъэщIэгъуэнхэр щрагъэкIуэкIащ. 

Япэ итахэр

 Зыхуейр ищIэфырт…
 СССР-м и лъэхъэнэм хьэпшып зэмылIэужьыгъуэхэр щIэх-щIэхыурэ гъуэтыгъуей хъурт. Ар къагъэсэбэпырт хьэрычэтыщIэ гупсысэкIэ зиIэхэм. Абыхэм я деж щыбгъуэтырт тыкуэным щIэбзэхыкIа псори: сабий щыгъынхэр, фэ кIагуэхэр, фэилъхьэгъуэ екIухэр, вакъэ дахэхэр, хэбгъэзыхьмэ, Горбачев Михаил и зэманым зэпэубыда хъуа тутынхэри, н.къ. Мис апхуэдэ хэлъэт зиIэхэм ящыщащ нобэ зи гугъу фхуэтщIыну Лазишвили Отари.

Фызыхуэсакъыж

Дуней псор зэлъэзыщIыса узыфэщ СПИД-р. Абы илIыкIхэмрэ ар зыпкърытхэмрэ я бжыгъэм кIуэ пэтми зэрыхэхъуэр къыщыпщIэкIэ, СПИД-м дунейм цIыху мин бжыгъэхэр мыхъуу, къэрал псохэр тригъэкъэбзыкIынкIэ шынагъуэ зэрыщыIэр къыбгуроIуэ.

Адыгэпсэ зиIэ Быщтэ Азэмэт

Къэбэрдей-Балъкъэр, Адыгей, Къэрэшей-Шэрджэс республикэхэм щIыхь зиIэ я артист Быщтэ Азэмэт дыгъэгъазэм и 5-м къыщалъхуа махуэр егъэлъапIэ, мы гъэм абы и ныбжьыр илъэс 30 ирокъу.

Нарткотикхэм щахъумэ

КъБР-м щыIэ МВД-м Наркотикхэр зэрызэрагъэкIуэкIым кIэлъыплъынымкIэ и управленэм щызэхалъхьэжащ Къэбэрдей-Балъкъэрым щрагъэкIуэкIа «Урысейм и сабийхэр-2022» профилактикэ Iуэхум и етIуанэ Iыхьэм кърикIуахэр. 

«Адыгэ псалъэр» ди унэхэм къэзыхьхэр

Газет Iэ тедзэгъуэм ирихьэлIэу, я фIыщIэ къыхэдгъэщыну ди гуапэщ ди лэжьыгъэм и хьэтыр зылъагъу ди щIэджыкIакIуэхэмрэ къыдэкIыгъуэр и чэзум цIыхубэм яIэрыхьэн папщIэ, гугъу зезыгъэхь пощтзехьэхэмрэ. ДевгъэдаIуэт Нарткъалэ щыщ Тэнащ Эммэ езым и унэр зи нэIэ щIэт пощтзехьэ Къурмэн Оксанэрэ абы и лэжьэгъухэмрэ яхужиIэм.

Урысей Федерацэм и Жылагъуэ палатэм и жылагъуэ кIэлъыплъакIуэ комиссэм хэтынухэр къыхах

«Щхьэхуимыту щаIыгъ щIы­пIэхэм цIыхум и хуитыныгъэхэр къызэрыщызэгъэпэщам жылагъуэр кIэлъыплъынымрэ щхьэ­хуи­мыту щаIыгъ щIыпIэхэм щыIэ­хэм ядэIэпыкъунымрэ теухуауэ» 2008 гъэм мэкъуауэгъуэм и 10-м къыдэкIа Закон №76-ФЗ-м ипкъ иткIэ, Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и жылагъуэ кIэлъып­лъакIуэ комиссэм хагъэхьэнухэр къыхэхыным 2022 гъэм дыгъэ­гъазэм и 5-м зэрыщIэддзэмкIэ хъы­бар фызогъащIэ.

Ди къуэш республикэхэм

Къулыкъум  пэроувэ

АДЫГЕЙ. АР-м къыщыдэкI «Адыгэ макъ» газетым и редактор нэхъыщ­хьэу иджыблагъэ ягъэуващ Адыгэ Республикэм щIыхь зиIэ и журналист МэшлIокъуэ Саидэ.

Страницы

Подписка на RSS - Жылагъуэ