Жылагъуэ

Леорэ Лаурэрэ ди деж къэсащ

Осетие Ищхъэрэ - Аланием и мэзхэм хуиту щIаутIыпщхьа, Азие Гупэм щыщ щомыщитIым а республикэм и гъунапкъэхэр зэпаупщIащ.

МафIэм илыпщIа сабиигъуэ

Къэбэрдей-Балъкъэрым Лъэпкъ Iуэхухэмрэ жылагъуэ проектхэмкIэ и министерствэм накъыгъэм и 8-м щекIуэкIащ «Детство, опаленное ­войной» зэхыхьэ гуапэр.

Зыужьыныгъэм и шэсыпIэхэм хохьэ

УФ-м и Федеральнэ налог къулыкъущIапIэм дызэрыт илъэ­сым къриубыдэу щызэфIагъэкIа Iуэхугъуэхэм иджыблагъэ тепсэлъыхьащ республикэм и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбекрэ IэнатIэм КъБР-м щиIэ управленэм и унафэщI ГуэбэщIыкI Аслъэнрэ. 

Псы къыщIэшыпIэ нэхъыщхьэр къагъэкъэбзэж

Дызэрыщыгъуазэщи, мэкъуауэгъуэм и 6 - 7-хэм щыIа уалбанэшхуэхэм я зэранкIэ Налшык, ПсыкIэху псыхэм зыкъаIэтауэ щытащ.

Тонни 120-рэ ирагъэшащ

Херсон, Белгород областхэм щыпсэухэм папщIэ тонни 120-рэ хъу псапэ хуэIухуэщIэхэр ирагъэшащ мэкъуауэ­гъуэм и 8 -м КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек и унафэкIэ. Абы хохьэ псы къабзэ, япэу узыхуэныкъуэ, зэрызагъэ­къабзэхэр, ерыскъыхэкIхэр, къинэмыщIхэр. ЩIэпхъа­джащIэхэр зытеуа Белгород областым щыщхэм хура­гъэшар къызыбгъэдэкIыр «Урысей зэкъуэт» партырщ. 

Сыт уэшхыр зищIысыр?

Иджыпсту уэшххэр нэхъыбэ хъуащ. 

Къаблэмэм хуэныкъуэ дыщыхъуар

Пасэрей цIыхухэм къагурыIуэ хъуат ахэр къэзыухъуреихьхэм тещIыхьауэ здэщыIэ щIыпIэр къапщIэ зэрыхъунур. 

Шэр сэбэп?

Шэр цIыхум ижь-ижьыж лъандэрэ къыдэгъуэгурыкIуэ ерыскъыпхъэщ икIи ар къупщхьэмкIэ сэбэпу къалъытэ. 

ЩоджэнцIыкIу Нинэ ягу къагъэкIыж

Бэрбэч ХьэтIутIэ и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым иджыблагъэ ягу къыщагъэкIыжащ филологие щIэныгъэхэмкIэ доктор, профессор, Урысейм ит еджапIэ нэхъыщхьэхэм щылажьэ, Америкэм и щэнхабзэмрэ гъуазджэмрэ фIыуэ зылъагъухэм я Зэгухьэныгъэм хэт, Джордж Сорос и цIэр зезыхьэ саугъэтым и лауреат ЩоджэнцIыкIу Нинэ. 

Гъуэгу лэжьыгъэхэм пащэ

Бахъсэн щIыналъэм щыщ ХьэтIохъущыкъуей къуажэм Iэпщэм и цIэр зезыхьэ и уэрамыр щызэрагъэпэщыж.

         Километри 2,6-рэ зи кIыхьагъ гъуэгур илъэсипщI хъуауэ зэрагъэпэщыжатэкъым, кумблъэмбхэр, шэдылъэхэр и куэдт, асфальтыр щIыпIэ-щIыпIэхэм къыщычат, цIыхури транспортри щызекIуэну гугъуу. А уэрамым тетщ еджапIэр, поликлиникэр, фэтэр куэду зэхэт унэр.

Страницы

Подписка на RSS - Жылагъуэ