|
|
Жылагъуэ
4 июня, 2023 - 07:49
Сабийхэм я дунейпсо махуэм, мэкъуауэгъуэм и 1-м, Ткаченкэ Андрей и цIэр зезыхьэ музейм къыщызэIуахащ сурэт щIынымкIэ Кавказ Ищхъэрэм и XV зэпеуэр.
3 июня, 2023 - 11:10
УФ-м и Федеральнэ Зэхуэсым и Къэрал Думэм ЛэжьыгъэмкIэ, социальнэ политикэмрэ ветеранхэм я IуэхухэмкIэ и комитетым и унафэщI Нилов Ярослав я пашэу лIыкIуэ гуп лэжьыгъэ IуэхукIэ мы махуэхэм Къэбэрдей-Балъкъэрым щыIэщ.
3 июня, 2023 - 10:05
«Шэрхъ шынагъуэншэ» урысейпсо зэпеуэм и республикэ Iыхьэр иджыблагъэ екIуэкIащ.
3 июня, 2023 - 09:00
Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек иригъэкIуэкIащ КъБР-м Хабзэм къемызэгъхэр къэмыгъэхъунымкIэ зэпымыууэ лажьэ зэзыгъэуIу зэхыхьэмрэ республикэм Экономикэ, жылагъуэ шынагъуэншагъэмкIэ и советымрэ я зэIущIэ.
3 июня, 2023 - 08:00
«Егъэлеиныгъэ зыхэмылъ ерыскъы зэхьэлIэкIэм (шхэкIэм) и махуэ» жыхуаIэр япэ дыдэу щагъэлъэпIар 2011 гъэращ. Ар Урысей Федерацэм къыщагупсыса и жэуапт Америкэм и штат зэгуэтхэм (США) «увыIэжыкIэ зымыщIэ шхэкIэ» зыфIащу, сыт и щIысри щашх хъу махуэу а къэралым къыщаублам.
3 июня, 2023 - 07:03
Сабийхэр хъумэным и дунейпсо махуэм КъБР-м и Парламентым и УнафэщI Егоровэ Татьянэрэ депутатхэмрэ «Нэмыс» республикэ социально-реабилитацэ центрым щыIащ.
2 июня, 2023 - 13:11
Зауэр къэхъея нэужь япэу ирагъэкIуэкIа парт зэхуэсым кърихьэлIахэм жылэр щытыкIэ гугъум къикIын папщIэ ящIапхъэр, колхозым къыщалэжьыр фронтым зэрырагъэшэну щIыкIэм, къуажэм къыдэнахэм зэрадэIэпыкъунум, нэгъуэщIхэми егупсысауэ икIи унафэ тэрэз ящIауэ щытащ.
2 июня, 2023 - 13:08
Зэман кIыхькIэ узыдэлэжьа, гуфIэгъуи гугъуехьи Iэджэрэ къыбдэзыIэта цIыхум уи нэ мыджылу щытхъупс къебгъэжэхыныр къысхуегъэзэгъыркъым. Езы Мухьэмэди апхуэдэ щытхъум хуэныкъуэу къыщIэкIынукъым. Алыхьым къритауэ абы иIэщ дэтхэнэри зыщIэхъуэпс фIыгъуэ псори - акъыл жанрэ IэщIагъэ нэсрэ, унагъуэ дахэ, бын дыгъэхэр, ныбжьэгъу пэжхэр.
2 июня, 2023 - 12:35
Сабий литературэм хэлъхьэныгъэшхуэ хуэзыщIа тхакIуэхэм ящыщщ Щоджэн Леонид. Ар Бахъсэн районым хыхьэ Куба къуажэм къыщалъхуащ. Курыт школ нэужьым дзэм къулыкъу щищIащ, иужькIэ Донбасс шахтэхэм щылэжьащ. I966 гъэм Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетыр къиухри, илъэс зыбжанэкIэ тхыдэмкIэ егъэджакIуэу щылэжьащ Къулъкъужын Ищхъэрэ къуажэм, Бахъсэн, Налшык къалэхэм щыIэ курыт школхэм. I973 – 2002 гъэхэм ар КъБКъУ-м щыIащ тхыдэмкIэ егъэджакIуэу икIи музейм и унафэщIу.
1 июня, 2023 - 10:31
Я гъащIэ лъагъуэм зэтехуэу куэд хэплъэгъуэнут а тIум. ТIури зауэм ипэм къыщыщIэдзауэ икIэм нэс хахуэу хэтат, иужькIэ щIэныгъэ нэхъыщхьэ зэрагъэгъуэтат, егъэджакIуэу щызэдэлэжьат Зеикъуэ дэт 2-нэ къуажэ школым. Зи гугъу сщIыр республикэм щыцIэрыIуэу къекIуэкIа егъэджакIуэ, гъэсакIуэ, узэщIакIуэ, зи цIэр уахътыншэу лъэпкъ тхыдэм къыхэна, Къулъкъужын Ищхъэрэ къуажэм 1921 гъэм къыщалъхуа Багъ Николайрэ ар зи гъусэу ди унагъуэм нихьауэ щыта си лъэпкъэгъу Шафий Хьэчимрэщ.
Страницы
|