Жылагъуэ

Шынэшынэ щыIэу, умышынэ

Шынэшынэм (ромашкэ) теухуа щIэныгъэм япэу ущрохьэлIэ урым тхакIуэ Плиний нэхъыжьым и лэжьыгъэхэм. Езы удз гъэгъар илъэс 4000 хуэдиз хъуауэ щыIэу къалъытэ. Мысырымрэ КъуэкIыпIэ Гъунэгъумрэ къыщагъуэтыжащ шынэшынэр сурэту зытещIыхьа хьэпшып тIорысэхэр. Критым къыщагъуэтащ а удз гъэгъам и теплъэкIэ гъэщIэрэщIа дыщэ щхьэцхэлъхьэ. Ику ит лIэщIыгъуэхэм щыгъуэ лIыхъусэжьхэм я гум къыдыхьа бзылъхугъэм иратырт шынэшынэ. Бзылъхугъэр абы къыдэкIуэну арэзы зэрыхъум и нэщэнэт, а удз гъэгъахэр хъурейуэ иблэу и щхьэцым зэрыхилъхьэр.

Шэрджэс пщащэ Жаннет

Урыс-Кавказ зауэм и гуащIэ­гъуэт, бийм гущIэгъуншэу адыгэ къуа­­жэхэр ягъэсырт. Апхуэдэ Iуэ­ху­хэм ящыщ зым полковник Малышевскэм и Iэблэм фочышэ къытохуэ. Гупым къахэуэр илъэс 12-м ит адыгэ хъыджэбз цIыкIут. Абы пкIэунэм зыщигъэпщкIуауэ дамэдазэ гуэрым къыдэукIырт.

Адыгэ бзылъхугъэщ фэрэкIым япэу текIуар

«Сыт хуэдиз фIыщIэ хуэтщIын хуей дэ япэу фэрэкI зыхэ­зылъхьэну тегушхуауэ щыта адыгэ бзылъхугъэм! Сыт хуэдиз сабий ажалым и Iэ щIыIэм къыIэщIиха абы и Iэмалым! ­Дуней псом абы хуищIа Iуэхутхьэбзэм хуэфэщэн зы ордени щыIэкъым!» Франджы усакIуэ, тхакIуэ, гупсысакIуэ Гельвеций Клод итхауэ щыта мы псалъэхэр тетщ Къэрэшей-Шэрджэс Республикэм щыщ Хьэбэз къуажэм дэт зы фэеплъым.

Нэхъ шынагъуэ дыдэу къытщыщIыфынур къэхъуащ

Сыт Кавказ зауэр къэхъеиным щхьэусыгъуэ хуэхъуар? Дауэ зэрызиубгъуар? Сыт хуэдэу ди лъэпкъыр абы къызэрыхэщыр? А псом теу­хуа и гупсысэхэмкIэ къыд­дэ­гуэшащ тхыдэ щIэ­ны­гъэ­хэм­кIэ доктор, про­фес­сор, ­КъБКъУ-м этнологиемрэ ­КъБР-м ис лъэпкъхэм я тхыдэмкIэ, журналистикэм­кIэ кафедрэм и унафэщI Те­кIуий Мадинэ. Абы и псалъэм щIэдзапIэ хуэхъуащ ­зауэм ипэ­жыпIэкIэ узэ­реджэн хуей фIэ­щыгъэм теу­хуа гуп­сы­сэр.

Лъэхъэнэ шынагъуэм пхрыкIыфахэр

Сыт хуэдэ лъэпкъми иIащ зэман гугъухэр, шынагъуэхэр. Ауэ абыхэм пхрыкIыфам дунейм увыпIэ щхьэхуэ щигъуэтащ. Ди лъэпкъым ихъумащ и Адыгэ Хабзэр, Адыгэбзэр, Адыгагъэр икIи дэтхэнэ ди япэ ита нэхъыжь зым дежкIи лъапIэщ ахэр. Адыгэр тенджыз ФIыцIэм щызэпрашым и гугъакъым абы и лъахэ ­илъагъужыну. АрщхьэкIэ лъэпкъ уардэм и щIэблэр абыи къызэпрыкIыжыфащ, и Хэкум и фэеплъу ихъума хъугъуэфIыгъуэхэри (адыгэ хьэп­шыпхэр) къызэпришыжыфащ. Апхуэдэхэм ящыщщ республикэм къэзыгъэзэжауэ илъэс куэд щIауэ щыпсэу, «Адыгэ унэ» тыкуэныр зыгъэлажьэ IутIыж Мэжид. 

Зауэжьым дызэрызэбгридзар

Хьэтхэм къатехъукIыжауэ, адыгэ лъэпкъ уардэр тенджыз ФIыцIэ Iуфэмрэ Джы­лахъстэнеймрэ я зэхуакум дэлъ щIыналъэм къэралы­гъуэшхуэу щыпсэуащ илъэс мин бжыгъэкIэ. Адыгэ лъэпкъым и процент 95-р Урыс-Кавказ зауэжьым ­ихьауэ щытащ, зэтраукIами псэууэ  къэнахэм ящыщ куэд дыдэ Хэкум залымыгъэкIэ ирашами.  Абы и пэ къихуэу Адыгэ Хэкум цIыху мелуани 2 щыпсэуащ. 1763 - 1864 гъэхэм  къриубыдэу ди лъэпэгъу мелуан 1,5-рэ яукIащ, ирашащ е емынэмрэ  таломрэ яхьащ.

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек Кавказ зауэм хэкIуэда Адыгэхэм я фэеплъ махуэм ирихьэлIэу цIыхухэм зэрызахуигъазэр

Си лъахэгъу лъапIэхэ!
Илъэс къэс накъыгъэм и 21-м дэ ди щыгъуэ махуэщ: Кавказ зауэм хэкIуэда Адыгэхэм я ­фэеплъ махуэщ. 
Ди щхьэр яхудогъэщхъ гущIэгъуншэ, лъы­гъажэшхуэ зауэм зи гъащIэр къызэпиуда псоми я фэеплъым.

Адыгэм и гъащIэр Хэкужьым епхащ

Сыт хуэдэ лъэпкъри къикIуа тхыдэ гъуэгуанэм щриплъэжкIэ, и гумрэ и псэмрэ нэхъ дыхьа, е нэхъ игу къеуа, зэман ипэкIэ иIа псэукIэм зезыгъэхъуэжа напэкIуэцIхэр къыхелъагъукIыж. Апхуэдэщ адыгэ лъэпкъымкIэ илъэс къэс хэдгъэунэхукI накъыгъэм и 21-р, ди гупсысэхэм къыхэна лъэхъэнэ къииныр.

И хъыбарыр кIыхьщ икIи гуузщ

IуэрыIуатэдж цIэрыIуэ Къардэн­гъущI Зырамыку 1979 гъэм къыдигъэкIа «Адыгэ уэрэдыжьхэр» тхы­лъым ущрохьэлIэ «Лабэдэсхэм я гъыбзэ» хъыбарым и зы къэIуэтэкIэм. КъардэнгъущIым абы лъабжьэ хуи­щIа тхыгъэхэми нэгъуэщIхэми Интернетым дыщылъыхъуащ. ДызрихьэлIам я нэхъыбэр лъабжьэ куу зиIэу къэтлъытащ. А псоми я гугъу дымыщIми, КъардэнгъущIым ейм ехьэлIам, зымащIэкIэ ар абы къыщхьэщыкIми, зэрыхъукIэ кIэщIу дытепсэлъыхьынщ.

БлэкIар тщымыгъупщэу, къэкIуэнум дегупсысу

 Илъэси 159-рэ хуэдизкIэ узэ­Iэ­бэкIыжмэ, пащтыхьыдзэм Къуэ­быдэ деж иужьрей топыр щигъэуауэ щытащ, адыгэщIыр къызэризэуам, илъэсищэм нэб­лагъэкIэ екIуэкIа лъы­гъажэр зэрыувыIам и щыхьэту. А зауэр тхыдэм къыхэнами, абы кърикIуа Iуэхугъуэхэр щIэблэм гъэсэпэтхыдэ яхуэхъупхъэщ. 

Страницы

Подписка на RSS - Жылагъуэ