Жылагъуэ

Хуабэм зыкъевгъэл

«Кондиционер» псалъэр инджылызыбзэм къикIащ, «хьэуар нэхъыфI зыщI» жиIэу къокI. Пасэ зэманым цIыхухэм хуабэвэхым зыщахъумэрт, гуэлым, псым хэсу. Къэжэр щIэныгъэлIхэм къагупсысащ «бадгиркIэ» зэджэ, унэ кIуэцIым жьыр къыщезыхуэкI Iэмэпсымэр. Мис абы къытехъукIауэ жыпIэ хъунущ ди зэманым щыIэ хьэуар зыгъэщIыIэ Iэмэпсымэхэр. Багдирыр чэщанэ щIыкIэу щытт, канал зыбжанэ иIэти, зытебухуэм тещIыхьауэ, зым жьыр унэм щIихуэрт, адрей лъэныкъуэм къыщIиутIыпщыкIыжырт. Зэпымыууэ жьызэпиху зэрыхъум и фIыгъэкIэ унэр щIыIэтыIэт. Къэжэр, хьэрып быдапIэхэр багдиркIэ ягъэщIыIэрт.

КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек Гъунапкъэхъумэм и махуэм хуэгъэза и хъуэхъу

 УФ-м ШынагъуэншагъэмкIэ и федеральнэ къулыкъущIапIэм Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм щиIэ IуэхущIапIэм и Гъунапкъэхъумэ управленэм и ветеранхэу, лэжьакIуэхэу пщIэ зыхуэсщIхэ! Гъунапкъэхъумэм и махуэмкIэ сынывохъуэхъу! 

КъБР-м щыIэ МВД-м къет

Сом мин 72 600-р IэщIагъэкIащ

Къэбэрдей-Балъкъэрым щыIэ МВД-м и Iуащхьэмахуэ къудамэм и лэжьакIуэхэм мы гъэм, накъыгъэм и 11-м закъыхуигъэзащ зи ныбжьыр илъэс 60 хъу Тырныауз къалэдэс цIыхубзым.

«Анэм и гъуапэр пхъум и джанэщ»

Си лэжьыгъэр щIысфIэфI щхьэусыгъуэхэм ящыщщ ма­хуэ къэс жыхуаIэм хуэдэу цIыхущIэ къызэрыпцIыхур, абыхэм уепсэлъылIэну, я Iуэху­щIафэ зэбгъэщIэну Iэмал узэриIэр, гъэщIэгъуэн куэ­­дым абыхэм щыгъуазэ узэ­рыхуащIыр, гъащIэм нэгъуэщI лъэныкъуэ гуэркIэ узэрырагъэплъыр.

И щIэинхэр зэIэпах

КъБР-м и цIыхубэ усакIуэ, КъБР-м щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ, «Кавказ тха­кIуэ­хэм я клуб» жылагъуэ зэгухьэныгъэм и унафэщIу щыта, балъкъэр тхакIуэ, литературэ саугъэт зыхуагъэфэща Гуртуев Сэлихь псэужамэ, накъыгъэм и 28-м и ныбжьыр илъэс 85-рэ ирикъунут.

Грантхэр ират

Театр гъуазджэм и унэтIыныгъэм грантхэр хуэгъэфэщэным теухуа унафэм Iэ щIидзащ КъБР-м Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек. А дэфтэрыр къралъхьащ республикэм и Iэтащхьэм и сайтым - https://glava.kbr.ru.

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм и Указ

ЦIыхум зэримыгъакIуэ граждан хьэуа кхъухьхэр къэгъэсэбэпыным
Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и щIыналъэм пIалъэкIэ мардэ
щыхуэгъэувыным и IуэхукIэ
Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм и Указ

ТекIуахэр ягъэгушхуэ

Мы махуэхэм дэнэкIи щокIуэкI гъэ еджэгъуэр и кIэм зэрынэсамрэ абы кърикIуахэмрэ къыщапщытэж зэIущIэхэр.

ЩIыналъэщIэхэр зэфIагъэувэж

КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек хэтащ видеоконференц IэмалкIэ екIуэкIа, УФ-м ЩIыналъэхэм зегъэужьынымкIэ и комиссэм и Президиумым и зэIущIэм. Къызэхуэсахэр тепсэ­лъыхьащ Донецк, Луганск цIыхубэ республикэхэмрэ Запорожье, Херсон областхэмрэ я инфраструктурэр зэфIэгъэувэжа зэрыхъуну щIыкIэм. ЗэIущIэр иригъэкIуэкIащ УФ-м и Правительствэм и УнафэщIым и къуэдзэ Хуснуллин Марат.

IитIыр зэрымытхьэщIмэ, зэрыщIэркъым

«Дунейм утетыну ухущIэзыгъэкъу, хъуэпсапIэхэм уахуэ­зыгъэпIащIэ щытыкIэ лъэщщ щIалэгъуэр», - жиIэгъащ гупсы­са­кIуэ гуэрым. 

Страницы

Подписка на RSS - Жылагъуэ