|
|
Жылагъуэ
2 августа, 2022 - 15:12
Къэбэрдей-Балъкъэрым, Къэрэшей-Шэрджэсым, Дагъыстаным, Ставрополь щIыналъэм зыплъыхьакIуэ кIуэхэм папщIэ телефон зэпыщIэныгъэхэмкIэ оператор нэхъ ины дыдэм – МегоФоным – 4G лъэщагъ зиIэ интернетым зригъэубгъуащ. ЩIыпIэ пхыдзахэм, бгылъэ жыжьэхэм, къурш жьэгъухэм кIуэ зыплъыхьакIуэхэм Iэмал яIэ хъуащ интернетыр зэпыу имыIэу къагъэсэбэпыну.
МегоФоным щылажьэ инженерхэм 4G лъэщагъ зиIэ интернетыр щIэзыгъэхуабжьэ пкъохэр цIыху куэд здэкIуэ щIыпIэхэм щагъэуващ. Абыхэм ящыщщ, псалъэм папщIэ:
• Къэбэрдей-Балъкъэрым хыхьэ Iуащхьэмахуэ лъапэрэ Чегет и Iэгъуэблагъэхэмрэ;
2 августа, 2022 - 14:10
Еянэ мазэм, августым, Римым и пащтыхь Октавиан Август и цIэр фIащащ.
2 августа, 2022 - 09:52
«Моя провинция» («Си щIыналъэ жыжьэ») фестивалым и тхыдэм I999 гъэм къыщыщIедзэ.
2 августа, 2022 - 08:49
115-нэ Къэбэрдей-Балъкъэр шуудзэр къызэрызэрагъэпэщрэ илъэс 80 щрикъум ирихьэлIэу иджыблагъэ Ростов щIыналъэм щекIуэкIа фэеплъ Iуэхугъуэхэм Къэбэрдей-Балъкъэрым и лIыкIуэхэри хэтащ.
1 августа, 2022 - 12:39
Адыгэхэр нэхъ лъэпкъыжь дыдэхэм ящыщщ. Илъэс мин бжыгъэхэм къыщынэркъым абы я тхыдэм, я хабзэм и лъабжьэр къыщежьэр. Абы зэман блэкIа куэдым я нэпкъыжьэ телъщ. Ар уи фIэщ хъун щхьэкIэ ирикъунщ адыгэбзэм и къулеягъыр, абы хэт фIэщыгъэцIэхэм я къэхъукIэм, къэгъэщIыкIэм и гъэщIэгъуэнагъыр. Абы и зы щапхъэщ адыгэ мазэцIэхэри.
Абыхэм фIэщыгъэцIэ зэхуэмыдэхэри яIэу урохьэлIэ. Ар къызыхэкIар цIыхухэм я IэщIагъэм, ялэжь Iуэхум ехьэлIауэ зэманыр къалъытэу зэрыщытаращ.
31 июля, 2022 - 13:22
Мы тхыгъэр «сэ» цIэпапщIэр хэмытуи схуэтхынут. Уи хамэ хуэдэу уатепсэлъыхьыну мурад пщIыми, зи ахърэтыр нэху хъун Афэмгъуэт Хъалилрэ а лIы махуэм и пщIэр ихъумэу и бынхэм нобэ яхэс Лейлэрэ яхуэфащэ псалъэ къыпхуэгъуэтынущ. Ауэ нэкIэ слъэгъуамрэ тхьэкIумэкIэ зэхэсхамрэ гукIэ зыхэсщIахэр ящIымыгъумэ, мыхьэнэ зиIэ гуэр сIэщIэкIынкIэ согузавэ.
31 июля, 2022 - 11:14
Тыркум къиIэпхъукIыжри, Хэкур зригъэгъуэтыжащ, унагъуи щыхъужащ Тэубичэ Сонер. Фэм, пхъэм, гъущI зэмылIэужьыгъуэхэм елэжь IэпщIэлъапщIэщ.
31 июля, 2022 - 09:12
ИлъэсийкIэ узэIэбэкIыжмэ, Сирием къиIэпхъукIыжа адыгэ щIалэ IэпэIэсэ, егъэджакIуэ, музыкант Iэппыш Бибарс адэжь Хэкум къигъэзэжу къызэрытхэзэгъэжар гуапэщ. Ар Iуэху зэмылIэужьыгъуэхэмкIэ зэфIэкI зиIэ щIалэщ. ЩIэныгъэм и мызакъуэу, абы лъэпкъ щэнхабзэми хэлъхьэныгъэ хуещI, адыгэ IуэрыIуатэр едж, цIыхубэ уэрэдыжьхэр егъэзащIэ, пасэм ажэгъафэхэм къагъэсэбэпу щыта нэкIуIупхъуэхэр егъэхьэзыр.
31 июля, 2022 - 07:10
Я унэ бжэIупэм къыщыспежьа Мамдухьрэ гуфIэжу пэшым сыщIэзыша Сихьэмрэ слъэгъуа иужь, зэуэ мыращ сигу къэкIар: абыхэм ядэнт хэхэсу къэнэну, я бынхэм адыгэбзэ ямыщIэну, лъэпкъым хамыгъэзэгъэжу?!
30 июля, 2022 - 11:30
КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек Адыгэ Республикэр илъэси 100 зэрырикъуамкIэ абы и Iэтащхьэ КъумпIыл Мурат ехъуэхъуащ.
Страницы
|