Жылагъуэ

Хымрэ псымрэ ехьэлIа псалъэхэр

 

ХырыкI  - за морем

ЩIэблэр узыншэу прсэуным хуаущий

Бахъсэн районым щекIуэкIащ наркотикым пэщIэтыным теухуа зэхуэс.  Кыщпэк (Тыжьей) къуажэм ЩэнхабзэмкIэ и унэм  щызэхэтащ «Блын, губгъуэ къабзэхэр»  республикэ  акцэ. Ар хуэунэтIащ  щIалэгъуалэр наркотикым пэIэщIэным, къытщIэхъуэ щIэблэр узыншэу псэуным.     

ГъущI Iунэ нэгъунэ

ГъущI Iунэр къагъэсэбэпу щытащ пасэрейхэм. Пэжщ, ахэр къыхэщIыкIат пхъэм е къупщхьэм. Жэзым къыхэщIыкIа гъущI Iунэ къыщагъэсэбэпыу щIадзауэ щытащ Пасэрей Мысырым.

КъБР-м и прокуратурэм

                 

                                               ЩыщIэныгъэхэр ягъэзэкIуэж

Шэджэм районым и прокуратурэм  къегъэув  кIэрыхубжьэрыху  быдэхэр зракIутэну контейнерхэр ягъэувыну.  

Район прокуратурэм  къипщытащ IуэхущIапIэхэм я пхъэнкIийхэм ехьэлIауэ  законым къигъэувхэр щIыпIэ самоуправленэм зэригъэзащIэр. КъызэрыщIэкIамкIэ,  районым и къуажищым щыIэкъым коммунальнэ кIэрыхубжьэрыху   быдэхэр зракIутэхэр.   

Хэкур фIыуэ ялъагъун папщIэ

КъБР-м и Муслъымэнхэм я IуэхущIапIэм, Кавказ Ищхъэрэм ис муслъымэнхэм я зэзыгъэуIу центрым, Iэбу Хьэнифэ и цIэр зезыхьэ Кавказ Ищхъэрэ ислъам университетым я нэIэ щIэту, накъыгъэм и 30-м Ислъам щэнхабзэм, щIэныгъэм, егъэджэныгъэм зыщIэгъэкъуэнымкIэ фондым иригъэкIуэкIащ щIалэгъуалэр хэкупсэу къэгъэтэджын зэрыхуейр зи лъабжьэу щыта щIэныгъэ конференц.

Телъыджэхэм я телъыджэж

  

 Мэзыр жыг зырызу зэрызэхэтым ещхьыркъабзэу, жылагъуэри цIыху зырызу зэхэтщ икIи  абы къыхокI зи зыщIыкIэкIи, дуней тетыкIэкIи, еплъыкIэхэмкIи телъыджэхэр. Нобэ зи гугъу фхуэтщIынур апхуэдэ телъыджэхэм я телъыджэжщ. Фэ ар вгъэщIэгъуэнщ.

 КъыщыщIэддзэнщ ди тхыгъэр зытедухуа Морозов Николай нэчыхьыншэу дунейм къызэрытехьам. И адэ дыдэ лIакъуэлIэш Щепочкин Павел псэухукIэ фIыуэ илъэгъуащ пщылIыпIэм ит унагъуэм къыхэкIа Аннэ, бынибли зэхуагъуэтащ. ПщылIыгъэр щхьэщихащ, ауэ фызу ишакъым. Япэ ита Николай 1854 гъэм къалъхуащ. Ар и анэм и унэцIэмкIэ ятхащ.

Наркотикым дишэххэр гъэмэщIэн

КъБР-м щыIэ МВД-м щекIуэкIащ Наркоманиемрэ наркотикхэр щэнымрэ ебэныным и дунейпсо махуэм теухуа зэIущIэ. Абы хэтащ министерствэм дэлажьэ Жылагъуэ советым щыщхэу Бобылев Валентинрэ ЦIыпIынэ Заремэрэ.
Республикэм щыIэ МВД-м Наркотикхэр зэрызэрагъакIуэм кIэлъыплъынымкIэ и управленэм и унафэщI Яхэгуауэ Астемыр  тепсэлъыхьащ  наркотикхэр щэным пэщIэту ирагъэкIуэкI лэжьыгъэм. ФIыщIэ яхуищIащ абы и лъэныкъуэкIэ къадэлажьэ министерствэхэмрэ ведомствэхэмрэ, апхуэдэуи наркоманием ехьэлIа профилактикэ Iуэхум хэлъхьэныгъэ хуэзыщI школакIуэхэм.   

ГМО-р а зэрагугъэм хуэдэу шынагъуэ?

ЦIыхум и узыншагъэри къигъэщIэну илъэс бжыгъэри куэдкIэ елъытащ абы ишх ерыскъым. Нобэ куэдыр топсэлъыхь ГМО ерыскъыхэкIхэм. ЗэрыфщIэщи, абыхэм я генетикэ пкъыгъуэхэр иджырей генноинженерием и IэмалыщIэхэмкIэ зэрахъуэкIыу аращ, гъавэ бэв къаритын, узыфэхэм япэлъэщын, сэкъат ямыгъуэту нэхъыбэрэ щылъын хуэдэу. Лабораторие IэмалыщIэхэр къагъэсэбэпурэ къагъэкIа продукцэщIэхэм цIыхум и гугъуехьыр къащигъэпсынщIэн хуейуэ арати, езы цIыхухэм абыхэм дзыхь тращIэркъым, ГМО-м теухуауэ ирагъэкIуэкI псалъэмакъхэри зэпыуркъым.

Вольтер зэрыжиIауэ…

Налшык Лениным и проспектымрэ Головком и цIэр зезыхьэ уэрамымрэ я зэхэкIыпIэм тет тхылъ щапIэм (Дом книги) цIыху куэд щызэблокI, ухуеймэ пщэдджыжьыпэу, ухуеймэ пшапэхуегъэзэкIыу щIыхьэ. Абы и пэш Iэхуитлъэхуитхэм щыплъагъунущ школакIуэхэри, студентхэри, сабий зи гъусэ адэ-анэхэри, нэхъыжьхэри. Илъэс зыбжанэкIэ дызэIэбэкIыжмэ, нэхъ нэщIу щытащ ахэр, цIыхухэм тхылъыр IэщIыб зэращIыпэм куэдыр тегузэвыхьу. ЖаIэмрэ къафIэщIымкIэ дунейр зэхэттэмэ… 

Гъэмахуэщ - фысакъ

Къэбэрдей-Балъкъэрым и «Кавказ Ищхъэрэ МВЛ» IуэхущIапIэм хъыбар къызэрыдигъэщIамкIэ, гъэмахуэ лъэхъэнэм мэятэ цIыхум зэран хуэхъу «Salmonella» бактерие лIэужьыгъуэр. Ахэр хабжэ цIыхум сальмонеллез уз зэрыцIалэр къахуэзыхь микроорганизмэ зэранхэм. Ар зыпкърытхэр плъыржьэр (градус 4I-м нэсу) къохъу, гуIейщхьэIейщ.
Сальмонеллэр яхуэлъэщ бдзэжьейм, былымылым, гъэшым, хым къыхах ерыскъыхэкIхэм, джэдыкIэм, майонезхэм, соусхэм, гъэшкIэ ягъэIэфI хадэхэкI зэхэупщIэтахэм.

Страницы

Подписка на RSS - Жылагъуэ