|
|
Жылагъуэ
26 июня, 2023 - 11:00
Илъэси 150-рэ хуэдэкIэ узэIэбэкIыжмэ, хэт и гугъэнт цIыхум бзум хуэдэу зиIэту уэгум къыщызылъэтыхь кхъухьлъатэхэр, ракетэхэр, ЩIы лъагъуэм ит спутникхэр къигупсысу хьэршыр къихьэхуну?! Абы и закъуэ, а Iуэхугъуэ телъыджэр бзылъхугъэм дзыхь хуащIу ягъэлъэтэну! 2023 гъэм мэкъуауэгъуэм и 16-м илъэс 60 ирикъуащ урысей космонавт бзылъхугъэ Терешковэ Валентинэ хьэршым зэрылъатэрэ.
26 июня, 2023 - 10:44
Дунейм нэхъ бзу цIыкIу дыдэу тетым «колибри»-кIэ йоджэ. Ар лIэужьыгъуэ 300-у зэщхьэщокI. Плъыфэ щхъуэкIэплъыкIэ дахэ яIэщ. Колибрим я нэхъыбэм сантиметри 5 - 7 я кIыхьагъщ. Нэхъ ин дыдэр я кIапэмрэ пэмрэщ. Илъэси 9 хуэдизкIэ мэпсэухэ. Нэхъыбэ дыдэрэ псэуауэ къабжащ илъэс 17. Я нэхъ цIыкIу дыдэр, «колибри – бжьэ цIыкIу» зыфIащар граммитI къудей хъууэ аращ. Колибрим ящыщу лIэужьыгъуэ нэхъ иным «исполин колибрикIэ» йоджэ. Абыхэм сантиметр 21-рэ я кIыхьагъщ, грамм 20 я хьэлъагъщ.
25 июня, 2023 - 14:29
«Сквер 100-летия» зыгъэпсэхупIэм щаухуа галереем щагъэлъагъуэ УФ-м и СурэтыщIхэм я зэгухьэныгъэм хэт, скульптор цIэрыIуэ Тхьэзэплъыж Руслан и лэжьыгъэхэр щызэхуэхьэса «Мифы предков» выставкэр.
25 июня, 2023 - 12:27
Тулэ щащIа пряникыр, оренбург цы IэлъэщIыр, адыгэ кхъуейр, кърым шагъырыр – урысей хэгъэгу куэдым дуней псом цIэрыIуэ щыхъуа хьэпшыпхэмрэ ерыскъыхэмрэ къызэрыщыщIагъэкIыр зым и дежкIи щэхукъым. Иджы лъэпкъ проектхэмрэ къэрал программэхэмрэ я фIыгъэкIэ апхуэдэ дамыгъэхэр (брендхэр) утыку нэхъ инхэм ихьэнущ.
25 июня, 2023 - 09:20
«Къуажэхэм зегъэужьын» лъэпкъ пэхуэщIэм хиубыдэу Псыхъурей жылэм ЩэнхабзэмкIэ унэщIэ щаухуэ, сабий садыр зыхуей щыхуагъазэ.
25 июня, 2023 - 06:36
«Лазурная волна - Сочи 2023» гъуазджэхэмкIэ VIII дунейпсо зэпеуэмрэ «Сочэ 2023» VII дунейпсо пленэр-зэпеуэмрэ зэхэту мэкъуауэгъуэм и 17-м щегъэжьауэ махуиплIкIэ Лазаревскэ щIыналъэм щекIуэкIащ.
23 июня, 2023 - 14:00
«Къуажэхэм зегъэужьын» лъэпкъ пэхуэщIэм хиубыдэу Псыхъурей жылэм ЩэнхабзэмкIэ унэщIэ щаухуэ, сабий садыр зыхуей щыхуагъазэ.
Мы зэманым а тIуми зэгъусэу унэ кIуэцI лэжьыгъэхэм щыпэрыуващ. Абы къыдэкIуэу щIэкIэ яхъуэжынущ унащхьэр, ток кIапсэхэр, унэ лъэгухэр, унэр къызэрагъэплъ Iэмэпсымэхэр.
Къатхъэным и цIэр зезыхьэ уэрамым и гъуэгур зэрагъэпэщыжащ, иджыпсту къэухьхэр ягъэув. жылэдэсхэм я лъэIукIэ къуажэм дэт къулыкъущIапIэхэм екIуалIэу лъэс лъагъуэщIэ яухуэнущ.
23 июня, 2023 - 13:35
Урысейм и КъухьэпIэ лъэныкъуэм хиубыдэ щIыналъэхэм щыпащэ батыргъэн удзым ебэныным теухуауэ къэралым къыхилъхьа Iуэхум.
23 июня, 2023 - 12:54
Ерыскъым и IэфIагъыр…
Къэбэрдей-Балъкъэрым щакIуэ къэкIуауэ ирагъэшха джэдлыбжьэр игу ирихьати, Хрущев Никитэ щIэупщIат ар зэрагъэхьэзырым. ЕдэIуа иужь, и щхьэр игъэкIэрахъуэри, жиIащ:
-А къомыр хэплъхьэрэ апхуэдизрэ зебгъэлIалIэмэ, мывэри IэфI хъунущ.
А ерыскъы лIэужьыгъуэр изагъэртэкъым СССР-м и унафэщIым совет цIыхухэм сыт щыгъуи яхуигъэтIыгъуэ «пуду, куэду, псынщIэу» пщалъэхэм.
ДэнэкIэ здэщыIэр?!
23 июня, 2023 - 12:00
Иджыблагъэ Къэрал Думэм къыщыхалъхьащ гъэмахуэ зэманым техьэжын хуейуэ. Апхуэдэ хъыбар Telegram-каналымкIэ игъэIуащ КПРФ-м и депутат Матвеев Михаил. Абы зэрыжиIэмкIэ, гъатхэпэ мазэм и кIэхэм зэманыр зы сыхьэтк1э ипэкIэ еIуэнт1экIыпхъэщ. «Абы теухуа законым и проектым дыхэплъэнущ мэкъуауэгъуэм и 21 –м», - къыхигъэщащ Матвеевым.
Страницы
|