Жылагъуэ

ИлъэсыщIэ хъуромэ

Гуэдзэн щIэныгъэ щрату Налшык дэт «Эрудит» центрым сабийхэм папщIэ игъэхьэзыра илъэсыщIэ нэгузыужь зэIущIэ щригъэкIуэкIащ «Искож» хьэблэм.
 ЯпэщIыкIэ IуэхущIапIэм и егъэджакIуэхэмрэ гъэсакIуэхэмрэ фащэ дахэхэр ящыгъыу къызэхакIухьащ япэмыжыжьэу щыт сату щIапIэхэр, Iуэхутхьэбзэ зэмылIэужьыгъуэхэр цIыхухэм щыхуащIэ IэнатIэхэр икIи илъэсыщIэмкIэ ехъуэхъуахэщ ахэм щылажьэхэм.

Жей быдэ уиIэн папщIэ

Еджагъэшхуэхэм ящыщ куэдым къызэралъытэмкIэ, цIыхум и гъащIэм и Iыхьэ щанэр жейуэ ехь. Ауэ нэхъ куууэ абы и пэжыпIэр къэпхутэу, жей узыншэм ихь зэманым фIэкI къыумылъытэм, ар зэрымыпэжыр мэхъур гурыIуэгъуэ. Мы Iуэхугъуэм игъэпIейтейуэ нэхъ иужьыIуэкIэ къэхутэныгъэ езыгъэкIуэкIа щIэныгъэлIхэм жей узыншэ дыщымыщIэн, пщэдджыжьым ди пкъыр жану, гукъыдэж диIэу дыкъэтэджын папщIэ дгъэзэщIэн хуейуэ мыпхуэдэ чэнджэщхэр къыдат:

НэхъыфIхэм халъытащ

Урысейм къыщыхалъхьа, «ФIагъ лъагэ зиIэ гъуэгу шынагъуэншэхэр» зи фIэщыгъэ лъэпкъ проектым и фIыгъэкIэ Къэбэрдей-Балъкъэрым и гъуэгуухуэ IэнатIэм лэжьыгъэшхуэ иужьрей илъэсхэм зэфIигъэкIащ.

Iусейн Олег и гъащIэмрэ гуащIэмрэ

Налшык Котляровхэ Викторрэ Мариерэ я тхылъ тедзапIэм къыщыдэкIащ актёр, журналист Iусейн Олег и гъащIэмрэ гуащIэмрэ теухуа «Внутренний огонь. Памяти актёра и журналиста Олега Гусейнова» тхылъыр, ар къызэралъхурэ илъэс 70 щрикъум ирихьэлIэу.

Унагъуэм къыщожьэ бзэр

Лъэпкъ къэс езыр иригушхуэу иIэщ и анэдэлъхубзэр. Апхуэдэщ адыгэхэми къыддалъхуа ди бзэр, ар куэдкIэ адрейхэм къащхьэщокI. ЩIэныгъэлIхэм жаIэ адыгэбзэм и макъхэр гугъу дыдэхэм ящыщу, къэпсэлъыгъуейуэ. Ауэ дэ езым ди дежкIэ абы нэхъ дахи, нэхъ къулеи, нэхъ тынши щыIэкъым.

Тхыдэм къыхэнэн теплъэ

Къалэ къэс езым и архитектурэ гъэпсыкIэ иIэжщ. Дэтхэнэ зы къулыкъущIапIэми фэтэр унэ зэтетми архитекторхэм зэманым къезэгъыу халъхьэ я еплъыкIэхэрщ къалэхэм ягъуэтыну теплъэр зэлъытар. Къалащхьэхэр къэтщтэнщи, блэкIа зэманым и фэеплъхэри иджырей гъэпсыкIэхэри телъыджэу щызэхозагъэ, нэхъыбэу удэзыхьэхри апхуэдэ зэкIэлъыхьыкIэмрэ зэлъытыныгъэмрэщ.

Сабийхэм егуапэу

«Полицей Уае Дадэ» къэралпсо псапащIэ Iуэхум ипкъ иткIэ Урысей МВД-м Тэрч районым щиIэ къудамэм и лэжьакIуэхэр Жылагъуэ советым и лIыкIуэр ящIыгъуу щыIащ щытыкIэ гугъум къихута сабийхэм я деж. Полицейхэм Уае Дадэмрэ Уэс Гуащэмрэ ящIыгъуу унагъуэ 12 къызэхакIухьащ. 

Хэгъэгухэм сэбэп щыхъунущ

Медицинэ щIэныгъэхэмкIэ доктор, IэщIагъэм зэпымыууэ щыхурагъаджэ Урысей медицинэ академием (РМАНПО) сабий нейрохирургиемкIэ и кафедрэм и профессор, Сабий хирургиемрэ травматологиемкIэ щIэныгъэ-къэхутакIуэ институтым нейрохирургиемкIэ и къудамэм и унафэщI Семэн Жаннэ Борис и пхъур иджыблагъэ хахащ «Дохутырхэм я хасэ» щIыналъэ жылагъуэ зэгухьэныгъэм и унафэщIу.

Тхыдэ фэеплъыр къагъэщIэрэщIэжащ

Налшык къалэм и Къэбэрдей уэрамым тет, макъамэ щIэныгъэ щрагъэгъуэт IуэхущIапIэ №2-м и зэгъэпэщыжыным епха лэжьыгъэхэр иджы дыдэ зэфIэкIащ. ЕджапIэр щыхьэрым дэт ухуэныгъэ тIорысэхэм языхэзщ. Абы и лъабжьэр I903 гъэм ягъэтIылъауэ щытащ, нобэр къыздэсым и теплъэкIи, и гъэпсыкIэкIи, и дахагъкIи къыхэщхэм ящыщщ.
IуэхущIапIэм и унафэщI Уэсмэн Марьянэ зэрыжиIамкIэ, унэм еджапIэр зэрыщIэтIысхьэрэ илъэс 60 хъуащ. Абы щыщу илъэс 30-м щIигъуауэ къыщIэкIынущ ар зэрызэрамыхьэрэ, и теплъэр езыгъэфIакIуэ лэжьыгъэхэр зэрырамыщIылIэрэ.

Зыпэрыт Iуэхум фIыуэ хэзыщIыкI

Медицинэ щIэныгъэхэмкIэ кандидат, КъБР-м Узыншагъэр хъумэнымкIэ и министерствэм и Диагностикэ центрым эндоскопиемкIэ и къудамэм и унафэщI, хирург-колопроктолог, дохутыр-эндоскопист Къэнэмэт Мурат Хьэмидбий и къуэр ящыщщ «дохутыр IэщIагъэм къыхуигъэщIащ» зыхужаIэхэм. 

Страницы

Подписка на RSS - Жылагъуэ