|
|
Жылагъуэ
9 августа, 2022 - 16:46
Дым Iэдэм Кушмэзыкъуей къуажэм (иджы Бахъсэн) къыщалъхуащ. Абы япэ адыгэ тхылъ тедзапIэ къызэригъэпэщащ, тхылъхэр къыдигъэкIащ, къэбэрдеибзэкIэ адыгэ газет тридзэу щIидзащ. Бахъсэн дэт мыдрисэр къиуха нэужь, абы и щIэныгъэм щыпещэ Мысырым, Каир дэт университетым. И хэку къызэригъэзэжу, абы и къуажэм къыщызэIуех хуэмыщIа жылэ сабийхэм папщIэ еджапIэ. Абы еджакIуэхэм щхьэкIэ къещэху ахэр зыхуей тетрадхэр, зэджэн тхылъхэр Каир кърырегъэх. И еджапIэм папщIэ абы къещэху сабийхэр зытетхыхьын стIол, зытесын шэнтхэр, зыщытхэну доскахэр.
9 августа, 2022 - 13:44
Кърым хъанхэр зэуакIуэ, нэхъ белджылыуэ жыпIэмэ, хъунщIакIуэ къежьэрейуэ зэрыщытам тхыдэр щыгъуазэщ. Шэрджэсымрэ Къэбэрдеймрэ я закъуэтэкъым хъанхэм я гур зыхуэплъыр: Урысейри зы махуэ ягъэтыншакъым абыхэм, Мэзкуу щагъэсаи къэхъуащ.
Дзэшхуэ къришажьэри (мин пщIейм щIигъу), кърым хъан Къаплъэн-Джэрий 1708 гъэм Къэбэрдейм къытеуащ, ар хигуэн, ихъунщIэн мурад ищIауэ, Къаплъэн-Джэрий и зекIуэм и хъыбар куэд къыхэнащ ди тхыдэми IуэрыIуатэми.
8 августа, 2022 - 14:40
Абхъаз къэрал университетым и ректор, профессор, физико-математикэ щIэныгъэхэм я доктор, ЩIэныгъэхэмкIэ Абхъаз академием, ЩIДАА-м я академик Гварамие Алеко илъэс куэд щIауэ псэемыблэжу хуолажьэ къыщалъхуа и хэкум, къызыхэкIа и лъэкъым. Ауэ щыхъукIи зэи зыщигъэгъупщэркъым адыгэхэмрэ абхъазхэмрэ зэрызэкъуэшыр икIи абыхэм я зэпыщIэныгъэр зэригъэбыдэным сыт щыгъуи иужь итщ.
8 августа, 2022 - 14:15
Мы цIэр зезыхьэ къуажэ цIыкIур хы ФIыцIэ Iуфэм Iус ПсыфIыпэ (Лазаревск) къалэ цIыкIум къухьэпIэ-ищхъэрэ лъэныкъуэмкIэ километр 25-кIэ пэжыжьэщ. Абы хъуэпсэгъуэу зыдигъэзэгъащ зэгъэщIылIа Мэкъупс (Макопсе) и тIуащIэм.
7 августа, 2022 - 09:58
Дыщалъхуа щIыналъэм щIыпIэ дахэ куэд иIэщ.
7 августа, 2022 - 07:56
Махуэшхуэр трагъэхуащ иджырей офтальмолог цIэры-Iуэ Фёдоров Святослав къыщалъхуа махуэм.
6 августа, 2022 - 12:51
Дзэ операцэ щхьэхуэ екIуэкIым хэкIуэда зауэлIхэм я къэрал дамыгъэхэр я Iыхьлыхэм Къэбэрдей-Балъкъэрым и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек яритыжащ.
6 августа, 2022 - 11:50
КъБР-р мы гъэм илъэси 100 зэрырикъур КIуэкIуэ Казбек цIыхубэм ягу къигъэкIыжащ.
5 августа, 2022 - 16:00
ЦIыху куэд зыгъэсымаджэхэм щыщщ кIэтIий уз зэрыцIалэхэр. Псалъэм папщIэ, абы хохьэ ныбажэмыжакъуэр, сальмонеллезыр, нэгъуэщIхэри. А узыфэ зэрыцIалэхэр къезыхьэкI микробыр цIыхум и Iэпкълъэпкъым зэрыхыхьэр и жьэмкIэщ икIи абы кIэтIий гъумыр е псыгъуэр «тIысыпIэ ещI» икIи а микробхэр тыншу пхуэгъэкIуэдыркъым. А узыфэхэр къыщоуалIэкIэ уи щхьэр уназэу, уи къэжьын къакIуэу, уи ныбэр узу, уи температурэр дэкIуейуэ мэхъу.
5 августа, 2022 - 14:00
(Си гъащIэм щыщ теплъэгъуэ)
Ди адэр, пцIы къытралъхьэри илъэсипщIкIэ ягъэтIысат. Ди анэм и закъуэ бынитху дипIын хуейуэ дыкъыхуэнат. Зэманыр гугъут, цIыхухэм я ныбэ изу шхэну Iэмал яIэтэкъым. Къэралым игъэува налогри ятын хуейуэ къыпаубыдырти, я щхьэр здахьынур ямыщIэжу къэнат. Губгъуэ лэжьыгъэ хьэлъэр зэрыщыту зи фэ дэкIыр цIыхубзхэрат. Дыгъэр къыщIэмыкI щIыкIэ дэкIхэрти, пшапэр зэхэуауэт я унэ щекIуэлIэжыр.
Страницы
|