|
|
Жылагъуэ
20 апреля, 2023 - 12:00
Вэрокъуэ Владимир и цIэр зезыхьэ Щэнхабзэ фондым иджыблагъэ куржы щэнхабзэм и пшыхь гъэщIэгъуэн щекIуэкIащ. Ар къызэзыгъэпэщари езыгъэкIуэкIари «Риони» куржы лъэпкъ-щэнхабзэ центрырщ.
20 апреля, 2023 - 11:04
Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек лэжьыгъэ IуэхукIэ хуэзащ КъБР-м и Суд Нэхъыщхьэм и унафэщI Багъэтыр Олег. Ахэр тепсэлъыхьащ 2022 гъэм республикэм и суд IуэхущIапIэхэм зэфIагъэкIамрэ гъэзэщIакIуэ къулыкъущIапIэхэмрэ судхэмрэ зэрызэдэлажьэмрэ.
20 апреля, 2023 - 11:00
Абхъаз-адыгэ зэхущытыкIэхэр зэрыбыдэр, зэкъуэшитI я бын хуэдэу лъэпкъитIыр зэрызэбгъэдэтыр зэманым мызэ-мытIэу зэригъэунэхуам дэтхэнэри дыщыгъуазэщ. Псом хуэмыдэу ар ди нэхъыжьхэм я нэгу щIэкIащ I992-I993 гъэхэм, Абхъазым и щхьэхуитыныгъэм щIэзэун хуей щыхъуа илъэсым. Зауэр гузэвэгъуэщи, куэдым абы я щхьэ халъхьащ, Къэбэрдей-Балъкъэрым икIа ди щIалэхэри яхэту. А псор ТекIуэныгъэм щхьэкIэти, захуэм бжьыр иубыдыжащ, Абхъаз щIыналъэ дахэми и щIыхьыр хэутэн ирагъэщIакъым. Нэгъабэ илъэс 30 ирикъуащ ар зэриухрэ.
20 апреля, 2023 - 09:41
ЩыIэщ цIыху и IэщIагъэр фIыуэ илъагъум къыщымынэу, абы езыр къыхуигъэщIауэ, и гуи и пси а Iуэхум етауэ и гъащIэр ирихьэкIыу. Апхуэдэр егъэджакIуэмэ, езым и зэфIэкIхэм щIэблэр щIигъэджыкIмэ, бгъэдэлъ щIэныгъэм къыщIигъэтаджэмэ, и щхьэ Iуэху телажьэм и мызакъуэу, ар лъэпкъми хуэщхьэпэщ, абы и зыужьыныгъэм и гуащIэ ирехьэлIэ. Апхуэдэ егъэджакIуэ щэджащэщ, ущиякIуэ Iущщ Къэшэжхэ япхъу, Лыхьхэ я нысэ Людэ.
20 апреля, 2023 - 09:00
Хэку зауэшхуэм и Iэужьыр мыкIуэдыжын нэпкъыжьэу къадокIуэкI ди цIыхубэм. ЦIыху дапщэ хъыбарыншэу хэкIуэда? ЛIыгъэ зэрахьэу псэ зэпылъхьэпIэм къикIа дапщэм яхуэфащэ къэрал дамыгъэхэр къаIэрымыхьэжу къэна? Бжыгъэншэщ апхуэдэхэр, атIэ сыт и уасэ абыхэм ятеухуа зы хъыбар мащIэри, къэрал дамыгъэхэри, езыхэр дунейм темытыжми, я бынхэм, я къуэрылъху-пхъурылъхухэм къахуэбгъуэтыжыныр.
19 апреля, 2023 - 14:00
Дуней псом гъэшу щызэрахьэм и бжыгъэр тонн мелуан 700-м щхьэдох. Шэм и процент 90-р псыуэ зэхэтщ. Шэм хэлъщ цIыхум и узыншагъэм сэбэп хуэхъу минерал лIэужьыгъуэ 80 хуэдиз.
19 апреля, 2023 - 13:00
КъБР-м щIалэгъуалэм я IуэхухэмкIэ и министр Лу Азэмэт иджыблагъэ Бахъсэн щIыналъэм щыIащ.
19 апреля, 2023 - 11:11
ЦIыхум хьэршыр къызэрихьэхуам уи щхьэр лъагэу уегъэIэт, ар пэжщ. А Iуэхугъуэ дахэм и гугъу сабийм хуэпщIынуи зэи пасэкъым. Сыт и уасэ, Гагарин Юрий ракетэм ису хьэршым зэрылъэтам и гугъу щыхуэпщIкIэ, сабийм ар зэригъэщIагъуэм укIэлъыплъыну!
19 апреля, 2023 - 10:31
Псэущхьэхэм я нэхъ дахэу къалъытэ хьэндырабгъуэхэм гулъытэ щыхуащI мы илъэсым абыхэм ятеухуа къэхутэныгъэ гъэщIэгъуэнхэм иджыри зы ящIыдгъужынщ.
19 апреля, 2023 - 08:30
Зи лэжьыгъэр фIыуэ зылъагъурщ зыпэрыт IэнатIэм сэбэп щыхъуфынур. Ар цIыхум нэхъ лъапIэ дыдэу иIэ узыншагъэм епхамэ, жэуаплыныгъэр куэдкIэ нэхъыбэщи, IэщIагъэр фIыуэ егупсысауэ къыхэхын хуейщ. Апхуэдэ Iуэху бгъэдыхьэкIэщ иIэр Республикэ клиникэ сымаджэщым щхьэ куцIым щызекIуэ лъым и лэжьэкIэр къызэпыудамэ щеIэзэ и къудамэм и дохутыр невролог Уэрсей Иннэ.
Страницы
|