|
|
Жылагъуэ
5 сентября, 2022 - 11:30
(1990 – КПСС-м и Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэ комитетым и Япэ секретарь, 1990-1991 – Къэбэрдей-Балъкъэр АССР-м и Совет Нэхъыщхьэм и УнафэщI, 1992-2005 – КъБР-м и Президент)
4 сентября, 2022 - 10:58
Урысеймрэ Таиландымрэ зэдэлэжьэнущ уасэшхуэ зиIэ, хым къыхах ерыскъыхэр нэхъыбэу зэблэгъэкIынымкIэ. Апхуэдэу зэгурыIуащ УФ-м бдзэжьей гъэхъунымкIэ и федеральнэ IуэхущIапIэмрэ Таиландым бдзэжьей ещэнымкIэ и департаментымрэ я лIыкIуэхэр.
4 сентября, 2022 - 09:48
ЩIэныгъэлIхэр а гупсысэм щыхуэкIуар Maven хьэршыры-кIуэ спутникыу Марсым и хъуреягъыр къэзылъэтыхьым а уафэщIым и щIыIум триха сурэтхэм еплъыжа иужькIэщ.
Мaven (Mars Atmosphere and Volatile EvolutioN) уэгурыкIуэ кхъухьлъатэр - эллиптическэ орбитэм тету, планетэ «плъыжьым» и хъуреягъыр 2014 гъэ лъандэрэ къэзылъэтыхь, абы щхьэщыт хьэуа мащIэм къыщекIуэкIхэр джыным хуэгъэпса Iэмэпсымэ гъуэзэджэщ.
3 сентября, 2022 - 12:32
Бэрбэч ХьэтIутIэ и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым иджыблагъэ цIыхухэм зыщагъэпсэху, я нэгу зыщрагъэужь, уэршэрыпIэ яхуэхъун жыг хадэщIэ къыщызэIуахащ. Абы теухуа зэIущIэм ирырагъэхьэлIащ УФ-м и Президентым Донбассыр хъумэным хуэунэтIауэ иригъэкIуэкI дзэ операцэ хэхар зэрыдаIыгъымкIэ пэкIур.
3 сентября, 2022 - 11:17
Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Къэралыгъуэм и махуэм, илъэси 100 ар зэрырикъум и щIыхькIэ, КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек дамыгъэ лъапIэхэмкIэ игъэпэжащ щIыналъэм и зыужьыныгъэм илъэс куэд хъуауэ хэлIыфIыхь цIыху 50-м нэблагъэ.
3 сентября, 2022 - 09:13
Чёрнэ Речкэ къуажэм щызэрагъэпэщыжа курыт школым (еджакIуэ 420-рэ щIохуэ) и бжэхэр ЩIэныгъэм и махуэм къызэIуахыжащ.
3 сентября, 2022 - 07:11
Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек хэтащ Гундэлэн къуажэм дэт, Доттуев Ахъмэт и цIэр зезыхьэ курыт еджапIэ №1-м гъэ еджэгъуэщIэм ирихьэлIэу къыщызэрагъэпэща гуфIэгъуэ зэIущIэм.
2 сентября, 2022 - 11:41
Бэрбэч ХьэтIутIэ и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым Iуащхьэмахуэ лъапэ щиIэ щIэныгъэ-егъэджэныгъэ комплексым иджыблагъэ «ШыщхьэуIум и ныбжьыщIэхэр-2022» (Августёнок-2022) щIыуэпс зэхуэсыр щекIуэкIащ.
2 сентября, 2022 - 10:03
ЦIыхум и гъащIэм сыт хуэдэ увыпIэ Интернетым щимыубыдами, напэкIуэцIхэм я щхъыщхъ макъым ущIэдэIуу къызэгуэпх тхылъым ар жыжьэуи кIэщIыхьэнукъым, пэжщ, абы щхьэкIэ а тхылъ еджэнми удихьэхыу щытын хуейщ.
- Узыхуей псоми Интернетым ущеджэ мэхъу, - аращ нобэ нэхъыбэрэ зэхэпхыр. Тхылъым и уасэр къызыгурыIуэ цIыхумкIэ нэгу къыщIэгъэхьэгъуейщ Толстой Лев и «Война и мир» IэдакъэщIэкI гъуэзэджэм компьютеркIэ уеджэу ущысыныр, ар хъунщ, литературэми димыхьэхыщэрэ, къэблэгъа сессием псынщIэрыщIэу зыхуэзыгъэхьэзыр студентмэ.
Страницы
|