Жылагъуэ

СыткIэ сэбэп, сыткIэ зэран?

 Бэдж ялъэгъуамэ е къатетIысхьамэ, цIыхухэм я нэхъыбэр мэшынэ, зызэхуашэ, нэхъ псынщIэу зэрызытрадзыжыным, зэрапIытIыным пылъхэщ. А хьэпщхупщыр цIыхухэм я дежкIэ мыIуплъэгъуафIэу, гущыкIыгъуэу къытщыхъуныр къызыхэкIыр абы лъакъуий зэрыщIэтым и мызакъуэу, и щхьэ хуэхъурейр зэредмыгъэкIур, и Iэпкълъэпкъыр мыдахэу зэрыщытрагъэнщ. ИтIанэ, псори дызэрегупсысыр абы щхъухь зэрихьэ хуэдэущ, ущымэхъэшэн хуейуэщ. Ди щIыпIэм щыпсэу бэджхэм уащIыщыщтэн щыIэкъым, абыхэм ущIэшынэн ябгъэдэлъкъым.

И екIэрэхъуэкIыкIэм елъытащ

Карнеги и цIэр зэрихьэу США-м щыIэ ЩIэныгъэхэмкIэ институтым и IэщIагъэлIхэу Фенг Фабо, Батлер Пол сымэ иджыблагъэ хьэршым, Дыгъэм зэрыпэжыжьэ щымыIэу, къыщахутащ абы зыщызыгъазэ пкъыгъуэ абрагъуэхэм ящыщу «Нептун щIыIэ» зыфIащамрэ гъащIэ здэщыIэнкIэ хъуну зыхуагъэфащэ планетэу тIурэ.
Абы папщIэ, астрофизикхэм къагъэсэбэпащ вагъуэ хэха гуэрым, къедза планетэхэм зэрызыщIашэм къыхэкIыу, уахэм къытригъэзэжурэ, и хьэлъагъ елъытауэ, зэрызыщигъазэм тещIыхьа Iэмалыр.

Мыхьэнэшхуэ зиIэ зэIущIэ гуапэ

Къэбэрдей-Балъкъэрым и Парламентым иджыблагъэ щекIуэкIащ къэрал къулыкъущIэхэмрэ «Урысейм и гугъапIэ» урысейпсо цIыхубз жылагъуэ зэгухьэныгъэмрэ я зэIущIэ дахэ.

Жыр баллоныр къыщIежьар

Ди зэманым зэмылIэужьыгъуэ куэду щыIэщ жыр баллон цIыкIухэр: тэмакъ узым и хущхъуэ, бадзэгъалIэ, щхьэцыр зэрагъэцIу ткIуаткIуэ, напэр зэрагъэкъабзэ сабыныпс, дыху иту. Ауэ нэхъапэм щыгъуэ апхуэдэ ткIуаткIуэхэр е хущхъуэ ящI псыхэр зэрызэрахьэ баллонхэр щыIакъым.

Иджыри кIасэкъым

ИлъэсыщIэр къызэрихьэрэ тхьэмахуэ бжыгъэ дэкIа пэтми, пхъэнкIий идзыпIэхэм зеиншафэу хагъэувэжа псей цIыкIухэм уарохьэлIэ. Дауэдапщэхэр зэфIэкIащ, сыту ящIыжын…

Илъэс еплIанэ хъуауэ Къэбэрдей-Балъкъэрыр жыджэру хэтщ «Псей зэIэпах» зыфIаща урысейпсо Iуэхум. Абы ипкъ иту Налшык и щIыпIэ зыбжанэм псейхэр щызэхуахьэс щIыпIэ щхьэхуэхэр къыщызэрагъэпэщащ: Шортэным и уэрамым - зауэм хэкIуэда комсомолецхэм я фэеплъым хуэзэу, Мэлбахъуэм и уэрамым - Налшык и шыгъэжапIэм хуэзэу, Абхъазым я утым, нэгъуэщIхэми.

ЗыхуейхэмкIэ зыщIагъакъуэ

Бахъсэн щIыналъэм щыщу дзэ къулыкъум ираджэжахэм яхэхуа ди щIалэхэм зыхуей-зыхуэфIхэмкIэ зыщIагъа­къуэ. Апхуэдэ дэIэпыкъуныгъэр къызэрагъэпэщащ къуа­жэ­дэс­хэм, еджапIэхэм щIэс­хэм, жылагъуэ зэгухьэ­ны­гъэхэм хэтхэм.

Дахагъыр зэбэкIхэр

«Гранд-Кавказ» хьэщIэщым щагъэлъагъуэ «Палитра» выставкэм хагъэхьащ республикэм и художник цIэры­Iуэхэм я Iэдакъэ къыщIэкIа сурэт тхущIым щIигъу.

«Донбасс-2022»

«Российская газета»-м и дзэ корреспондент Аносов Владимир триха сурэтхэр щагъэлъагъуэ Къэбэрдей-Балъкъэр мэкъу­мэш университетым. «Донбасс-2022» выставкэр къызэ­рагъэпэщащ КъБР-м и про­куратурэмрэ ЩIалэ­гъуа­лэм я IуэхухэмкIэ и ми­нистерствэмрэ я дэIэпы­къуэгъуу.

ЗэрадэIэпыкъум хегъахъуэ

Урысейм и Мэкъумэш банкым и Къэбэрдей-Балъкъэр къудамэм 2022 гъэм хьэрычэт мащIэмрэ курытымкIэ IэнатIэхэм сом мелуан 400-м нэблагъэ яритащ. 

Ди щIэныгъэлIхэм я зэфIэкIыр

Пластикэм щIыуэпсым къыхуихь зэраныгъэмрэ хэщIыныгъэмрэ куэд щIауэ цIыхур топсэлъыхь. Абы куэдкIэ къыкIэрыхуркъым поливинилхлорид пкъыгъуэм къыхах кабель гъэкIуэдыгъуейхэри. 
Иджыблагъэ хъыбар гуапэ къытIэрыхьащ: Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым и щIэныгъэлIхэм къагупсысащ, композит пкъыгъуэщIэ. Ар щIым зэрыщIатIэу, зэман кIэщIым къриубыдэу, микроорганизмхэм я фIыгъэкIэ мэщ.

Страницы

Подписка на RSS - Жылагъуэ