|
|
Жылагъуэ
1 июня, 2023 - 06:00
Къэбэрдей-Балъкъэрым ис цIыхухэм Хэку зауэшхуэмрэ абы и лъэхъэнэмрэ ягъэлъэгъуа хахуагъэмрэ ипэкIэ кIуэтэным халъхьа гуащIэмрэ гъуни-нэзи иIэкъым. Зауэм хэта лIыхъужьхэм къадэкIуэу, тылым щылэжьа цIыху щыпкъэхэм ятеухуа хъыбархэр куэдщ, къуажэдэсхэр зэкъуэувэурэ жылэр къызэрырагъэлам, зэрызыфIагъэувэжам, гъащIэщIэм зэрыхуэкIуам укъыщыджэкIэ гуфIэри, нэпсри зэщIыгъущ. Апхуэдэ зы хъыбар телъыджэщ химие щIэныгъэхэмкIэ доктор Шурдым Барэсбийрэ Шэфий Хьэчим и цIэр зэрихьэу Зеикъуэ къуажэм дэт 2-нэ курыт еджапIэм и лэжьакIуэ Шыбзыхъуэ Марьянэрэ ягъэхьэзырауэ къытхуатхар.
31 мая, 2023 - 15:45
Ди зэманым хадэхэм дызэрилэжьыхь пхъэIэпэр къызытехъукIа Iэмэпсымэр къызэрыунэхурэ куэд щIащ. Тхыдэджхэм хуагъэфащэ ар илъэс мин 12-14-кIэ узэIэбэкIыжмэ, цIыхухэр щэкIуэнымрэ щыпэнымрэ къытекIыу щIым телэжьыхьын щыщIадзам хуэзэу. ЯпэщIыкIэ щIыр ирагъэщабэу яIар зи пэр папцIэ пхъэщ. ИужькIэ цIыхухэр егупсысащ апхуэдэ папцIэ зыбжанэ зэуIумэ нэхъ тыншу узэрырилэжьэфынур. Япэрей пхъэIэпэхэр пхъэрат къызыхэщIыкIар, абы щыгъуэ гъущIыр иджыри ящIэртэкъыми. Ауэ щIэныгъэлIхэм хуагъэфащэ, пхъэIэпэм и пэм мывэ папцIэ е хьэкIэкхъуэкIэ нэхъ пIащэхэм я дзэхэр палъхьэу щытауэ.
31 мая, 2023 - 14:00
Адыгэхэр зекIуэ щежьам деж бийм зэребгъэрыкIуэ, зэрезауэ Iэмал зэмылIэужьыгъуэхэр къагъэсэбэпу щытащ. Шуудзэр сатыритIу иувыкIыу щызэдилъи, дзэщхьищу, «каре» жыхуаIэм хуэдэу, дзэр иувыкIрэ хъума хъун щхьэкIэ, шуудзэр я зэхуаку ириубыдэу щащIи щыIэт. Адыгэ шуудзэр зэуэ зэдилъырти, напIэзыпIэм бий бэлэрыгъам теуэрт. Зылъэгъуахэр щыхьэт зэрытехъуэмкIэ, къикIуэтыжым, аргуэру къаруущIэ зэхуахьэсыжым бийм еуэурэ, шупэхутэр сыхьэт зыбжанэкIэ ебгъэрыкIуэфынут.
31 мая, 2023 - 12:59
Хъан-Джэрий и япэ художественнэ тхыгъэр - «Шэрджэс хъыбархэр» - езыр псэу щIыкIэ 1841 гъэм къыдэкIа «Русский вестник» журналым и тхылъ зэкIэлъыкIуитIым къытехуауэ щытащ.
31 мая, 2023 - 11:00
Щыхьэрышхуэхэмрэ къалэ цIыкIухэмрэ я теплъэхэр егъэфIэкIуэным, хьэщIэ кIуапIэ щIыным, цIыху нэхъыбэ ешэлIэным, ахэр нэгузыужьыпIэу гъэпсыным ехьэлIауэ зэхьэзэхуэ куэд къэралым иужьрей илъэсхэм щрагъэкIуэкI. Нэхъ зэпэщ ящIыну зыщIэхъуэпс, къалэм и цIэр зэпха, тхыдэ Iуэхугъуэхэр зыпыщIа щIыпIэ щхьэхуэхэм щхьэкIэ пэIудзауэ хэхыныгъэхэр ирагъэкIуэкI, къыхэжаныкIахэр я ухуэныгъэкIи, IуплъапIэкIи, зэгъэпэщыкIэкIи ирагъэфIакIуэ, теплъафIэ ящI. Апхуэдэ гукъэкI дахэхэр зи лъабжьэ Iуэхугъуэ куэд Къэбэрдей-Балъкъэрми къыщыхалъхьэ.
31 мая, 2023 - 10:52
Ислъам динми абы ижь зыщIихуа адыгэ хабзэми бзылъхугъэр зэригъафIэм куэд щыгъуазэщ. Щапхъэхэм ди гур къауIэ, жызыIэн къытхэкIыу щытми, «практикэр» зэрыхэплъэгъуэм къикIыркъым «теорием» дагъуэ иIэу. Псори зэлъытыжар щхьэж езым къытехуэр къызэрыгурыIуэрщ. Унагъуэхэр тIасхъэ, зэхущытыкIэхэр махэ щыхъуа мы зэманым ди хъыджэбзхэм чэнджэщ щхьэпэ къыхахыфынущ лIэщIыгъуэ куэд хъуауэ зэIэпах Хьэрис ипхъу Iумамэ и пхъум зэреущия псалъэхэм.
31 мая, 2023 - 10:15
Къэбэрдей-Балъкъэрым и мэкъумэш IуэхущIапIэхэм гъэмахуэ хъупIэхэм пIалъэм тету лэжьэн щыщIадзащ. Гъэ къэси хуэдэу, ахэр къызэIуахащ накъыгъэм и кIэм.
ФокIадэм и 28-м нэсыху абы щылэжьэну Iэщыхъуэхэр сыт и лъэныкъуэкIи зыхуей хуэзэу къызэрагъэпэщащ: сэкъат зыгъуэта гъуэгухэр, ток кIапсэхэмрэ къагъэсэбэпыну электрокъарур къэзыт системэхэмрэ зэрагъэпэщыжащ. Къэбэрдей-Балъкъэрым Ветеринар медицинэмкIэ и центрым хъыбар къызэрыдигъэщIамкIэ, япэ махуэм щыщIэдзауэ Iэщ дохутырхэр я къалэным пэрытщ.
31 мая, 2023 - 10:14
Къэбэрдей-Балъкъэрым и къурш щыгухэм ящыщ зым фIащащ Урысейм ЩIэныгъэ АкадемиехэмкIэ и унафэщIу щыта, академик Фортов Владимир и цIэр.
«Урысей физик, «Хэкум и пащхьэ щиIэ фIыщIэхэм папщIэ» орденыр зыхуагъэфэща, РАН-м и академик Фортов Владимир и цIэр Кавказ щыгум цIэ зимыIэ и жьанэхэм ящыщ зым фIэщын, «Фортов Владимир и цIэр зезыхьэ щыгу» жиIэу, - итщ Урысейм и Премьер-министрым и Iэр зыщIэлъ дэфтэрым.
31 мая, 2023 - 09:55
Урысейм и вице-премьер Голиковэ Татьянэ сабийхэм я гъэмахуэ зыгъэпсэхугъуэм теухуауэ къыщыпсалъэм къыхигъэщащ мы гъэм ди къэралым щIэблэм а зэманым къриубыдэу ядэлэжьэну IуэхущIапIэ мин 39-рэ зэрыщылэжьэнур. Абыхэм къызэщIакъуэнущ сабий мелуани 5,1-рэ.
30 мая, 2023 - 14:13
Популярные блогеры Екатерина и Дмитрий Козловы, а также участники программы «Больше, чем путешествие» отправились в Кабардино-Балкарию, чтобы открыть неочевидные туристические маршруты Кавказа пользователям социальных сетей и платформ VK.
Страницы
|