Жылагъуэ

Лъэпкъым хуэфащэ адыгэлI щыпкъэ

Мы махуэхэм и илъэс 85-р егъэлъапIэ философие щIэныгъэхэмкIэ  доктор,  профессор, академик  Хъурей  Феликс  Ахьмэд и   къуэм.   Абы и цIэр епхащ ди республикэм и егъэджэныгъэ-щIэныгъэ IэнатIэм зыIэригъэхьа ехъулIэныгъэ куэдым. 

Къагупсысами, гъэщIэгъуэнщ

Илъэс 54-рэ ипэкIэ кърахьэкIа хъыбархэм ятетщIыхьмэ, 1969 гъэм бадзэуэгъуэм и 19-м, США-м «Аполлон» зыфIаща и хьэршырызекIуэ кхъуафэр дунейм щыяпэ дыдэу Мазэм щхьэщылъатэри, къыкIэлъыкIуэ махуэм щетIысэхащ. «Нэху» къызэрыщекIыуи, а уафэщI телъыджэм и лъэр щригъэувэхащ цIыхуищым я шуупэ гъуазэ (капитан) Армстронг Нил. Зимыгъэгувэу абы «кIэлъыпхъэращ» кхъуафэр зезыгъакIуэ (пилот) Олдрин Эдвин. ЗэрыжаIэжымкIи, а тIум къыщакIухьыни яхузэфIэкIащ а уафэщIым и гущIыIум. 

Нартыху Iухыжыгъуэм ирихьэлIэу

Гъатхэр уэлбанэрилэу щыщытым нартыху жэпкъыр зышх цIыв цIыкIухэр, бжьэхуц хьэндырабгъуэхэр мэбагъуэ.
ЩIэныгъэлIхэм зэрыжаIэмкIэ, жэпкъышх хьэндырабгъуэхэм я жылэр нартыху тхьэмпэхэм я щIагъым щагъэтIылъ, Iэм къыкIэрыпщIэ шхэпскIэ щIауфэжри, адэкIэ, зыми темышыныхьыжу, хьэпIацIэхэр къыщрашыну пIалъэм поплъэ. Ахэр зэран мэхъу кIэчаныр къыщищIым къыщыщIэдзауэ хъугъуэм нэсыху. Апхуэдэхэм деж нартыхум елэжьыпхъэщ химие инсектицидхэмкIэ.

Адэ-анэхэм я кIэлъыплъыныгъэм щIэтщ

Сыт хуэдэ IэнатIэми зиужьын, ехъулIэныгъэхэр зыIэригъэхьэу щыIэфын папщIэ, абы хэт лъэныкъуэ псоми зэхуэдэу гугъу зрагъэхьын хуейщ, я пщэрылъхэмкIэ жэуап яхьу. Апхуэдэхэм ящыщщ зэхъуэкIыныгъэшхуэхэр сыт щыгъуи щекIуэкI егъэджэныгъэ-гъэсэныгъэ IэнатIэри. Абы щекIуэкI Iуэхугъуэ псоми жыджэру хэтщ егъэджакIуэхэри, еджакIуэ цIыкIухэри, абыхэм я адэ-анэхэри, щхьэж и къалэн яIэжу. 

ЗэхъуэкIыныгъэхэр иджыри йокIуэкI

Магнит губгъуэхэр къыщыукъубейм цIыхухэр зэригъэщхьэжагъуэм псори есэжащ: я щхьэхэр мэуз, я лъыр доуей е къоух.  Ауэ а и гугъу зэращIым хуэдэу шынагъуэу пIэрэ ар?

ЩIэныгъэлI биологхэм зэрыжаIэмкIэ, къуалэбзу лъэтэжхэр я гъуэгуанэм тощхьэрыукI, магнит губгъуэм и къарур нэхъ мащIэ щыхъум и деж.

Дохутыр IэщIагъэм къыхуигъэщIа

 

«Гу щабагъэр IэщIагъэ псоми дэщIыгъун хуейкъым, ауэ ар Iэмал зимыIэщ дохутырым и дежкIэ», - жиIэгъащ франджы тхакIуэ цIэрыIуэ Моруа Андре. Терапевт КъуийцIыкIу Мадинэ абы и лъэныкъуэкIэ щапхъэщ. Ар зэIэзахэм, зыкIэлъыплъ сымаджэхэм зэрыжаIэмкIэ, а бзылъхугъэр зыпэрыт IэщIагъэм къыхуигъэщIащ. «Мадинэ зи IэщIагъэм фIыуэ хэзыщIэкIщ, цIыхугъэшхуэ зыхэлъщ, абы и псалъэм, и плъэкIэм гукъыдэж къыдитыжу апхуэдэщ», - жаIэ абыхэм.

- Мадинэ, уи IэщIагъэр уэ езым къыхэпхыжа хьэмэрэ адэ-анэм я чэнджэщкIэ дохутыр ухъуа?

Музейм зыщрагъэплъыхь

Къэрал кIуэцI IуэхухэмкIэ министерствэу КъБР-м щыIэм и тхыдэ музейм  зыщрагъэплъыхьащ  КъБР-м Егъэджэныгъэмрэ щIэныгъэмкIэ и министерствэм Сабийхэмрэ щIалэгъуалэмрэ я творчествэмкIэ и  уардэунэм Сабийхэр гъуэгу-транспорт фэбжьым хуэгъэпса  и  центрым зыщызыгъэпсэхухэм.    

Гъэмахуэ нэгузыужь

Ди республикэм и щIыналъэхэм пIалъэ лэжьыгъэкIэ къыщызэрагъэпэщ школым къаутIыпща цIыкIухэр.

Генерал-майор Нэхущ Мырзэбэч

Ди лъэпкъым сыт щыгъуи къыдокIуэкI зэрыгушхуэ, и пщIэр зыIэт цIыху телъыджэхэр. Хэку зауэшхуэм жыджэру хэтахэм, зи къалэныр хьэлэлу зыгъэзэщIахэм, ди лъэпкъым и тхыдэм зи цIэ-унэцIэр дыщэ хьэрфхэмкIэ хатхахэм ящыщщ Нэхущ Мырзэбэч (Борис) Мэрем и къуэр. Ар къызэралъхурэ илъэси 100 ирокъу.

Гупсысэр зыунэтI къару лъэщ

ХъыбарегъащIэ IэнатIэхэр ди гъащIэм увыпIэшхуэ щызыубыд, жылагъуэм гупсысэр щызыунэтI, Iуэхугъуэ хэхахэр зэрыпхагъэкI Iэмэпсымэ лъэщщ. Зэманым зэрызихъуэжымрэ гъащIэм зэрызиужьымрэ елъытауэ IэнатIэм къыпэщылъ къалэнхэри нэгъуэщI мэхъу: абыхэм къахохъуэ, зэрызэбгъэхъулIэфыну мардэхэми теплъэщIэрэ купщIэщIэрэ ягъуэт. Куэд мэхъу иджырей хъыбарегъащIэ Iэмэпсымэхэр. Апхуэдэу щытми, дэтхэнэми езым и ухуэкIэрэ Iуэху зегъэкIуэкIэрэ иIэжщ.

Страницы

Подписка на RSS - Жылагъуэ