Жылагъуэ

Набдзэгубдзаплъэу кIэлъоплъ

Урысейм и ФСИН-м и Управленэу КъБР-м щыIэм и къудамэхэм лэжьыгъэшхуэ щокIуэкI тутнакъэщхэм телефонхэр дамыхьэным, ахэр къамыгъэсэбэпыным хуэгъэзауэ.

Жып телефонхэри абы пащIэ нэгъуэщI Iэмэпсымэхэри къагъэсэбэпу хьэгъэщагъэхэр ямылэжьынми, банк картэхэм ахъшэ къыщрадыгъукI къэмыгъэхъунми набдзэгубдзаплъэу кIэлъоплъ. Къэбгъэлъагъуэмэ, 202I гъэми мы илъэсыр къызэрихьэрэ екIуэкIа зэманми апхуэдэ хабзэншагъэхэр щалэжьакъым хабзэм ебэкъуахэм суд унафэкIэ тралъхьа тезырхэр щрагъэпшыныж щIыпIэхэу Управленэм къегъэщIылахэм.

 

 

Жыгхэр цIэрыIуэ щIэхъур

Литературэм, макъамэм, кином, сурэтым я фIыгъэкIэ Iэджи цIэрыIуэ мэхъу. Iэмал имыIэуи щыткъым ахэр мыцIыхункIэ. Жыгхэр, псалъэм и хьэтыркIэ! Жыгхэр сурэту ящI, усэ тратхыхь, журналхэм иратхэ, и жьауапIэм зыщагъэпсэху! Егъэлеяуэ цIэрыIуэ хъуа жыгхэр щыIэщ.

Псэм и къулеягъэм хэзыщIыкI

Къэбэрдей-Балъкъэрыр илъэси I00 зэрырикъур мы гъэм зэрагъэлъэпIэнум Iуэхугъуэ куэд траухуэ. Абыхэм яхиубыдэу, щIыналъэр зэфIэувэным, и экономикэмрэ щэнхабзэмрэ зегъэужьыным хэлъхьэныгъэ хуэзыщIахэр щIэх-щIэхыурэ дигу къыдогъэкIыж. Абыхэм ящыщщ жылагъуэ, политикэ лэжьакIуэ цIэрыIуэ, Хэку зауэшхуэм и ветеран ШэджыхьэщIэ Мухьэмэд. 

Къэбэрдей-Балъкъэрыр наркотик щызрамыхьэлIэ щIыналъэ щIын

Мэлбахъуэ Т. Къу. и цIэр зезыхьэ къэрал лъэпкъ библиотекэм иджыблагъэ щекIуэкIащ «Къэбэрдей-Балъкъэрыр наркотик щызрамыхьэлIэ щIыналъэ щIын» республикэ акцэм хыхьэ зэIущIэ щхьэпэ. Абы ирагъэблэгъат Бэрбэч Хь. М. и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым и медицинэ колледжым щIэсхэмрэ егъэджакIуэхэмрэ.

Автомобиль зекIуапIэхэр щрагъэфIакIуэу

«ГъуэгуфI шынагъуэншэхэр» лъэпкъ проектым тету ирагъэ­кIуэкI лэжьыгъэхэм Къэбэрдей-Балъкъэрым щыпащэ. Республикэм и район псоми щIыналъэ мыхьэнэ зиIэ гъуэгухэр къыщагъэщIэрэщIэж.

Япэ хэгъуэр яублэ

Ди республикэм и мэкъумэш IуэхущIапIэхэм япэ хэгъуэр ­зэхаублащ.

IэщэкIэ ЗэщIэузэда Къарухэм я чемпион

Къэзахъстаным и Алматы къалэм щекIуэкIащ Къэрал Щхьэ­хуитхэм я Зэныбжьэгъугъэм (СНГ) хыхьэхэм я ещанэ дзэ-спорт джэгухэр. Абы армэ IэпщэрызауэмкIэ дыщэ медалыр къы­щихьащ ди лъахэгъу Хьэсанэ Мурат.

Арджэнхэр Москва щагъэлъагъуэ

Москва щыIэм XXI лIэщIы­гъуэм и галереем бадзэуэгъуэм и 7-м къыщызэIуаха «Другой тек­стиль: другой текст/другой ­стиль» выставкэм хагъэхьащ УФ-м и СурэтыщIхэм я зэгу­хьэныгъэм хэт ди хэкуэгъу Iэп­щIэлъапщIэ, пасэрей лъэпкъ IэщIагъэм и хъумакIуэ, ар-джэнхэр къэзыгъэщIэрэщIэж Мэзло Руслан и лэжьыгъэхэр.

ХъуэпсапIэхэр си лъэпкъым епхащ

ЗэрытщIэщи, лъэпкъым къы­дэгъуэгурыкIуэ IэщIагъэхэр ­нэхъ зи пщэрылъу щытар цIыхубзырщ. Унагъуэм къихъуа хъыджэбзыр зыхуамыгъасэ, зыхуамыгъэIущ щыIэу щытакъым. Адыгэ унагъуэм къихъуа цIыхупсэр IэфIу пщафIэрт, дзапэ уэрэдкIи ­благъэхэр игъэгуфIэрт, мэлэчыпхъухэм я хъарыби зэIуищэрт. ЗыхуэмыIэзэ щымыIэу къагъэхъу дахэр и чэзум щынэсым езым бгъэдэлъ фIымкIэ гуашэрт. Нобэ си псэлъэгъу хъыджэбзыр и зэфIэкIкIэ, и Iуэху зехьэкIэкIэ «Адыгэ ­псалъэ» газетым и щIэджыкIакIуэхэм къыддогуашэ. Ар Щоджэн Лианэ Арсен и пхъурщ. Малкэ  къуажэм къыщалъхуа пщащэм и цIэр фIыкIэ жыжьэ Iуащ.

ХъыбарегъащIэ IэнатIэм и зэфIэкIхэр къагъэсэбэпу

Дыгъуасэ ди республикэм къыщызэIуахащ «Си щIыналъэ» («Моя провинция») урысей прессэм и ХVI фестивалыр. ХьэщIэхэр зи щIасэ ди къалащхьэм абы хэтыну къеблэгъащ Урысей Федерацэм и щIыпIэ зэмылIэужьыгъуэ куэдым къикIа журналист 60-м щIигъу.

Страницы

Подписка на RSS - Жылагъуэ